Forwarded from Djarez Club
ГъатхэкIэщ, уэлбанэкIэщ
Адыгэр мэкъуауэгъуэм и 21-22 жэщым «шэмыгъапцIэ жэщ»-кIэ йоджэ. Арщ махуэм и нэхъ кIыхьыгъуэмрэ жэщым и нэхъ кIэщIыгъуэмрэ зытехуэр (жэщыр апхуэдизкIэ кIэщIщи, шэр зэпцIыну хунэскъым, жыхуиIэщ). Мэкъуауэгъуэм и 20, 21, 22-м щхьэкIэ «уэлбанэкIэ жэщищ»-и жаIэрт. Абы иужь гъэмахуэм игъуэт.
Джэрмэн Iетногрэф Клем Густэв мэIуэтэж: «Жьымрэ псымрэ я тепщэ Созэрэщ и махуэр гъатхэкIэу ягъэлъапIэ; абы и нэщэнэщ лъапсэм щахъумэ кхъужьей къудамэ гъуар. Махуэшхуэр гъатхэкIэм, махуэм я нэхъ кIыхьыгъуэм хуозэ. А пIалъэм ирихьэлIэу Адыгейм (Circassia) и курыхым мафIэшхуэхэр щызэщIагъанэ. Тхьэмпэ зытемытыж кхъужьей къудамэ гъуар щIыпIэ Iэхуитлъэхуит деж яхьри, щыхатIэ, дауэдапщэм цIыхуу кърихьэлIам пэбжуэ шэху уэздыгъэ кIэращIэри, и щыгум кхъуеишхуэ фIагъэтIысхьэж. Абы иужь тIыхьу бжэн зыбжанэ фIабз, махуищ хуэдизкIэ екIуэкI дауэдапщэм къриубыдэу жьымрэ уэшхымрэ щихъумэну Тхьэ йолъэIу. ИужькIэ щIалэгъуалэр мэджэгу, мэшэрашэ».
Ари зы пасэрей теплъэгъуэщ, дахэтэкъэ?! Ди нобэмкIэ къэдгъэзэжынщи, жылэкIэ мэшрэ гъэшрэ Тхьэм дыщимыгъащIэ. Уэм хэхъухь хэщIыхьымрэ щIым техъухь тещIыхьымрэ тщIэуэ, тлъытэу Тхьэм дыщигъыIэ.

❤7⚡5
Forwarded from abazинский рай (Arína Klych)
Please open Telegram to view this post
VIEW IN TELEGRAM
❤19⚡5
«Адыгэ ныпым тет вагъуэ 12-м адыгэ лIакъуэ 12 къигъэлъагъуэу жаIэ хабзэми, аракъым. Iуэхум и захуэращи, е-19-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм щыгъуэ адыгэ лIакъуэхэр 20 нэхърэ нэхъыбэт, Урыс-Адыгэ Зауэжьым иужь къэнэжар 12 нэхърэ нэхъ мащIэт. «Зыгуэрым и Iыхьэ 12» жыхуиIэ гупсысэращ адыгэ ныпым симвэл гупсысэуэ щIалъхьар. Адыгэбзэм псалъафэ хэтщ, «и Iэпкълъэпкъ 12-р зэхуэдэщ» жери. Абы къикIыр аращи, «Iыхьэ 12-уэ зэхэтуэ, и щхьэ хурикъужрэ нэщIысауэ щыIэуэ зыгуэр»,- жиIэу аращ. 12-м симвэл купщIэщ иIыгъыр, рэциэналкъым. «7» бжыгъэм щэн-сэн (магие) зэрыхэлъым хуэдэу, «12»-ми хэлъщ, нэщIыса гуэрым и щапхъэщ»
Бгъэжьнокъуэхэ Барэсбий
тхыдэ щIэныгъэм и дохутыр
@djarez
Бгъэжьнокъуэхэ Барэсбий
тхыдэ щIэныгъэм и дохутыр
@djarez
❤11⚡2
ЦIэфIэщ Iэнэ
Дзадзу къэхъуам цIэ фIэзыщам нанур щалъхуа унагъуэм Iэнэ щиухуэрти, цIэфIэщ джанэри абдеж щаритыжырт. ЦIэфIэщ Iэнэ хъужри аращ. Апхуэдэ Iэнэм хабзэкIэ уэрэд-хъуэхъу дауэдапщэ иращIэкIырт. Уэрэд-хъуэхъухэм я зы щапхъэ:
Дае, дае, дае Iэпэ, ди дзадзум хуэмахуэ!
Махуэ лъапIэм и дахэгъуэм укъэхъугъи!
ЛIэщIыгъуищэ щIалэ махуэм игъэщIынуэ
ТыдоIуэ, идоIуалIэ!
НэгъуэщI зыщIэж щыIэмэ фыкъатхэ, ди гуапэщ

❤12