НАРТАРХЭР адыгэ фэнтези
511 subscribers
88 photos
51 videos
1 file
24 links
Япэ адыгэ фэнтези. «Уэсрэ Нэсрэ» «Мыващхъуэ» «Къэшэн»
Download Telegram
Forwarded from Pro адыгэбзэ (БищIо Асият)
Дыгъуасэ сыщыӏащ Къаныкъуэ Заринэ и «Нартархэр. Уэсрэ Нэсрэ" тхылъым и лъэтеувэм.

ТхакIуэм тхылъыр утыку кърихьа нэужь, пшыхьым и хьэщӏэхэм яжриӏащ я гупсысэхэмкӏэ зэдэгуэшэну. Хуабжьу гуапэт икӏи гъэщӏэгъуэнт утыку къихьэ дэтхэнэми уедэӏуэну. Уэршэрым хэту куэд тепсэлъыхьащ фэнтези жанрым, благъуэхэм, нарт эпосым, нэгъуэщIхэми.

Къэӏуа псалъэ гуэрхэм мыпхуэдэ гупсысэм сытрашащ: къытхэтщ цӏыху гуп благъуэм ещхьу, ди щӏэиным зытраубгъуауэ телъу. Абыхэм хьэдэгъуэдахэу къалъытэ макъамэми, литературэми, щыгъынми, нэгъуэщӏхэми щIэуэ зыгуэр хэплъхьэныр, зэхъуэкIыныгъэ гуэр хэплъхьэныр.

Арщхьэкӏэ, сэ сызэреплъымкӏэ, щӏэиныр хъумэн къудей мыхъуу, зегъэужьын хуейщ.

Аращ, сэ къызэрысщыхъумкӏэ, Заринэ ехъулӏэныгъэ иӏэу зэлэжьыр.

Къэзанокъуэ Жэбагъы зэрыжиӏауэ,
Зэманым декӏур лIыфIщ.

Фэнтези жанрым ди бзэм дежкӏэ хэкӏыпӏэшхуэхэр иӏэщ, нэгъуэщӏ мыхъуми, щӏэджыкӏакӏуэ ныбжьыщӏэ нэхъыбэ къызэрыришэлӏэфынумкIэ.

Аращи Заринэ Тхьэм уригъэфIакIуэ!
👍72🔥1
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
«Уэсрэ Нэсрэ» Налшык и курыкупсэм.
Ку
Купщӏэ
Пщӏэ
Щӏагъуэ
Игъуэ

видеор Ленэ трихри зэхилъхьащ.
👏32
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Вести КБР-м ягъэлъэгъуам щыщ.
«Уэсрэ Нэсрэ» тхылъым етщӏэкӏа пшыхьым теухуауэ.
6👏1
Forwarded from Больше книг 💭 (...)
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
💭🕊Певучий героический, текст в оригинале напоминает язык эпоса и это не удивительно, автор писала книгу «Уэс и Нэс» под сильным впечатлением от языка Нартов. Те, кто читал, скажут - это не ретейлинг - это самостоятельный и фантазийный мир, созданный писательским мастерством. В Нальчике представили первую в истории кабардинской литературы фэнтези-трилогию «Нартары» Зарины Кануковой.

P.s. Покорило выступление профессора - Людмилы Шауцуковой. Ее выступление хочу озаглавить: "Гедонизм не для нас"😁
5👏3
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым гуманитар, социально - экономикэ дерсхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор ЩауэцIыкIу Людмилэ итха «Постмодернистская полифония Зарины Кануковой» щIэныгъэ тхыгъэм и гугъу щищIащ «Уэсрэ Нэсрэ».

