Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Вчера посетили выставку в Национальном музее КБР, посвященную реконструкции вэрэвий - черкесской пашне на восьми волах. Поздравляем всех, кто причастен к этому важному делу. До настоящего времени мы располагали лишь обрывочной информацией по вэрэвий. Теперь же можем своими глазами увидеть венец традиционной черкесской пашенной культуры.
19🔥5👏4
1. Бгъэныху - брюшная аорта - aorta ventralis
2. Жьалэ лъынтхуэ - жаберные артерии - arteria branchialis
3. Жьалэ лъынтхуэ къэзыхь - приносящие жаберные артерии - arteria branchialis afferentia
4. Жьалэ лъынтхуэ зыхь - выносящие жаберные артерии - arteria branchialis efferentia

#Djrz_Псэущхьэ
12👍4
1. Ныху къуэпс - корни аорты - radix aortae
2. Тхыныху - спинная аорта - aorta dorsalis
3. КIапэ лъынтхуэ - хвостовая вена - vena caudalis
4. Жьэжьей лъынэ - воротная вена почек - vena porta renalis
5. ТхьэмщIыгъу лъынтхуэ - печеночная вена - vena hepatica
6. ТхьэмщIыгъу лъынэ - воротная вена печени - vena porta hepatis

#Djrz_Псэущхьэ
17🔥4👏1😢1
Ди IуэхущIэгъу ХьэхъупащIэ Iэстемыр унагъуэ зэрыхъуам теухуауэ дохъуэхъу. ХьэхъупащIэхэрэ Егъужокъуэхэрэ благъэ зэхуэмахуэ фыхъу. Iэстемыррэ Iэминэрэ фи унагъуэр хьэщIэ кIуапIэу, выжь укIыпIэу, фIыкIэ къащIэу Тхьэм щигъыIэ. Фи псыпэр махуэ ухъуи фи псыкIэр кIыхь Тхьэм ищI.

#Djrz_ГуфIэгъуэ
34🔥4
1. Гулъынтхуэ - кардиальные вены - vena cardinalis
2. Гупэ гулъынтхуэ - передние кардиальные вены - vena cardinalis anterior
3. ЩIыбагъ гулъынтхуэ - задние кардиальные вены - vena cardinal is posterior
4. Лъынтхуэзэхэкӏэ - кювьеровы протоки - ductus Cuvieri

#Djrz_Псэущхьэ
13🔥5
ГъатхэкIэщ, уэлбанэкIэщ

Адыгэр мэкъуауэгъуэм и 21-22 жэщым «шэмыгъапцIэ жэщ»-кIэ йоджэ. Арщ махуэм и нэхъ кIыхьыгъуэмрэ жэщым и нэхъ кIэщIыгъуэмрэ зытехуэр (жэщыр апхуэдизкIэ кIэщIщи, шэр зэпцIыну хунэскъым, жыхуиIэщ). Мэкъуауэгъуэм и 20, 21, 22-м щхьэкIэ «уэлбанэкIэ жэщищ»-и жаIэрт. Абы иужь гъэмахуэм игъуэт.

Джэрмэн Iетногрэф Клем Густэв мэIуэтэж: «Жьымрэ псымрэ я тепщэ Созэрэщ и махуэр гъатхэкIэу ягъэлъапIэ; абы и нэщэнэщ лъапсэм щахъумэ кхъужьей къудамэ гъуар. Махуэшхуэр гъатхэкIэм, махуэм я нэхъ кIыхьыгъуэм хуозэ. А пIалъэм ирихьэлIэу Адыгейм (Circassia) и курыхым мафIэшхуэхэр щызэщIагъанэ. Тхьэмпэ зытемытыж кхъужьей къудамэ гъуар щIыпIэ Iэхуитлъэхуит деж яхьри, щыхатIэ, дауэдапщэм цIыхуу кърихьэлIам пэбжуэ шэху уэздыгъэ кIэращIэри, и щыгум кхъуеишхуэ фIагъэтIысхьэж. Абы иужь тIыхьу бжэн зыбжанэ фIабз, махуищ хуэдизкIэ екIуэкI дауэдапщэм къриубыдэу жьымрэ уэшхымрэ щихъумэну Тхьэ йолъэIу. ИужькIэ щIалэгъуалэр мэджэгу, мэшэрашэ».

