djeguako
669 subscribers
578 photos
189 videos
16 files
85 links
Download Telegram
Forwarded from SKLAD_
«Даже самшит не помнит»

Персональная выставка Лилит Матевосян
Открытие 26 сентября в 18:00


Персональная выставка Лилит Матевосян «Даже самшит не помнит» продолжает диалог художницы и команды культурной площадки СКЛАД об архивах, травме и памяти. Проект представляет фрагмент ее долгосрочного художественного исследования, посвященного фольклору и истории автохтонных народов Северо-Западного Кавказа. В выставке «Даже самшит не помнит» художница развивает один из аспектов исследования и фокусируется на истории колхидского самшита.

Выставка продлится с 26 сентября по 11 октября.
Часы работы: 12:00-20:00.

Выходные дни: воскресенье — понедельник.
Вход свободный.

Культурная площадка «СКЛАД»
Сухумприбор, 3-й этаж.
4
Forwarded from qunash_anzor
(Илъэсым) зэ уадыгэну сыт и уасэ
5🍓2
Тхьэшхуэгухьэж(вакӏуэихьэж) махуэщ!
Фокӏадэм и 21-23

Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ
Тхьэгъэлэдж дыщэ, Амыщ хужь
Щауэр зыгъэлIыщIэ, ВыщIэр зыгъэкъуэхъу.
ФIэбзыр я гъуазэу,
Вабдзэр я ужь иту,
Вагъэбдзумэр зэбгъурылъу,
ЩIым и гулъыр къыдрагъэзейуэ,
ЩIыуэ зыхуэзэныфIыр
ЩIым и махуэу,
Хум и кIыпIэу
Уэшхым и лъагъуэрэ
ХуфIым и гъуэгуу,
Ди тхьэлъэӏур махуэ щӏы,
Едгъэжьа ӏуэхур гъэбагъуэ,
И гугъур яхуэмыӏуатэу,
Жылэр зытетса щӏым бэвым и уэшхыр тешхэну,
Бэвым и хуабэр тепсэну,
Жылэ хэтлъхьар щыбэгъуэну,
Бэвым и кӏыпӏэм дытехьэну,
Жылэ Махуэ тхуэхъуну Тхьэм жиӏэ!
177
Forwarded from Djarez Club
ПсалъэфIкIэ зекIуэн, гъуэгуфI тетын, зи лIэужьыр бэгъуэн адыгэ жылэ!

Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэвыгъуэ махуэщ - гъавэхэплъэгъуэщ, тхьэгъуэлIыгъуэшхуэщ. АдакъэщIэ-хущIэ-пIастэ Iэнэ къэщтэгъуэщ, нэхъыжьхэр гъавэм щехъуэхъущ, щызэхъуэхъужщ, гуэнаплъэурэ я дзыхь щызэрагъэзщ.

Уий адыгэжьуэ щIыгугъэIэсэ, Iэсэлъасэу уэщIым дэIурыщIэ!

Нобэ хэгъэгу джэгушхуэщ, ныбжькIэрэ ди тхьэлъэIу махуэщ. Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу Тхьэм дыщигъыIэ. Хьэрэмэ Iуащхьэр зэхудипIалъэщ. Тхьэшхуэ уджыр къыдоджэ, къыдожьэ! - Дыхэвгъэуджэ, девгъэуджэкI.
42🍓1
Forwarded from Bgiris gurbian
"День адыгэвымрэ" "Къэбэрдей-1739 гъэмрэ" къэзылъытэхэм яхуэгъэзауэ

Хуитыныгъэр ӏыхьэ мыгуэшщ. Хэт къыфхуиугуэша хуитыныгъэ фызытепсэлъыхьыр?

"Къэбэрдей" жыфӏэурэ Адыгэ Хэкур щӏызэпыфтхъыр, щӏэвгъэцӏыкӏур сыт?

Фэ фызытепсэлъыхь "1739 гъэ "Къэбэрдейр" Урысей къэралыгъуэжьымрэ Тырку къэралыгъуэжьымрэ зэралъытэу щытар нобэрей урысыбзэкӏэ жыпӏэмэ "серая зона"-щ.

Адыгэм махуэ къэси и махуэщ. Фэ къыхэфха зы махуэмрэ "хуитыныгъэкӏэ" фызэджэмрэ фыфейщи, фӏыкӏэ фышх.

Думэныщ ӏ.
54
Forwarded from CHAPSH
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Созэрэщ. Кlапщ. Тхьэшхуэгухьэж.
_____________________
Уий адыгэжьуэ щIыгугъэIэсэ, Iэсэлъасэу уэщIым дэIурыщIэ!

Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу Тхьэм дыщигъыIэ.
55
къэвгъанэ зо
🍓149