- «Уэсрэ Нэсрэ» жанрыщIэкIэ гъэпсащ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къэунэхури, абы зыщIишащ нэгъуэщI жанр лIэужьыгъуэхэм я хьэл – щэнхэм щыщи, я лъэщагъ гуэрхэри. Фантастикэр, детективыр, мелодрамэр, философие тхыгъэр, диныр къызыхэщ прозэр, тхыдэ романыр фэнтэзи жанрым и хамэкъым. Адыгэхэм мэгъугъэмрэ удыгъэмрэ хуаIэ еплъыкIэм фэнтэзи тхыгъэр нэхъри щIэщыгъуэ щIэхъукIащ, Заринэ ар екIуу къигъэIэрыхуати. Куэдым мэгъугъэр нэщэнэ щхьэхуэхэм ирапх. Адыгэ дунейм укIэлъыплъмэ, гу лъыботэ, мэгъугъэр, IуэрыIуатэр, телъыджэр цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ, и гупсысэм хэт, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм теухуауэ зэрыгъуазэ гуэру къазэрыдекIуэкIым. ЦIыхум и псэр псыхьа хъунымкIэ абы фIагъ хэлъу къысщохъу. Абы и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, Къаныкъуэ Заринэ Уэсрэ Нэсрэ ятриухуа и тхыгъэр къехъулIащ. IуэрыIуатэм къыхэIукI хуэдэу къытщыхъу «уи псэм утемылажьэ» псалъэхэм яподжэф. Адыгэм и псэр игъэтыншыркъым, адыгэм и псэр гуапэ ещI. ТетIысхьэпIэ лъахъшэ цIыкIухэр зыбгъэдэт Iэнэ лъакъуищым пэрысу шыгъу – пIастэ зыIуагъахуэрти адыгэхэм! Фи мыгугъэ адыгэлIхэм Iэнэ лъагэхэр е шэнтиуэ щабэхэр яхуэщIыну щымытауэ – аракъым щхьэусыгъуэр. Мыбы щIэлъ гупсысэр куэдкIэ нэхъ щIагъуэщ – апхуэдэ Iэнэ лъахъшэм кIыхьлIыхьу упэрысыфынукъым, урикъуу укъыпэрикъэжынуи Iэмал уиIэнукъым. Сыт хуэдэ ныбжьым итми адыгэм лы лей кIэрылътэкъым, и плIэр ухуат. Мыпхуэдэ щапхъэхэр ди лъэпкъ щэнхабзээм куэд дыдэу хэтщ.
👏4
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
«Уэсрэ Нэсрэ» тхылъыр ди КъБКъУ - м и библиотекэм естащ.
Нобэ тхылъ тыгъэу щат махуэщ.
👏6
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
🔥 🔥 🔥 🔥 🔥 🔥 🔥 🔥

💚💚 💚💚💚
💚💚💚💚💚💚💚
💚💚💚💚💚

💚💚💚💚💚💚💚💚💚
💚💚💚💚💚💚💚

в Исламейской модельной библиотеке состоится встреча с поэтом ,писателем
💚💚💚💚💚💚💚
💚💚💚💚💚💚💚💚💚

«IУАЩХЬЭМАХУЭ,
МАХУЭГЪЭПС»


