djeguako
659 subscribers
573 photos
186 videos
16 files
85 links
Download Telegram
Телъхьэ Iэщэр дамэм,
Еуэ уи шым, шууей.
92
161
Адыгэ-Абазэ шу гуп
104
Дунейм зы лъэпкъ теткъым и хабзэр фIэIеижу
Лъэпкъым и псэукIэр и хабзэ зыхуэдэр къэпщIэн щхьэкIэ а хабзэр Iейщ/фIыщ жыпIэн ипэ пщIэн хуейщ
М. Сэрэбий
9
82
Щыlари, щыlэри, щыlэнури Зыщ. Псори Зыщ, псори Хыщ. Хым и бзэр зыбзэщ, Хым и бзэр Хабзэщ.

Зыр – Тхьэщ. Зыгъэр – Тхьэгъэщ. Тхьэр зым и щхьэщ. Хьэм и щхьэкlэ къытетщ.

Псори псэущ, псори псэщ.

Зыр загъэри зырыз хъуащ. Зыр щымыlэм, зырикl щыlэнукъым. Зыр зэрощэщ, зеужь, зеубгъу.

Тхьэр зыщ. Зыр Тхьэщ. Зыгъэр Тхьэгъэщ.

Тыхьыр зызейр Тхьэщ. Тыгъэр зызейр Тхьэщ. Псори къызыбгъэдэкlыри, зыбгъэдыхьэжри Тхьэщ.

Тхьэр гуащlэщ. Псори гуащlэщ. Гъащlэр гуащlэщ. Зыри гуащlэщ. Щlыри гуащlэщ, Гъэри гуащlэщ.

Щlы гуащlэ къопщlыпщl щlыналъэу. Гъэ гуащlэр мэгъагъэ дыгъэу.

Щlы гуащlэм и щlыпlэщ щlыналъэр, Гъэ гуащlэм и гъэтlылъыпlэщ дыгъэр.

Псори зыщ. Зыр зэрыщэщми зыуэ къонэж. Зыр зэмызэгъмэ зауэщ. Зыгъэр щыlэм псори зыщи, зозэгъ, зэдолажьэ, зыдоудж, зыдоужь.

Гъэмрэ щlымрэ зыдоуджри гъащlэр къоунэху.

Псори гуащlэщ. Псыри гуащlэщ. Псыр гъымрэ щlымрэ я хэлъщ, я хьэлщ.

Дыгъэр магъ, къопс, мэпс, мэупсэ, мэпсысэ. Дыгъэр хуабапlэщ, хуабагъэщ, мафlэ жылэщ.

Щlым и псэр псыщ, щlыр мэпсэу, мэпсалъэр, псы жылэр щlырщ. Щlыр псыфщ, щlыlапlэщ.

Щlыр и щlэдзапlэм мыджэмыпцlэт, иужькlэ зэпцlащ, щlэбыдащ.

Мафlэ жылэр гъэм и пщыгъэщ, гъэмахуэр абы и пlалъэщ.

Псы жылэр щlым и пщыгъэщ, щlымахуэр абы и пlалъэщ.

Щlым псыр къыщоуш, къыщоу.

Дыгъэр къепсрэ псым хэпсэм псэр абы къыщохъу. Мафlэ жылэмрэ псы жылэмрэ щызыдэуджым, псэур абы къыхокl.

Псэм гъащlэ иlэщ. Псом псэукlэ, щытыкlэ, зэхущытыкlэ яlэщ.

Псори Зыщ, псори Хыщ. Псом и бзэр зыбзэщ, псом и бзэр Хабзэщ. Псори тыхьщ, псори тыгъэщ. Псом и къежьапlэр Тхьэщ. Псом и бзэр Хабзэщ. Хабзэр Тхьэбзэщ.

Тхьэр зыщ, Зыр къежьапlэщ, зыр щlэдзапэщ. Щlэдзапlэр хъыщ, хъеипlэщ.

Зыр мэыунэтlри тlу къохъу.

Зэрощэщри щы мэхъу, щыз мэхъу, щыгъэ мэхъу.