Ари зы пасэрей теплъэгъуэщ, дахэтэкъэ?! Ди нобэмкIэ къэдгъэзэжынщи, жылэкIэ мэшрэ гъэшрэ Тхьэм дыщимыгъащIэ. Уэм хэхъухь хэщIыхьымрэ щIым техъухь тещIыхьымрэ тщIэуэ, тлъытэу Тхьэм дыщигъыIэ.
19
Мэкъуауэгъуэм и 23-р адыгэ цIыхубзым и махуэ?

Иужьырейхэм мэкъуауэгъуэм и 23-р адыгэ цIыхубзым и махуэу ятх, жаIэ хъуащ. НэгъуэщIу, Сэтэней и махуэкIи йоджэ. Сэтэней жыхуаIэр нартхэм упщIэжэгъу яхуэхъурэ и IущагъкIэ Нартейм къыщащIэу хъищэхэм къыхэщ гуащэр аращ. Сэтэней гуащэрэ Сэтэней и махуэ жыхуаIэмрэ сыт зэхуаIуэху?

Адыгэр мэкъуауэгъуэм и 21 жэщым «шэмыгъапцIэ жэщ» - кIэ йоджэ. Арщ жэщым и нэхъ кIэщIыгъуэрэ махуэм и нэхъ кIыхьыгъуэу къэхъур (жэщыр апхуэдизкIэ кIэщIщи, шэр зэпцIыну хунэскъым, жыхуиIэщ). Мэкъуауэгъуэм и 20, 21, 22-м щхьэкIэ уэлбанэкIэ жэщищ жаIэрт. Абы иужьт гъэмахуэр къыщихьэр.

Лъэпкъыжьхэм дыгъэм зыщигъазэ махуэхэр ягъэлъапIэ хабзэт. Дыгъэгъазэм, МэфIащхьэтыхьым, Тхьэшхуэгухьэжым хуэдэу, гъэмахуэ дыгъэм и чэзу зыгъэзэгъуэми адыгэр щыгъуазэрэ игъэлъапIэу къызэрекIуэкIар шэч къызытомыхьэжынуэ зыгуэрщ. Сэтэней и махуэ жыхуаIэжыр арагъэнщ, ауэ мыбдеж зыгуэр зэхэдгъэзэрыхьащ. Сэтэней фIэщыгъэр дэнэ къикIа? Адыгэм куэду ягъэлъапIэу къадекIуэкIа сэтэней удзым (лат. filipéndula ulmária) и гъэгъэгъуэр хуэгъэфэщауэ уэлбанэкIэ жэщищым тохуэ. Сэтэнейм теухуауэ нэщэнэфIхэри щыIэщ:

- сэтэнейр щхьэлъэмэ, гъунэ иумылъэж (сэтэнейр гъагъэмэ, увэну, усэну кIасэ хъуащ, жыхуиIэщ);

- сэтэнейр щхьэлъэмэ, бжьэм телъхьэ умыщIыж (сэтэнейр гъагъэмэ, бжьэм яшхынкIэ уемытэжми хъунщ, жыхуиIэщ).
Хъищэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сэтэней гуащэ и псэр цIыхупкъым хэкIри удзыпкъым хыхьауэ щытащ. Арагъэнщ, адыгэр filipéndula ulmária кIыгъэм «сэтэней» -кIэ щIеджэри, абы и гъэгъэгъуэм «Сэтэней и махуэ» щIыфIащари.

Ди цIыхубзым махуэ хэха ямыIэу махуэ къэси я махуэу зи жьантIэ щызыгъэфIэжыфын лъэпкъ Тхьэм дищI адыгэр!
13👍4🔥1
Нобэ Мейкъуапэ дыщохьэщIэ. Адыгей къэрал гумэнитэр ӏинститутым и тхьэмадэ Лӏыӏув Ӏэдэм зы ӏуэхукӏэ дыдэуэршэращ. Жьыщхьэмахуэ ухъу, ди нэхъыжь. Дыбгъэгушхуащ, дыбгъэгуфӏащ.

УзэрыщIэмэ - узэдощIэ, узэдэщIэмэ - зы уохъу.
👍139🔥2👏1