РОМАНЫМ ТЕУХУЭ УЭРШЭР

Приглашаем всех желающих!
Please open Telegram to view this post
VIEW IN TELEGRAM
👏5🔥2
Фи махуэ фIыуэ!
Си гугъэмкIэ, "Уэсрэ Нэсрэ" хэт псалъэ нэхъ гугъухэр (нэхъ мащIэрэ дызрихьэлIэхэр) псалъалъэ тщIымэ, куэдым ягу зэгъэнущ.
Иужь сихьэнщ.
Ауэ сыт сщIэнур, схуэщIэнур, тхуэщIэнур, "благъуэ" псалъэм къикIыр зымыщIэ сабий, ныбжьыщIэ адыгэ къуажэ дыщрихьэлIэмэ?
Сабийм адыгэбзэкIэ псысэ зэхахыжыркъым.
Нартхэм зыри къахуеджэркъым.
Псысэм щIамыпIыкIам адыгэбзэм и IэфIыр ищIэну? ..
👏62🔥2👍1
ТхьэмахуитI щIигъуауэ сыкъэтхакъым мыбдеж. Хэт и фIэщ хъун зы махуэ дэзмыгъэхуауэ "Нартархэм" селэжьу?
Ноби абы хэтыжу.
👏5
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Адыгэбзэмрэ тхыбзэмрэ и махуэм ирихьэлIэу Дзэлыкъуэкъуажэ зэхыхьэ щытщIащ. «Нартархэми» дытепсэлъыхьащ. ГъэщIэгъуэнт тхылъым еджахэми, емыджахэми я упщIэхэр.
Ассанэ жиIаращ: «Благъуэм ират пщащэхэр къезыгъэлын апхуэдиз нарт лIыхъужьхэм къахэмыкIауэ ара?»
КъахэкIатэкъым, аращ сэри згъэщIэгъуар! «Уэсрэ Нэсрэ» тхылъым щIэдзапIэ хуэхъуар аращ!
3👏3
Пщэдей цlыкlунитlэхэм сахуозэ. Етlуанэ классым щӏэсхэм. Благъуэхэм я гугъу тщӏын?
Anonymous Poll
7%
Хьэуэ. Шынэнухэщ.
93%
Хъунущ, сыт щӏэмыхъунур?
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Благъуэр яцIыхутэкъым, усэ зэхэтлъхьащ.
Дыгулыбгъуей. 19.03.2026 гъ.
👏32👍1
Бэтит Мухьэмэд

Мэлыжьыхь мазэм теухуауэ
 
Мы мазэм хуэдэу хуэзэу фIаща фIэщыгъэцIэ куэд щыIэкъым, щыIэми абы ящыщ зыщ. ЗэрытщIэщи,гъатхэр псэущхьэу щIым тетым къатохьэлъэ, ипэхэм деж  дунейм и зыхъуэжыгъуэщ. Гъатхэпэ (март) мазэр егъэлеяуэ мазэ кIыхьщ, хьэлъэщ. Адыгэм игъащIэм Iэщ зэрахуэ, шы, IэщIэвыщIэ, жэм, мэл, бжэн… ЩIымахуэм пэщIэта Iэщым и къарур кIуэщIауэ, къарууншэ хъуауэ хуозэ. Ар псэущхьэ псоми  зэхащIэ, псоми  ящыщ щихь (щыхэлIыкI) щыIэщ,  ауэ псом нэхърэ мэлым нэхъ зэхещIэ. Япэрауэ, адыгэ мэлыр илъэсым тIо къащ: щIымахуэм зыхуигъэхьэзыру зэригъэпэща цы хуабэр трагъэкI. Адыгэ мэлыр игъащIэм чэт щIагъэт, бэгу мыхъун щхьэкIэ къащ, абы имызакъуэу, щыгъыным я нэхъыфIыр къызыхащIыкIыр бжьыхьэцырщ.  ЩIымахуэм чэтым щIэтыху къытекIэж цыр куэдкIэ нэхъ цIырхъщ икIи нэхъ щабэщ, аращи щIымахуэр ирихауэ, къарууншэу гъатхэпэ мазэ гугъужьри ирелъэфэкI, мэлхьэпIатIэм зэщIищтауэ.  Илъ хьэпIатIэм зэрырифым нэмыщIыжкIэ, и тхьэмбылым йоуэ. ХьэпIатIэмрэ гъатхэ щIыIэмрэ мэлыжь къарууншэр тхьэмбылейи мэхъу, гъатхэ дыгъэм къегъапцIэри и пкъыр егъэлалэ, удзыщIэ къэкIам холъадэри абыйкI зэщIех. Удз цIыкI ущыIэщ хужьу гъагъэу, шынэ-шынэ удзым ещхьу,мэлыжьыхь мазэм ипщI и пщыкIутхухэм куэду къытырекIутэ ар. Мэлыжь  гужьеям ешхри абы егъэбэг, аIуейми аращ къарищIэр.  Апхуэдэхьэзабым хэт амыщыр уэшх щIыIэм псыф мэхъу,жьы щIыIэ къыщIехужри, мэл жьы хъуа къарууншэр апхуэдизым къелкъым. Бжэнри апхудабзэщ, ауэ бжэныр къожьыфри, емызэгъын ишхамэ къежьыжыф, арщхьэкIэ а Iуэхугъуэм ари къыщемыл щыIэщ.  Аращи, мэлыжь дзэ зыIуымытыжым зыхуей удзыр къыхуимычмэ, удз щабэ къыдэжеяр емызэгъмэ, абы къедбжэкIа къомыр хэтыжмэ аращ мэлыжьыхькIэ мазэм щIеджэр.
Ауэ щыхъукIи мэлыжь псори ирищIыкIкъым, къару  нэхъ зиIэ, мэлхьэпIатIэм имыбла, тхьэмбылей мыхъуахэр къызэтонэ. Апхуэдиз зыкIэлъымыкIуагъэр къеуэмэ мэл нэхъ щIалэIуэри егъэджалэ. А псори щекIуэкIыр мы зымазэращ, адкIэ хуабэмрэ удзымрэ къару къыщIохьэри сыт хуэдэми яIуэтэж, нэхъ зэтоувэж.
Мы мазэм вабдзэр щIым щыхыхьэ жыхуиIэ IуэхугъуэфIри щаIэту, щагъэлъапIэу щытауэ ди нэхъыжьыфIхэм къаIуатэ. ГъатхэфI, гъалъхуэфI,гъэбэв гъэ узыншэ Тхьэм тхуищI.
 
