Djarez Club
888 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
311 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Щхьагъэ: гуахъуэ
КIахэ: цацэ

Щыпкъэр: КIахэмкIэ «гуахъуэ къызэт» япIуэмэ, къазэрыгурыIуэнур: «мэкъумэш зэрызэщIакъуэ гуахъуэм хуэдэ къызэт»-уэщ. Щхьагъэм «гуахъуэ»-м иришхэуи, мэкъумэш Iуэхухэм къыщагъэлажьэуи ущрохьэлIэ. Зэрышхэ гуахъуэм щхьэкIэ кIахэм «цацэ»-щ жаIэр. КIахэ «цацэ»-р нобэ къэбэрдей адыгэм «дзасэ» (вертел, шампур) зыхужаIэращ (кIахэм «цацэ»-м «шампур» купщIэри щиIыгъыу). ТхыдэкIэ укъеплъмэ, зэрышхэ гуахъуэр адыгэм щагъэIэрыхуар дзасэм иужьуэ къыщIэкIынщ. ДзасэмкIэ, псалъэм папщIэ, тхъурыжьхэр ижькIэрэ къыхахыж. Зэрышхэ гуахъуэр щагъэIэрыхуэм зы цIэ гуэр етын хуейуэ къыщIэкIынти, кIахэм «цацэр» трагъэIукIащ, щхьагъэм – «гуахъуэ»-р. ЖытIэр логикэм къыхэкIыуэ жыдоIэ. КъэфIун фиIэмэ, фыкъатхэ!

УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
10👍5🔥3
Номин пэцIурэхэр - Catarrhini - узконосые обезьяны:

1. хьэпэщхъынхэр - Cercopithecidae - мартышковые
2. цIыхутеплъэхэр - Hominoidea - гоминоиды

#Djrz_Псэущхьэ
9👍5🔥3
Щхьагъэ: пхъэIэпэ, пхъэIэбжьанэ, гуахъуэ
КIахэ: куахъо

Щыпкъэр: щхьагъэ “гуахъуэ”-ри кIахэ “куахъо”-ри зы псалъэщ, диэлект къэпсэлъыкIэкIэ зэщхьэщыкIыу. ЗэрыжаIэмкIэ, “гуахъуэ”-р хамэбзэщ, ауэ апхуэдизкIэ ди бзэ къэIукIэм хэзэгъащи, мыадыгэбзэу фIэщхъугъуейщ. “ПхъэIэпэ”-ри “пхъэIэбжьанэ”-ри адыгэбзэщ, дахэщ. ПщIэмэ, пхузехьэмэ, - фIыкъэ-тIэ!
УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
10
«Гурэ гурэ зэрощӏэр» жыӏэгъуэр
Щоджэнцӏыкӏу ӏэлберд зэригъэнахуэр:

Гурэ гурэ зэрощӏэр - цlыхуитlым я плъэкlэ-щlэкlэр зэтехуэрэ зы псагъэм къикlар зэрыщыlэр, гурыгъуазэкlэ зэрызэхащlэр, нэрымылъагъуу къызэрекlуэкlыр пхуэзыlуатэу зы псалъэщ.
🔥116👏1
Номин цIыхутеплъэхэр - Hominoidea - гоминоиды:

1. гибонтеплъэхэр - Hylobatidae - гиббоновые
2. цIыхуфэхэр - Hominidae - гоминиды

#Djrz_Псэущхьэ
5👍4🔥1
Forwarded from CHAPSH
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
In spring/гъатхэм
10👍5🔥4👏4
Forwarded from My circassiantoddler (Dana Remik)
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Lesson 1.26
A lion can run fast
It can jump
But it can't fly :)
12👍5🤔1
ПкъырыкIуэ лъапсэм и къуэпсыжу щыт щхьэпкъыджэ пцэжь пкъынэлынэ зэпкъырылъыкIэ.

Псантхуэ лъапсэ - нервная система - systema nervosum

1. щхьэкуцI - мозговой пузырек - cerebrum
2. тхыкуцI - нервная трубка - nervus funis
3. нэжьей - глазки Гессе - ocelli

#Djrz_Псэущхьэ
15👍5
Лъынтхуэфэнтхуэ - кровеносная система - systematis circulatorii:

