djeguako
665 subscribers
578 photos
188 videos
16 files
85 links
Download Telegram
Щыблэ Удж
Chapsh
0:55
84
Forwarded from Aratti.Moratti
bzoorium

Марина Къуэжей/Ташу
75
Forwarded from Astemr
Продукт из серии «Мы ажэгъафэм къыкӏэрыкӏ!».

Product from the “Get away from this azhagafa” series.

⚡️🤌🏻⚡️
11
djeguako
Inst: @temirdinart @chapsh.band
мэзым щыпсэу миф псэущхьэ шынагъуэщ. МэзылIыр, дауи, Мэзытхьэм къытехъукIащ. Тхьэм и нэщэнэхэр, и зэфIэкIхэр зыкIэрыхуу хуежьа Мэзытхьэр хуэм-хуэмурэ МэзылIым хуэкIуащ.
ЦIыху сурэтщ, ауэ инрэ бэлацэу, и бгъэм джыдэ (маисэ) хэлъу къокIуэ, нэ закъуэу щыжиIи щыIэщ. IуэрыIуатэ жызыIэ нэхъыжьым МэзылIым щхьэкIэ мыр жеIэ: джыди сэи - и бгъэм зыгуэр хэлъщ, фочкIэ зэ уеуэмэ - малIэ, етIуанэу уеуэмэ - къохъуж, абы къыхэкIыу къолъаIуэ - «улIмэ зэ къызэуэж» жеIэри.
IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, МэзылIым щакIуэлIыр еубыдри, псалъэ IущкIэ къытекIуэмэ, лIым зэран иримыхыу еутIыпщыж. Нэхъ узрихьэлIэ сюжетхэм ящыщщ мыр. Даущджэрджий щакIуэ щыIэу МэзылIыр къыхуозэри егъашхэ. ИтIанэ жеижын щыхъукIэ, Даущджэрджий и хъарцыджыр пхъэдакъэжьым тредзэри, езыр къуагъым мэув.
МэзылIым бгъэкIэ абы зытредзэ, Даущджэрджий иукI и гугъэу. Къуагъым къуэт Даущджэрджий фочымкIэ мауэри, МэзылIыр еуIэ. Ар йожьэж, лъыр къыпыжу. Абы и лъэужьыр Даущджэрджий ехури бгъуэнщIагъ гуэрым хуозэ. Абдеж Даущджэрджий хуит къещIыж МэзылIым идыгъуауэ щыта ХьэпцIэ Нагъуэ. Абы МэзылIым хуигъуэта сабийр Даущджэрджий еукIри, езы фызыр я деж ешэжри, яретыж. 
Мы сюжетыр нарт эпосми хэтщ. Абдеж Даущджэрджий и пIэкIэ Уэзырмэс къокIуэ, ХьэпцIэ Нагъуэ и пIэкIэ - Дадыхуэ. Ауэ сюжетхэр мыбыкIэ зэщхьэщокI: Уэзырмэс хуит къищIыжа бзылъхугъэр щхьэгъусэу къыхуонэ, Даущджэрджий бзылъхугъэр я деж ешэж. Унагъуэ щIэныр, фыз къыдэхыныр эпосым и зы Iуэхугъуэу къокIуэри, ар гурыIуэгъуэщ. Ауэ тхьэпэлъытэ Даущджэрджий ищIар лъэхъэнэщIэм къигъэщIа диным (Даущджэрджий чристэн диным и лъэужьщ) и хьэлщэну, и нэмысыфIагъэу къэлъытапхъэщ. 
Гу лъытэн хуейщ сюжетым хэт нэгъуэщI зы Iуэхугъуэми. IуэрыIуатэр гущIэгъукIэ гъэнщIащ. Ауэ мы сюжетым фызым МэзылIым хуигъуэта сабийр лIыхъужьым еукI. Дауи, «МэзылI бзаджэм хуигъуэта сабийр гъэхьэрэмын хуейщ» жэуэ жыпIэныр мащIэщ. Абы къикIыр нэхъыбэщ: пасэрей диным и къуэпсыр игъэгъуу, диныщIэм и лъэр игъэбыдэу арагъэнщ (МэзылIыр адыгэ диным и лъэужьщ, Даущджэрджийр – чристэн диным и дамыгъэ лъэщхэм ящыщщ).

«Псалъэ пэжищэ» уэрэдым и гъусэ кIахэ хъыбарым къызэриIуатэмкIэ, щакIуэ цIэрыIуэу Джамболэтыжьыр МэзлIыныкъуэкIэ зэджэ нэ закъуэ-лъэ закъуэу, и бгъэм маисэр къыхэпIиикIыу зы шынагъуэ гуэрым гъэру иубыдащ. Псалъэ пэжищэ къыхуибжмэ, иутIыпщыжыну къигъэгугъащ. ХэкIыпIэу иIэр арати, Джамболэтыжьым уэрэдыр къыжиIэри, и псэр къригъэлащ. 
Мыбы хуокIуэ ипщэкIэ къэтхьа сюжетым («Уэзырмэсым Дадыхуэр фызу къызэришар») хэт мотиври: «Уэзырмэсым зы махуэ гуэрым бланэл игъавэу пылъу, езым и пхъэпшынэжьым дежьууэ щысу, и бгъэгум маисэ хэлъу, и натIэгум нэ закъуэ ису зы мэзылI къыщIыхьащ. Уэзырмэс къэтэджакъым, и уэрэдри зэпигъэуакъым, ауэ иригъэлъэгъуащ «тIыс» жыхуиIэу. Уэзырмэс пшынэуэн иухри бланэлри къыпихыжащ. МэзылIыр къигъэтIысщ, езыри етIысылIэри, бланэлыр яшхащ. МэзылIым игу ирилъхьащ Уэзырмэсыр иукIыу и пхъэпшынэмрэ и сагъындакъымрэ ихьыну. Абы и гум фIы зэрыримылъхьар Уэзырмэси къищIащ».
МэзылIым и фIэщыгъэцIэкIи, и шыфэлIыфэ-нэщэнэкIи, зыхэт сюжетхэмкIи ещхьу абхъазхэми я мифологием хэтщ Абнауаю.
73
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Саусырыкъорэ Тутэрэщрэ зэзао - Жъыу
81
Face type of a Circassian woman from the Bzhedug tribe. Ethnographic photo. North Caucasus, 1920s.
167