Жэнхъуэтекъуэ къуажэ.
👏53🔥2
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
***
Уадыгэну нобэ гугъу?
Уадыгэныр нобэ лIыгъэщ.
УщызыгъэIэ Тхьэм и тыгъэу
Къоушри дыгъэр, напэр пIыгъщ…

Зы гугъэ нэхукIэ дэшэсыкI,
ХьэрэмэIуащхьэ къуита пIалъэр
Узыхалъхуа лIэщlыгъуэм налъэу
ЩигъэлъэлъэжкIэ, уэри пыкI!

Пычыгъуэр гуауэкIэ зыпсыхь
Адэжь яукIахэм я гукъанэм,
КъекIэрэхъуэкIмэ архъуанэу,
Ехыжи пщIэ, зумыщI и тыхь…

ИджыкIэ куэдым замыщIэж.
Къоунэхури щIэблэ, аргуэрыжьу
И щIагъкIи, и щхьэкIи хамыбжэ –
Ар дызыхэту дызыхьэжщ.

Уадыгэным къокIыр куэд.
Къэзыхутам адыгэм и пIэр,
ЗыхэзыщIам адыгэм и пщIэр
И гугъэр зэи фIэмыкIуэд…
А гугъэм ди щхьэр дегъэӏэт!

Къаныкъуэ Заринэ
❤‍🔥22👍2🔥2👏1
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Нобэ «жьы зыщlедгъэхуащ» тхылъхэмрэ сэрэ. «Нартархэм» лъагъуэ яхухэсшауэ собж. Фыщытесшэфынур Тхьэм ещӏэ, ауэ псори ӏупщӏу си нэгу къыщӏоувэ!
#креативныйЭльбрус
1👍1🔥1
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Нэужьыдзэ

Щlыпӏэцӏэщ мыр. Ауэ тхыгъэм зэрыхэтымкӏэ ныуэжь / фызыжьхэр зэгухьэу къызэрагъэпэща дзэщ. Зэрыстхри «ныуэжьыдзэ» жиӏэущ.

Дзэ - зубы
Дзэ - войско

«Нартархэр» тхылъым и япэ ӏыхьэм еджахэм ящӏэ ныужьыдзэр къыздикӏар, я псэупӏэр. Иджы мис псоми фолъагъу. Дэнэ щӏыпӏэ щыӏэу фщӏэрэ мы лъагапӏэр? Ныуэжьыдзэр къэзгупсысащ, щӏыпӏэ хьэзырыххэу щыӏэм «дэзгъэтӏысхьащ».

#адыгэбзэкӏэфэнтези
1👏1