Djarez Club
886 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Нобэ къэгъэзэж и махуэщ (Репатриантым я махуэ). Ущӏэхъуэхъуэнышхуэ щыӏэкъым, ауэ зи Хэку зыгъуэтыжа закъуэтӏакъуэм дынывохъуэхъу. Мы махуэр тхуэмэхуэну, фӏы къытхудэкӏуэну Тхьэм жиӏэ.
14👍4
КIуэцIфэцI - пищеварительная система - systema digestorium:

1. Жьэ - ротовое отверстие - oris
2. Джий - глотка - pharynx
3. Псэфылъэ - пищевод - esóphagus
4. Шхалъэ - желудок - gaster
5. КIэтIий - кишечник - intestinum
6. Пхэ - анальное отверстие - anus

#Djrz_Псэущхьэ
11
Тыркум щыщ ди жылэгъухэу, пшынауэ ӏэзэхэу, адыгэ-абазэхэу щӏалитӏ ди хьэщӏащ: Жу Къайхьэнрэ Лий Гокэррэ. Фи къакӏуэ махуэ тхухъу. Дяпэкӏи ӏуэхуфӏкӏэ дызэрыщӏэнуэ, псалъэфӏкӏэ дызэхыхьэнуэ дохъуахъуэ. Фи гъуэгур махуэ ухъу, фызыхыхьэжхэми фатхущӏэупщӏэж, фӏэхъус тхуефхыж.

#Djarez_ХьэщIэщым
12👍1
Вчера в гости заходил наш друг – фотограф, исследователь Тимур Агиров. Он подарил «Djarez» недавно вышедший двухтомник «Музыкальный атлас. Ингушетия» и свою книгу «Горная Ингушетия. Путеводитель по Джейрахскому районе и предгорьям».

Команда «Djarez» от всей души поздравляет инициаторов проекта - ингушское историко-географическое общество «Дзурдзуки» и весь ингушский народ с выходом этой работы. Вы проделали огромный исследовательский, научный труд. Желаем обществу «Дзурдзуки» творческих сил и терпения на пути реализации других, не менее важных проектов по сохранению и преумножению материальной и духовной культуры ингушского народа.
8🔥4👍3👏3
1. ТхьэмщIыгъу - печень - hepar
2. Зэзылъэ - желчный пузырь - vesica fellea
3. Чэ - селезенка - lien
4. Шхэигъэ - поджелудочная железа - pancreas
5. Шэжыгъэ - яичник - ovarium
6. Фтыгъуанэ - половое отверстие - ?

#Djrz_Псэущхьэ
👍10🔥1
Тхьэблэгъуджэ – япэм щыгъуэ: щытыкIэкIэ, теплъэкIэ, кIуэкIэ-щIэкIэкIэ къахэщхьэхукI цIыху щIалэм хужаIэ; етIуанэм щыгъуэ: хабзэмыщӏэ щытхъухь, гулъытэ къэлъыхъуэнкIэ зызымыгъэнщI, пщIэрэ щхьэрэ зиIэхэм закIэрызыщIэ, зызымыщIэж, щIыкIей, пцIыIуэпцIышэ, жыIэзыфIэщ*, кIуэцIырыкъуэ, бзэгузехьэ, гурымыкъ, губжьыгъуафIэ, гужьгъэжьыщI,  гущIэгъуншэ, зыщымыгугъыж, гужьеигъуафIэ, щхьэзыфIэфI, фыгъуэнэд, хабзэр убзэ зыфIэщI цIыхум хужаIэ - hystericus psychopathia.

*ЖыIэзыфIэщ - пцIыупсырейрэ зи пцIыр зи фIэщ хъуж цIыху.

#Djrz_Псалъэгъэнахуэ
8👍4🔥2
Псантхуэ лъапсэ - нервная система - systema nervosum:

1. ЩхьэкуцI - головной мозг - encephalon
2. ТхыкуцI - спинной мозг - medulla spinalis

#Djrz_Псэущхьэ
👍94
Мы махуэхэм дохутыр ӏэзэ Семэн Жанэ ди хьэщӏащ. Жанэ "Дохутыр Хасэм" и гуащэщ, куэд щӏауэ цӏыхухэм фӏыкӏэ къащӏэу, куэдым щхьэпэн яхуэхъуу апхуэдэщ. Ди зэхуэзэм куэд къыщытпсэлъащ. Уеблэмэ, дызэгъусэуи ӏуэху гуэрхэр зэдэдлэжьынуи дызэувэлӏащ.

Хасэкӏи, унагъуэкӏи, лэжьыгъэкӏи уи ӏуэхухэр ефӏакӏуэ зэпыту ущыӏэнуэ дынохъуэхъу, Жанэ. Уи къакӏуэр махуэ тхухъу.

#Djarez_ХьэщIэщым
14👍4
Forwarded from ДЖЭГУ
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Фӏэхъус апщий!

Дыгъуэпшыхь, шыщхьэӏум и 25-м, Адзгъэм адыгэ-абазэр Лыхъныштэ-кӏэ зэджэ джэгупӏэжьым зы джэгукӏэ щызэхишащ.

Жьыр щыдгъафӏэу,
Щӏэр щыдгъасэу,
Шы ӏэсэ къыщыжэу,
Жыгыжь щыгъагъэу,
Уэр игъуэу тегъуагъуэу,
Удзыщӏэр щыбагъуэрэ
Бынищэм тыраубэу.
Зы бзэкӏэ, зы хабзэкӏэ, зы къафэбзэ-пхынэбзэкӏэ адыгэ-абазэр дызэрыщӏэрэ дызэдэхъуу,
Мыхъур щыдгъэмащӏэу,
Хъур щыдгъэбагъуэу
Куэдрэ щыДЖЭГУн Тхьэм дищӏ!
👏5👍42🔥1