djeguako
652 subscribers
572 photos
186 videos
16 files
85 links
Download Telegram
107
@astemrism Упсэу
128🔥2
Forwarded from Djarez Club
Дыгъэгъазэщ

Созэрэщу ди дыщэ шу,
Нобэ Дыгъэгъазэщ,
ХъуэхъукIэ доублэ!
Гъэм и махуэр ди бжаблэу,
ЩIым и махуэр тхуэбагъуэу,
Ди хэку жылэжьхэр уардэ унэжьхэу,
Нэхъыжь диIэмэ пщӏэ хуэтщIу,
Ди щIалэхэр гъущӏыпсэу,
Уэрэд жызыIэр ди хъыджэбзу,
Хэкужь махуэрэ, унапIэ махуэрэ Тхьэм дищI.

ЗэрытщIэщи, дыгъэгъазэм и 21-22 жэщ-махуэм гъэ псом къриубыдэу махуэр щынэхъкIэщIщ, жэщыр щынэхъкIыхьщ. Аращ адыгэжьым абы гу лъитэу щIыжиIар: “Дыгъэм зегъэзэж”, е “дыгъэр ещIэжащ” жоуэ. Дыгъэр къеплъэкIыжауэ махуэр щыхэхъуэжкIэ ди пасэрейхэми гухэхъуэ ящыхъурти, Нэхум ехъуэхъурт, еубзэрт.
ЕтIэнэгъэ пIалъэ фIыкIэ Тхьэм дынигъэс!

#Дыгъэгъазэ
112🐳2
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Думэныщ ӏэулэдин
185🔥4
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Еуэ Пшынауэ! Еуэ Чэсэбий!
124🔥3
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Думэныщ Ӏэулэдин
93
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
лъапэрысэ лъэщщ
113
Агънокъуэ Лашэ(Адэлджэрий) - адыгэ джэгуакӏуэ.
7
Forwarded from Astemr
Neo circassians
244🔥2
Ауладин Думанишев , Руслан Црим, Арсен Гучапша.
Венеция , 2001г.
155🔥2
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Апсуа Абазэ ӏэпэпшынэкӏэ
@chapsh.band
185🔥3
Forwarded from ДЖЭГУ
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Джылэхъстэнеишхуэ дыщыджэгуауэ Къэбэрдеишхуэ дохьэж.

Джылэхъстэней уей-уей!
121🔥1
Къэбэрдей пщышхуэхэр

Инал нэху (Инал -светлый)- 1427 -1453 гг

Тобылэ, Инал и къуэ (Табулда) - 1453 - 1465 гг

Жанхъуэт, Тобылэ и къуэ (Жанхот )- 1465 - 1483 гг

Инэрмэс , Тобылэ и къуэ (Инармас) - 1483 - 1498 гг

Беслъэн пцӀапцӀэ, Жанхъуэт и къуэ (Беслан Студенистый) 1498-1525 гг

Идар, Инэрмэс и къуэ (Идар ) -1525 -1540 гг

Къейтыкъуэ , Беслъэн и къуэ - 1540 -1554 гг

КӀэмыргуокъуэ, Идар и къуэ (Темрюк ) -1554 - 1571 гг

Пщыапщокъуэ, Къейтыкъуэ и къуэ (Пшеапшоко) -1571 -1578 гг

Къамболэт, Идар и къуэ(Камбулат) - 1578 - 1589 гг

Аслъэнбэч Къейтыкъуэ и къуэ (Асланбек) -1589 г

Жансэхъу, Къейтыкъуэ и къуэ(Джансох) -1589 г

Къейтыкъуэ, Къейтыкъуэ и къуэ (Кайтуко) - 1589 -1609 гг

Щолэхъу, Тепсэрыкъуэ и къуэ (Шолох) - 1609 -1616 гг

Къундет, Къамболэт и къуэ ( Кундет ) - 1616 -1624 гг

Алыджыкъуэ, Щоджэныкъуэ и къуэ(Алигоко) -1624 - 1654 гг

Хьэт1эхъущокъуэ, Къазий и къуэ (Хатокшоко) - 1654 -1672 гг

Мысост, Къазий и къуэ (Мисост) - 1672 - 1695 гг

Къургъокъуэ, ХьэтӀэхъущокъуэ и къуэ (Кургоко) -1695 -1709 гг

Хьэт1эхъущокъуэ, Мысост и къуэ (Хатокшоко) -1709 -1721 гг

Ислъамбэч, Мысост и къуэ(Исламбек) - 1721 - 1732 гг

Тэтэрхъан, Бэчмырзэ и къуэ (Татархан) 1732 - 1737 гг

Аслъэнбэч Къейтыкъуэ и къуэ (Асланбек) -1737- 1746 гг

Батокъуэ, Жамболэт и къуэ(Батоко) -1746 -1749 гг

Бэмат, Къургъокъуэ и къуэ (Бомат, Магомед) -1749 -1762 гг

Къэсей, ХьэтӀэхъущокъуэ и къуэ(Касей) -1762-1773 гг

Жанхъуэт, Тэтэрхъан и къуэ(Джанхот) - 1773-1785 гг

Мысост, Бэмат и къуэ (Мисост) -1785 -1788 гг

ХьэтӀэхъущокъуэ, Хьэмырзэ и къуэ (Хатокшоко)-1788 -1806гг

(Илъэсищым зэгурымы1уэ илъащ Къэбэрдейм. Зауэжъым и Ӏэужьыу)

ХьэтӀэхъущокъуэ, ХьэтӀэхъущокъуэ и къуэ (Хатокшоко) 1809 г

Кушыку, Жанхъуэт и къуэ (Кучук) - 1809 -1822 гг
93🔥1
Forwarded from Djarez Club
Джэгужь апщий!

«Хабзэр фIымэ бзыпхъэфIи трах» жаIэ. Ар къыщIигъэбыдэу апхуэдэщ дыгъуасэ Джылэхъстэней щекIуэкIа джэгур. Джылэхъстэнейхэм «адыгэ щIалэгъуалэм Налщыч щызэхэфшэ джэгур ди хъуэпсапIэщи, фыкъытхуеблагъэрэ дывгъэджэгуамэ арат» щыжаIэм, къалэдэс щIалэгъуалэр зэрыугъуейри Тэрчкъалэ ехащ. Ди жылащхьэ къэс дыгъуэпшыхьрейм и мынэхъыкIэу джэгу зэхашэфын хуэдизу ужьыгъуэ Тхьэм дригъахуэ. Мы IуэхуфIым жыпкIэ, пщIантIэпскIэ, гупсысэкIэ хэпшына дэтхэнэри Тхьэм иузэщI.

ДыкъэщIэмыфэн, дыщIэмыджэгун щхьэусыгъуэ жылэкIэ Тхьэм къыдимыт.
63
Кушхов Алисаг Кубатиевич - исполнитель (1894-1989).
Село Заюково, Кабардино-Балкарская Республика.
Запись 1971 года (камыль).

Къамыл (камыль) – вид открытой продольной флейты. Первоначально изготавливалась из тростника. Длина около 70 см. В нижней части трубки имеются 3 игровых отверстия. Использовался пастухами для исполнения различных наигрышей и песен, а также для аккомпанемента молодёжным хороводным танцам.
@kamylapshe
7🔥21