Forwarded from Djarez Club
Ди лъэпкъэгъухэ, етӏэнэгъэ пӏалъэ фӏыкӏэ фыныс!
Нобэ гъэм ипэ махуэщ, шэджагъуэ нэужьым (21.03-м, сыхьэтыр 12 нэужьым) адыгэ гъэрыгъэпсымкӏэ гъэрэ щӏырэ зэхэкӏащ. Гъэр текӏуащ, уэгур зэщӏопсэ, щӏыгур мэбауэ.
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ, лъэпкъыщхьэкӏэ дыбагъуэу, цӏыхущхьэкӏэ дыхэхъуэу, мэшрэ гъэшрэ дыщымыщӏэу, ди щӏэблэр узыншэрэ щӏэныгъэм хуэпабгъэу дыщыӏэну долъаӏуэ, дохъуахъуэ!

❤7⚡3
Forwarded from CHAPSH
Нобэ хуэдэ зы махуэщ адыгэр щыхъуахъуэр. Иджырейм зыхэдмыщӏэми, хуэфащэу зыгъэлъэпӏэжын Тхьэм дищӏ.
ӏусрэ псырэ,
нэхурэ хуабэрэ щымыщӏэу щӏымахуэр изыхар мэгуфӏэр, мэхъуапсэри лъхуэн-пӏэным
хъун-щӏэным зыхуегъэпс.
Щӏымахуэ ди хьэщӏэу
Гъатхэр тхуэигъуэу,
Гъэмахуэр ди щӏэщыгъуэу,
Бжьыхьэр тхуэбэву,
Махуэмрэ Жэщымрэ здэджэгуу,
Дыгъэмрэ Мазэмрэ здэуджу.
Жьымрэ щӏэмрэ здэубзэу,
Хъугъэмрэ Бзыгъэмрэ зэрыщӏэу гъэр езыхьэкӏын Тхьэм дищӏ!

❤9