Forwarded from abazинский рай (Arína Klych)
Please open Telegram to view this post
VIEW IN TELEGRAM
❤19⚡5
«Адыгэ ныпым тет вагъуэ 12-м адыгэ лIакъуэ 12 къигъэлъагъуэу жаIэ хабзэми, аракъым. Iуэхум и захуэращи, е-19-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм щыгъуэ адыгэ лIакъуэхэр 20 нэхърэ нэхъыбэт, Урыс-Адыгэ Зауэжьым иужь къэнэжар 12 нэхърэ нэхъ мащIэт. «Зыгуэрым и Iыхьэ 12» жыхуиIэ гупсысэращ адыгэ ныпым симвэл гупсысэуэ щIалъхьар. Адыгэбзэм псалъафэ хэтщ, «и Iэпкълъэпкъ 12-р зэхуэдэщ» жери. Абы къикIыр аращи, «Iыхьэ 12-уэ зэхэтуэ, и щхьэ хурикъужрэ нэщIысауэ щыIэуэ зыгуэр»,- жиIэу аращ. 12-м симвэл купщIэщ иIыгъыр, рэциэналкъым. «7» бжыгъэм щэн-сэн (магие) зэрыхэлъым хуэдэу, «12»-ми хэлъщ, нэщIыса гуэрым и щапхъэщ»
Бгъэжьнокъуэхэ Барэсбий
тхыдэ щIэныгъэм и дохутыр
@djarez
Бгъэжьнокъуэхэ Барэсбий
тхыдэ щIэныгъэм и дохутыр
@djarez
❤11⚡2
ЦIэфIэщ Iэнэ
Дзадзу къэхъуам цIэ фIэзыщам нанур щалъхуа унагъуэм Iэнэ щиухуэрти, цIэфIэщ джанэри абдеж щаритыжырт. ЦIэфIэщ Iэнэ хъужри аращ. Апхуэдэ Iэнэм хабзэкIэ уэрэд-хъуэхъу дауэдапщэ иращIэкIырт. Уэрэд-хъуэхъухэм я зы щапхъэ:
Дае, дае, дае Iэпэ, ди дзадзум хуэмахуэ!
Махуэ лъапIэм и дахэгъуэм укъэхъугъи!
ЛIэщIыгъуищэ щIалэ махуэм игъэщIынуэ
ТыдоIуэ, идоIуалIэ!
НэгъуэщI зыщIэж щыIэмэ фыкъатхэ, ди гуапэщ

❤12