djeguako
668 subscribers
578 photos
189 videos
16 files
85 links
Download Telegram
Израиль • Черкесские селения • Названия улиц
2822
Forwarded from CHAPSH
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Кlапщ. Мафlэ. Шыкlэпшынэ.
107🍓1
243
Twix
сыт хуэдэ лъэныкъуэ къыхэпхыр? Ижь хьамэрэ сэмэгу?
2511🍓3
Forwarded from си гум илъыр
шыщхьэlу
хэку
127🍓4
Forwarded from Хэхэс
Джэгум си къэшэныр къэзгъуэтащ жысlэ пэт нэгъуэщl зыгуэрым удж къыдэфэурэ ежьэжащ
134🍓2
Бжедугский князь Султан Салатчерий (в центре)
1898год. Аул Лакшукай.
104
Хьэтэхъущокъуэ Мыхьэмэт ӏэшэ и хъыбар

кӏэщӏ ӏуэрыӏуатэм, уэрэдыжъхэм,тхыдэм хъума щыхъуащ а урыс Адыгэ зауэм и лӏыхъужъхэр,Хэкум щхьэкӏэ зи псэ зытахэр. Лъэпкъым ящӏэж:
Джэмболэт Бэлэтокъуэ,
Къаныкъуэ Етэч,
Хъырцыжъ Алий,
Кушыкупщ Ажджэрий и къуэ,
Беслъэней Хьэмырзэ, Джэмболэт Кушыку,
Къэсей Исмэгьил,
Къуэжэбердыкъуэ Мыхьэмэт сымэ я цӏэр.
Куэд мэхъу ди лӏыхъужъыцӏэхэр - тщӏэжыр мащӏэми.
Нобэ нэхъ убгъуауэ зы адыгэ лӏыхъужъ дытепсэлъыхъынущ.

Мыхьэмэд ӏэшэ
Хьэтӏохъущокъуэ.

« Егъэзыгъэри дэ къытхудэзыхыр Хьэтӏохъущокъуэкӏэрэ Мыхьэмэт ӏэшэти» щыжеӏэ уэрэдыжъым. Къэбэрдей пщы лӏакъуэ цӏэрыӏуэм къыхэкӏа лӏым и гъащӏэр ихьащ «губгъуэр и унэу, зауэр и хабзэу». Щӏэзэуар и Хэкурщ,и гъащӏэри хилъхьащ а зауэм. Жэпуэгъуэм и бгъум, минрэ щийрэ тӏощӏрэ тху гъэм Шэджэм аузым зауэ гуащӏэм топышэ къыщытехуэри и ӏитӏыр зэпиудат Мыхьэмэт, и ӏэ ижъыр сэмэгум нэхърэ нэхъ кӏэщӏ хъуат, ауэ абы щхьэкӏэ и шы тесынри, и зауэ хэтынри къигъэнакъым. Къэрэмырзэ Алий и къуажэшхуэр щызытраукӏам, лей зезыхьахэм я лъэныкъуэу щыта Щауэгъур илэжьар хуигъэгъуакъым абы –къигъуэтри лъы ищӏэжащ. Ар ягъэщӏагъуэу къеупщӏахэщ:«уэра, Мыхьэмэт, пэлъэщар абы» жаӏэри. Зыщытхъужыныр къриримыгъэкӏуу, Мыхьэмэт мыпхуэдэу итащ жэуап:
«Ержыбыжъыр гъуэгъуащ, Щауэгъурыжъыр гъуэхъуащ» жиӏэри. А жэуап хьэлэмэтыр ихъумащ лъэпкъым. Мыхьэмэт Хьэтӏохъущокъуэм щхьэкӏэ пащтыхъ
Аслександр Етӏуанэм и егъэджакӏуэ швейцар Жия мыпхуэдэу жиӏащ: « Рыцарь, поэт, романтик», «лӏыгъэмрэ хэхуагъымрэ и Щапхъэ», «псэууэ лӏыхъужъ уэрэд куэд зыхуауса».
Мыхьэмэт дунейм ехыжащ минрэ щийрэ плӏыщӏрэ хы гъэм. Гуп зыхэтыр Ставрополь деж къыщаухъурейхьати, щэнейрэ биидзэм пхырыкӏащ ди лӏыхъужъыр. Ауэ и гъусэхэр къыхуэмыгъанэу, зэуапӏэм ӏухьэжурэ, абдеж и псэр щитащ. И гъащӏэр итами, и цӏэр къэнащ.
Пасэрейм зэрыжиӏащи, «цӏыхур псэущ, и цӏэр лъэпкъым яӏурылъыху». Нобэ пщӏэ ин хуэтщӏу дигу къыдогъэкӏыж
Хьэтӏокъущокъуэпщ и цӏэ лъапӏэр.
63
Иужьрей Адыгэ Къэбардей дзэпщхэм ящыщт , хэкум и хуитыныгъэм щӏэзэуа лӏыхъужьхэм гъуазэр щупашэрэ яхуэхъурэ зэрыпхъуакӏуэхэм куэдырэ ебгъэрыкӏуащ, езэуащ. Хьэтӏохъущокъуэ Аслъэнбэч и
къуэщ, къыщалъхуар 1805гъ,балигъыпӏэ зэриувэ лъандэрэ зауэм къыхэкӏакъым,урыс дзэпщхэм я щхьэр къыригъэӏэтакъым,езыр псэуху. Къэбардейр ермолэвым игъэсэбыра иужь,Псыжь ӏэпхъуащ,ауэ бэнэныгъэр зэпигъэуакъым. урыс Адыгэ зауэр къэзыӏуэтэж,абы кууэ щыгъуазэ Потто В зэритхыгъамкӏэ е 19лӏ - лӏэщӏыгъуэми
щыцӏэрыӏуащ гъунэпкъым. Лӏыгъэрэ хахуагъэкӏэ Мыхьэмэт ӏэшэ пэхъун исакъым а зэманым Къэбардейм . Шэнкъалэ Ставрополь къалэм дэс дзэм ебгъэрыкӏуауэ зауэм хэкӏуэдащ 1846 гъ.

