Forwarded from 🌐 𝐍𝐚𝐡𝐮𝐬𝐡 𝐓𝐢𝐦𝐮𝐫 𝐋𝐈𝐕𝐄 (𝐍𝐚𝐡𝐮𝐬𝐡 𝐓𝐢𝐦𝐮𝐫 )
ДЫГЪЭГЪАЗЭ
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Ди Тхьэ закъуэ!
Уафэри щlылъэри зезыгъакlуэ
Тыгъэшхуэ къызыбгъэдэкl
Щымыlэр хэзыгъахъуэу
Телъыджэр зи lэужь
Псори зыщыгугъыу
Зыми щымыгугъыж
Къэхъури зэлъэlуу
Зыми емылъэlуж
Ди Тхьэ!
Зы Тхьэ!
Тхьэшхуэ!
Щыlэ псори зытетыр Хабзэщ
Хабзэм тету дыгъэм зыкъегъазэ
Дыгъэм зыкъегъазэм
Махуэ къыдок1уэри
Махуэу къыдэкlуэм
Фlыгъуэр щlыгъуну
Дэрэжэгъуэ хуэтщlыну
Хуэтщlар бэгъуэну
Бэгъуам зыдэдужьыну
Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщlам жиlэ !!!
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Ди Тхьэ закъуэ!
Уафэри щlылъэри зезыгъакlуэ
Тыгъэшхуэ къызыбгъэдэкl
Щымыlэр хэзыгъахъуэу
Телъыджэр зи lэужь
Псори зыщыгугъыу
Зыми щымыгугъыж
Къэхъури зэлъэlуу
Зыми емылъэlуж
Ди Тхьэ!
Зы Тхьэ!
Тхьэшхуэ!
Щыlэ псори зытетыр Хабзэщ
Хабзэм тету дыгъэм зыкъегъазэ
Дыгъэм зыкъегъазэм
Махуэ къыдок1уэри
Махуэу къыдэкlуэм
Фlыгъуэр щlыгъуну
Дэрэжэгъуэ хуэтщlыну
Хуэтщlар бэгъуэну
Бэгъуам зыдэдужьыну
Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщlам жиlэ !!!
⚡6🍓2
Forwarded from Bgiris gurbian
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
"Chapsh”-м сыхуохъуахъуэ
Мы нобэ къытхэхъуа гупыщӏэр гуп узыншэу, гуп дыгъэлу, кӏуэ пэтми къиблу, фибл ихьэфу, щымыӏа яублэу, щыӏэр яублэщӏу, ирагъэфӏакӏуэу, езыхэр факӏуэрэ зэкӏужу, екӏур ящӏэу, ящӏар екӏуу мы зэрыхьа утыкур яхуэмэхуэн ухъу.
"Chapsh” гупым дызыхагъэплъа щӏэиныр къэзыгъэщӏу щӏы фӏыцӏэжьыр зышхыжа ди нэхъыжьыфӏхэ, фи лъэужьыр мыужьыхын ухъу. Ди жьэгу пащхьэ мафӏэр къыщыблэу, вагъуэшхуэ лэду фытхуэгъуазэу, фыдмыгъэщӏэхъуу, дымыхутыкъуэу, бийм и быдапӏи дыдэмыхутэу фи ӏэужьыр зыгъэбэгъуэн щӏэблэу дыкъыфхущӏэкӏынуэ сохъуахъуэ.

❤7⚡3
Forwarded from Djarez Club
Дыгъэгъазэщ
Созэрэщу ди дыщэ шу,
Нобэ Дыгъэгъазэщ,
ХъуэхъукIэ доублэ!
Гъэм и махуэр ди бжаблэу,
ЩIым и махуэр тхуэбагъуэу,
Ди хэку жылэжьхэр уардэ унэжьхэу,
Нэхъыжь диIэмэ пщӏэ хуэтщIу,
Ди щIалэхэр гъущӏыпсэу,
Уэрэд жызыIэр ди хъыджэбзу,
Хэкужь махуэрэ, унапIэ махуэрэ Тхьэм дищI.
ЗэрытщIэщи, дыгъэгъазэм и 21-22 жэщ-махуэм гъэ псом къриубыдэу махуэр щынэхъкIэщIщ, жэщыр щынэхъкIыхьщ. Аращ адыгэжьым абы гу лъитэу щIыжиIар: “Дыгъэм зегъэзэж”, е “дыгъэр ещIэжащ” жоуэ. Дыгъэр къеплъэкIыжауэ махуэр щыхэхъуэжкIэ ди пасэрейхэмм гухэхъуэ ящыхъурти, Нэхум ехъуэхъурт, еубзэрт.
ЕтIэнэгъэ пIалъэ фIыкIэ Тхьэм дынигъэс!

❤6⚡2
Forwarded from Нальчанин в большом городе
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Мне очень приятно наблюдать за тем, какой ренессанс сейчас переживает черкесская этническая музыка. На днях в Нальчике прошел концерт фолк-коллектива Chapsh. Надеюсь, скоро услышу вживую.
❤15⚡4
Forwarded from Djarez Club
«КIыIумбзэ»-ми, «IункIыбзэ»-ми къарыкIыр зыщ, ауэ щхьэ я къэпсэлъыкIэр зэщхьэщыкIрэ?🤔
➡️ Еплъ
Нэтыныр тезыхар - Бэджыдэхэ Елдар
#КIэщIу
Нэтыныр тезыхар - Бэджыдэхэ Елдар
#КIэщIу
Please open Telegram to view this post
VIEW IN TELEGRAM
YouTube
«КIыIумбзэ»-ми, «IункIыбзэ»-ми къарыкIыр зыщ, ауэ щхьэ я къэпсэлъыкIэр зэщхьэщыкIрэ? #КIэщIу #Djarez
Enjoy the videos and music you love, upload original content, and share it all with friends, family, and the world on YouTube.
❤2