djeguako
669 subscribers
578 photos
189 videos
16 files
85 links
Download Telegram
Forwarded from Djarez Club
Нобэ фащэгъэфIэжщ

Уафэр щымыджэмыпцIэу щIылъэр зэрызэпцI лъандэрэ, гъащIэм щыщщ щыгъыныр, зыхуэпэныр Iэщэ-фащэр, фэилъхьэгъуэхэр. А лъэхъэнэ жыжьэ-пасэрейр нобэрейм къэсыху, ди адыгэм щитIэгъэну щыгъыныпхъэр къызэхих-къызэхищIыкIщ псэущхьэхэм я фэ, яц хуэдэхэр, къэкIыгъэхэр (шыпсыранэр, щIэпыр, джыныгур, н.къ). Ауэрэ, ныбжьыр жьым хэту здэкIуэм, щыгъыныгъуэхэр, фащэхэр я щIыкIэкIэ, теплъэкIэ, къызэхащIыкIкIэ, къыхэщIыкIыкIэкIэ зиужьурэ хохъуэ.

«Зыхуэбгъэфащэр уи фащэу» жиIащ адыгэм, икIи адыгэ фащэр, дауикI, хабзэм къыдэхъуащ. НтIэ, ди цIыхубз фIэрафIэхэм я Iэпэ-IэсагъэкIэ, IэпщIэлъапщIагъкIэ, набзэгубзаплъагъкIэ шу блэкIым бзыпхъэ трахрэ, данэмрэ дыщэмрэ зэхащэу, зэхаджэу, я дыщэидэр щхъэращхъэу, ди фащэр факIуэрэ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми екIуу, ещхьу дыкъахуапэ. ХэткIи щапхъэр фIымрэ дахэмрэщ. Аращ къызыхэкIар адыгэм нэсэпасэу зэригъэпэща фащэ дахэр щапхъэ хъууэ хамэри, хэхэсри къыдэплъу, къыддэплъейуэ щIыщатIэгъар, фащэ щIахуэхъуар. А псор зи фIыщIэ ди адыгэ цIыхубзхэ, хабзэу щыIэр тхуэзыгъафIэ, фIыуэ щыIэм я къуэкIыпIэ, фызэщыхуэпыкIауэ, фызыхуэныкъуэ щымыIэу, фызэхъуапсэ къывэхъулIэу сыт щыгъуи ди жьантIэм Тхьэм фыдигъэс!
11🍓1
Forwarded from UEREDIZH
Фӏэхъус✌🏻

Жэпэуэгъуэм и 11-12, Кӏахэмкӏэ, Мейкъуапэ къалэ Къэбэрдейм, Кӏахэм, Тэлостэней Къущхьэм щыщу уэрэдыжь жыакӏуэ гупхэм зэхуэс яIэнущ.

Феблагъэ✌🏻
95🍓1
Forwarded from Astemr
Мэзлӏыныкъо/Мэзылӏ/Forest monster-men 1/2

Инрэ бэлацэу, нэзакъуэ лъэзакъуэрэ и бгъэм мэисэ* къыхэщыу мэзым щыпсэу псэущхьэ шынагъуэ. И бгъэм джыдэ къыхэщыу къыщыкӏуи къохъу.
Бзэджагъэкӏэ фӏэкӏа къэрукӏэ упэлъэщынкъым. Зэ быуIэмэ - малӏэр, етӏыуанэ уеуэжмэ - къохъуж. Ӏэплӏэ зыхомыгъэщӏ, къыпхуищӏмэ и мэисэр къыпхиӏунщ.
Адыгэ ӏуэрыӏуатэм, Нарт хъищэм ухэплъэмэ, Джэмболэтыжь, Даущджэрджий, Уэзырмэс сымэ Мэзылӏ шынагъуэм яхуэзауэ къыщыхощ.

*Мэисэ - и теплъэкӏэ зэрыщытыр дымыщӏэжу зы сэ гуэрщ. Хэт джыдэ теплъэм хуегъакӏуэр, хэти джатэ папцӏэ псыгъуэу жеӏэр.

Game character
#джэгуалъэ #circassian #mythology #nartepic
9
Forwarded from Maraqua (Amina)
1908 год: первый «черкесский вечер».

Поводом для проведения первого благотворительного вечера послужило разрушительное наводнение на Кубани в январе 1908 года, в результате которого пострадали многие за кубанские адыгские селения.
75
55
Forwarded from Iодышъ-Одисс
Алджэрыекъо Кущыкупщым икъэбар ык1и иорэд
Къэзы1уатэрэр Унэрэкъо Рай.
Кавказ заом ил1ыхъужъ ц1эры1оу Алджэрыекъо Кущыкупщым ехьыл1агъэу орэд-гъыбзабэ, къэбарыбэ адыгэхэм зэхалъхьагъ.
Ахэмэ къатегущы1эу 1997-рэ илъэсым щы1эгъэ къэтыным къыхэхыгъэ пычыгъо шъуедэ1унэу шъукъетэгъэблагъэ. 🎤📻


Песни и предания о князе Кушуке Ажджериеве
Рассказывает Рая Унарокова.
Кабардинский князь Кушук Ажджериев - прославленный герой Кавказской войны. В фольклоре адыгов есть много песен-плачей, преданий о нем. Аудиорассказ составлен на основе радиопрограммы(1997) о герое.
Приглашаем к прослушиванию 🎵
22
Audio
21