Мыхьэмэт Ӏэшэ Щӏэныгъэ зиӏэ цӏыхут, бзэ зыбжанэ ищӏэрт, ӏэщэ цӏэр щӏытеӏукӏар зауэм уӏэгъуэ хъэлъэ зэрыщыхъуаращ, иӏэ сэмэгур къыджэбзыжыртэкъым. Ди зэманым къэсащ Хьэтӏохъущокъуэ Мыхьэмэт ӏэшэ и лӏыгъэмрэ и бэнэныгъэмрэ къызыхэщыж уэрэд , ахэм ящыщш мыри: «Мыхьэмэт ӏэшэ Шыбз хэкӏуапщӏэ зыгуэрым фӏадыгъуащ. Нэху игъэщти шыдыгъум Якӏлъежьащ къуажэ зыгуэрым нэсауэ урамыщхьэм тет пщащэм хуэзащ. Пщащэ жьырытэдж
- Шы бламыхуауэ пӏэрэ фи жылэмкӏэ - жиӏэри еупщӏащ
- Блахуащ - Къыжыриӏащ Пщащэм. Щауибл мэхъур уи шыр зыхуахэр
- Упсэу, Пщащэ. Жьырытэдж къэзгъэзэжымэ ыи хьэщӏэщым сынихьэнущ жиӏэри блэкӏащ.

Мыхьэмэт шыдыгъум ялъэщӏыхьэри шыр къатрихыжащ щауиблым я шыхэри хэту къыздихуащ. Зэрыжиӏауэ Пщащэ жьырытэджыи я дежи хьэщӏэщым еблэгъащ, хьэщӏэщым щӏалитӏ исти я псалъэкӏэкӏэ я ӏукӏуэщӏыкӏэкӏи игу ирихьакъым Мыхьэмэт ӏэшэ.
Мыхьэмэт шэсри къежьэжащ, къыщежьэжыми пщащэм зыхуигъазэри жыриӏащ
- Уи хьэщӏэщым щӏэс щӏалэхэм гъуэгурыкӏуэр щӏэнэкӏалъэ иремыщӏ - абы хущӏегъуэжынкӏэ мэхъу?!

Мыхьэмэт ӏэшэ и псалъэр щӏалитӏым ягу техуакъым, псалъэ къахуэзыгъэнар яцӏыхутэкъми кӏэлъежьащ:«Тпхынщи, къэтхьынщ» жаӏэри.
Щылъэщӏыхьэм, щӏопщкӏэ къахэуэурэ хьэщӏэщым къырихулӏэжахэщ щӏалитӏыр Мыхьэмэт ӏэшэ:
- Уэ пхуэдэ пщащэм и хьэщӏэщ къихьэну яхуэфащэкъым мы щӏалэ мыгъасэхэм, - жриӏащ хъыджэбзым.
- Тхьэмадэ, зыкъэдгъэцӏыху емыку къэтхьащ, ди напэр текӏащ, - къэлъэӏуащ щӏалитӏыр.
- Мыбыкӏэ сыкъэфцӏыхункӏэ хъунщ жиӏэри ӏэр къыригъэлъэгъуащ.

Абы къыфӏигъэкӏакъым.
75
Circassian man, 2024.
3921