Щыгъэм щыгъуазэныр лlыгъэщ. Щыгъэм къыкlэлъыкlуэр плlыгъэщ.

Плlыр мэухуэ, хур мэхуабэ, бэр мэутхъуэ, хъур мэуащхъуэ, щхъуэр мэлъабжьэ, жьыр мэужьыр, мэжыр. Плlыкlэ ухуар тху мэхъу.

Тхур мэхасэ, мэмахэ, хы мэхъу. Псори хыщ. Тхури хыщ. Хым псори къызэщlеубыдэ.

Хыкlэ ублар мэбланэ, мэблагъэ, блы мэхъу.

Блыкlэ щlыгур щызэуlум, адэкlэ хэхъуэр докlей, доуей, йы къохъу.

Жар джыжыным папщlэ, йым гъунэ къыпоувэ, бгъу мэхъу.

Щlыр къэщlа-къэунэхуащ, пщlыр щlэныгъэ хъупхъэщ.

Зыр къызэрыунэхуам зырикlыр къызэlуихащ, пщlыри щlэныгъэ ищlащ.

Щlэныгъэр цlыхум и пщlэнтэпсщ, и къэлэнщ. Джыныр зыужьыныгъэщ, хэхъуагъэщ.

Зыгъэм хуэлажьэ псор мэзагъэж, зыгъэм егъэзэж.
10
"Адыгэм зэрыадыгэр ягу къыщыкӀыжыр КъардэнгъущӀ Зырамыку уэрэд щыжиӀэм дежщ."

"Бэлэ и дыху сэбын"
Нало Заур
9
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Беслъэней Шамиль
1612
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Апхуд Руслан мэлъапэрысэ
14
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Мыхьэмэт и шэхэх уэрэд
105
Forwarded from Djarez Club
Ди лъэпкъэгъухэ, етӏэнэгъэ пӏалъэ фӏыкӏэ фыныс!

Нобэ гъэм ипэ махуэщ, шэджагъуэ нэужьым (21.03-м, сыхьэтыр 12 нэужьым) адыгэ гъэрыгъэпсымкӏэ гъэрэ щӏырэ зэхэкӏащ. Гъэр текӏуащ, уэгур зэщӏопсэ, щӏыгур мэбауэ.

Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ, лъэпкъыщхьэкӏэ дыбагъуэу, цӏыхущхьэкӏэ дыхэхъуэу, мэшрэ гъэшрэ дыщымыщӏэу, ди щӏэблэр узыншэрэ щӏэныгъэм хуэпабгъэу дыщыӏэну долъаӏуэ, дохъуахъуэ!
73
Forwarded from CHAPSH
Нобэ хуэдэ зы махуэщ адыгэр щыхъуахъуэр. Иджырейм зыхэдмыщӏэми, хуэфащэу зыгъэлъэпӏэжын Тхьэм дищӏ.
ӏусрэ псырэ,
нэхурэ хуабэрэ щымыщӏэу щӏымахуэр изыхар мэгуфӏэр, мэхъуапсэри лъхуэн-пӏэным
хъун-щӏэным зыхуегъэпс.

Щӏымахуэ ди хьэщӏэу
Гъатхэр тхуэигъуэу,
Гъэмахуэр ди щӏэщыгъуэу,
Бжьыхьэр тхуэбэву,
Махуэмрэ Жэщымрэ здэджэгуу,
Дыгъэмрэ Мазэмрэ здэуджу.
Жьымрэ щӏэмрэ здэубзэу,
Хъугъэмрэ Бзыгъэмрэ зэрыщӏэу гъэр езыхьэкӏын Тхьэм дищӏ!
9
Forwarded from Bgiris gurbian
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Тхьэм жиӏэ!
7
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Къардэнгъущӏ Зырамыку и псалъэ.

Пэсэрей Адыгэхэм и таурыхъэ.
112
Audio
Къардэнгъущӏ Зырамыку - Уэрэдымрэ абы и тхыдэмрэ.
7
Справа - абхазский абрек Дамей Амичба. Он убил 24 человека от царской власти, был повешен в 24 года. Тот, кто во время повешения выбил из-под него стул, и все его братья были убиты в отместку представителями рода Амичба.
136