1. тхыныху - спинная аорта - aorta dorsalis
2. тхыныху къуэпс - корни спинной аорты - radices dorsi arteriae
3. пщахуэ - сонная артерия - carotidis
4. гулъынтхуэ - кардиальные вены - venae cardinales
5. тхьэмщIыгъу лъынтхуэ - печеночная вена - vena portae hepatis
6. тхьэмщIыгъу лъынэ - воротная система печеночного выроста - portal systema hepaticae propaginis
7. бгъэныху - брюшная аорта - aorta ventralis
8. жьалэ лъынтхуэ - жаберные артерии - arteria branchiallis
9. кIапэ лъынтхуэ - хвостовая вена - vena caudalis

#Djrz_Псэущхьэ
👍9🔥42
Forwarded from Djarez Club
Зы мащIэкIэ узэщIэIэбэжмэ, НИУ «ВШЭ»-м щыщ лингвист Ландер Юрий ди хьэщIат. Нэхъыбэу дыщIызэхуэзар адыгэбзэм и корпIусыращ (зыгуэркIэ бзэ корпIусыр зиIысыр фымыщIэмэ, «корпусная лингвистика» е «corpus linguistics» жыфIи фылъыхъуэ). Юрэрэ и гупымрэ ипэIуэкIэ кIахэ адыгэбзэм и корпIусыр ящIат, иджы дызэгъусэу къэбэрдей диэлектым ейм иужь дихьэмэ тфIэигъуэщ.

НобэкIэ нэхъ лъэщу дызыпылъыр адыгэбзэкIэ тха текстхэр куэду зэхуэхьэсынырщ. Абы щхьэкIэ зы илъэсым щIигъуауэ тхылъхэр скан дощI, текстхэр прэграмэкIэ къытыдохри, щыуагъэу хэтыр дыриплъэжурэ зыдогъэзэхуэж. Щыуагъэ къыщIыхэкIыр скан щIа файлым тет текстыр прэграмэм къыщытыриджыкIкIэ симвэл, тхыпкъ псори захуэу къыхуэлъагъукъым -«м»-р «н»-уэ къыщохъу, «э»-р, «а»-уэ, н. къ. ЗэIуэхущIэгъухэм, зэныбжьэгъухэм тхылъхэр зэхуэдугуэшурэ щIыдоджыкIыж.

ЩIэныр щIэншэщ, зыщIэр мащIэщ. Аращи, «Djarez»-м щIыхьэху доублэ. ФымыпIащIэурэ адыгэбзэкIэ тха тхылъ зэвгъэзэхуэжыну фыхущIыхьэнумэ, фыкъытхуэтхэ. ⬇️

УзэрыщIэмэ - узэдощIэ, узэдэщIэмэ – зы уохъу.
🔥72
Forwarded from Djarez Club
«Djarez»-м шIыхьаф тэублэ

БэмышIэу НИУ «ВШЭ-м» щыщ лингвистэу Юрий Ландер тихьэкIагъ. ТызфызэIукIагъэр адыгабзэм икорпус ары (зыгорэкIэ бзэ корпусыр зыщыщыр шъумышIэмэ, «корпусная лингвистика» е «corpus linguistics» ишъутхи, шъулъыхъу). Юрэрэ икупрэ ыпэкIэ кIахэ адыгабзэм икорпус ашIыгъ, джы тызэгъусэу къэбэртэе диалектым ием ыуж тихьэмэ тшIоигъу.

НепэкIэ нахь лъэшэу тызпылъыр адыгабзэкIэ тхыгъэ текстхэр тыугъоинхэр ары. Ащ пае зы илъэс хъугъэу тхылъхэр скан тэшIых, текстхэр программэмкIэ къитэхых, хэукъоныгъэу хэтхэр тырыплъэжьызэ тэгъэтэрэзыжьых. Хэукъоныгъэхэр къызкIыхэкIхэрэр, скан шIыгъэ файлым тет текстыр программэм къызытыриджыжькIэ символхэр, тхыпкъхэр тэрэзэу къыфэлъэгъухэрэп – «м»-р «н»-у къыщэхъу, «э»-р, «а»-у ыкIи нэмыкIхэр. ЗэIофшIэгъухэм, зэныбджэгъухэм тхылъхэр зэфэдгощхэзэ кIэтэджыкIыжьых.

ШIэныр шIэнчъэ, зышIырэр макIэ. Арышъ, «Djarez»-мкIэ шIыхьаф тэублэ. АдыгабзэкIэ тхыгъэ тхылъхэр зэжъугъэзэфэжьын шъулъэкIыщтмэ, шъумыукIытэу шъукъатх.

Узэдэлажьэмэ - узэрэшIэ, узэрашIэмэ - зы охъу.
🔥82👏1
Forwarded from My circassiantoddler (Dana Remik)
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Lesson 2.2
What does a monkey eat?
👍114