This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
щыблэ къыдэуатэм...
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
псалъэ хуейкъым гурыщ1э къэбгъэлъэгъуэн щхьа
❤4
Forwarded from Djarez Club
Дыгъэр къепсщ, псым хэпсэри псэр къэхъуащ. (Адыгэ жыIэгъуэжьщ)
ХаБзэ, Дыгъэ, хъуагъэ, гъащIэ, псэ, бзэ, гупсысэ, псалъэ…
Мы гъэ дызэрыхьам "Djarez" гупым Iуэху зыщытщIыжри IэнатIэу дыпэрыхьащ ди щIэныгъэр зэрыпэлъэщкIэ псэущхьэ пкъынэлынэр дгъэнахуэурэ дыубзыхуну. Абы къызэщIиубыдэнущ псэущхьэхэм я лъапсэкIэ, къуэпскIэ, нэгъуэщIхэмкIи зэщхьэщыхауэ, зэтемыхуэу къызэрекIуэкIымрэ щылъху зэхуэмыдэхэм къахэкIыж псэущхьэ пкъынэлынэ фIэщыгъэхэмрэ.
АдэкIэ, уеплъмэ - зэхэщIыкIыгъуэ, уеджэмэ - гурыIуэгъуэ хъун папщIэ тхъарэ тхъыгъэм тетхэжауэ фи пащхьэ къитлъхьэнущ псэм и къежьапIэм щиублэу зэрызэщхьэщыкIыр (Taxonomic rank): зыр зым къытепщIыкIым къыпкъырыкIыурэ и теплъэкIи и зэхэлъыкIэкIи зихъуэжрэ гъэ мелуан бжыгъэкIэ зиублэщIыжурэ къызэрекIуэкIыр.
Иджы бзэм хуегъэзэкIауэ зы псалъэкIэ:
ЦIыхум и Iэр, и щхьэр, и Iэпкълъэпкъыр, и бзэр зэрыIыгъыу, зэдэхъу-зэдэщIу, кIуэ пэтми зиужьу, и Iуэху щIэкIэми хэхъуэрэ иригъэфIакIуэу къэгъуэгурыкIуащ. АтIэ, бзэм зиубгъурэ хэхъуэ зэпыту щекIуэкIкIэ псалъэщIи хуэныкъуэ мэхъу. Апхуэдэм деж бзэм хабзэ иIэщ хэмытыж, IэщIэгъупщыкIа псалъэхэр къищтэжу, и бзэхабзэр имыкъутэу псалъэщIэхэр къигъэхъуу, хуэныкъуапэ хъумэ, хамэбзэ псалъэхэри къыригъэкIуу. Дэри къызэрыдэхъулIэкIэ адыгэбзэм и хабзэм димыкIыу, дытету дызэрылэжьэным дыхэтащ.
Бзэм зимыужьмэ, и пIэм йобэмпIыхь, псалъэхэр мэулъий… Ди гуапэ зэрыхъунщи, дэ ди бзэр мэлажьэ икIи зеужь.
#Djrz_Псэущхьэ