Djarez Club
888 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
311 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
ЛIэужьхэр/ приматхэр - Primates - приматы:

1. лIэужь пэцIынэхэр - Strepsirhini - мокроносые приматы
2. лIэужь пэгъущIахэр - Haplorhini - сухоносые приматы

#Djrz_Псэущхьэ
8👍3
Щхьагъэ: нэгъабэ
КIахэ: гъэрекIу

Щыпкъэр: щхьагъэ къэпсэлъыкIэри кIахэ къэпсэлъыкIэри – адыгэбзэщ. КIахэ «гъэрекIу»-р «гъэ кIуа» жыхуиIэщ. КIахэм «нэгъабэ»-р и жыIэ хигъыхьэмэ, щхьагъэм «гъэрекIу»-р къищтэмэ- дэгъуэкъэ -тIэ?!

УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍65🔥1👏1
«Уэтэби» псалъэр адыгэбзэ?🤔

#КIэщIу рубрикэм дыщытепсэлъыхьащ. Еплъ⬇️

https://youtube.com/shorts/cbLaLwfPef8?si=hWj9KH37E8U8LgAl
13👍7
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Пшынэр зыгъэпсалъэ Iэсият Нэхущхэ я гуащэ-нысэщ, Урысхэ япхъущ (джэгуакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Тимур и анэщ).
Iэсият, уи быным, уи быным я быныжхэм я нэщIэбжьэ Тхьэм уимыгъэлъагъу. Жьыщхьэмахуэу илъэс куэдкIэ уащхьэщытыну дынохъуэхъу.

Думэныщ I.
26👍6🔥4👏1
Щхьагъэ: къуацэчыцэ, къуацэ, чыцэ, гъуей
КIахэ: кондэ-шъхьанд, пырыпыцу

Щыпкъэр: псори адыгэбзэщ, псори дэгъуэщ! Апхуэдиз псалъэ къарыкIкIэ зэрагъэхьышхуэ щымыIэу уиIэныр фIыкъэ? Пхузехьэ къудейтэмэ…

УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
10👍6🔥1
ЛIэужь/ примат пэгъущIахэр - Haplorhini - сухоносые приматы:

1. номин пабгъуэхэр - Platyrrhini - широконосые обезьяны
2. номин пэцIурэхэр - Catarrhini - узконосые обезьяны

#Djrz_Псэущхьэ
🔥7👍53
Щхьагъэ: гуахъуэ
КIахэ: цацэ

Щыпкъэр: КIахэмкIэ «гуахъуэ къызэт» япIуэмэ, къазэрыгурыIуэнур: «мэкъумэш зэрызэщIакъуэ гуахъуэм хуэдэ къызэт»-уэщ. Щхьагъэм «гуахъуэ»-м иришхэуи, мэкъумэш Iуэхухэм къыщагъэлажьэуи ущрохьэлIэ. Зэрышхэ гуахъуэм щхьэкIэ кIахэм «цацэ»-щ жаIэр. КIахэ «цацэ»-р нобэ къэбэрдей адыгэм «дзасэ» (вертел, шампур) зыхужаIэращ (кIахэм «цацэ»-м «шампур» купщIэри щиIыгъыу). ТхыдэкIэ укъеплъмэ, зэрышхэ гуахъуэр адыгэм щагъэIэрыхуар дзасэм иужьуэ къыщIэкIынщ. ДзасэмкIэ, псалъэм папщIэ, тхъурыжьхэр ижькIэрэ къыхахыж. Зэрышхэ гуахъуэр щагъэIэрыхуэм зы цIэ гуэр етын хуейуэ къыщIэкIынти, кIахэм «цацэр» трагъэIукIащ, щхьагъэм – «гуахъуэ»-р. ЖытIэр логикэм къыхэкIыуэ жыдоIэ. КъэфIун фиIэмэ, фыкъатхэ!

УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
10👍5🔥3
Номин пэцIурэхэр - Catarrhini - узконосые обезьяны:

1. хьэпэщхъынхэр - Cercopithecidae - мартышковые
2. цIыхутеплъэхэр - Hominoidea - гоминоиды

#Djrz_Псэущхьэ
9👍5🔥3
Щхьагъэ: пхъэIэпэ, пхъэIэбжьанэ, гуахъуэ
КIахэ: куахъо

Щыпкъэр: щхьагъэ “гуахъуэ”-ри кIахэ “куахъо”-ри зы псалъэщ, диэлект къэпсэлъыкIэкIэ зэщхьэщыкIыу. ЗэрыжаIэмкIэ, “гуахъуэ”-р хамэбзэщ, ауэ апхуэдизкIэ ди бзэ къэIукIэм хэзэгъащи, мыадыгэбзэу фIэщхъугъуейщ. “ПхъэIэпэ”-ри “пхъэIэбжьанэ”-ри адыгэбзэщ, дахэщ. ПщIэмэ, пхузехьэмэ, - фIыкъэ-тIэ!
УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
10
«Гурэ гурэ зэрощӏэр» жыӏэгъуэр
Щоджэнцӏыкӏу ӏэлберд зэригъэнахуэр:

Гурэ гурэ зэрощӏэр - цlыхуитlым я плъэкlэ-щlэкlэр зэтехуэрэ зы псагъэм къикlар зэрыщыlэр, гурыгъуазэкlэ зэрызэхащlэр, нэрымылъагъуу къызэрекlуэкlыр пхуэзыlуатэу зы псалъэщ.
🔥116👏1
Номин цIыхутеплъэхэр - Hominoidea - гоминоиды:

1. гибонтеплъэхэр - Hylobatidae - гиббоновые
2. цIыхуфэхэр - Hominidae - гоминиды

#Djrz_Псэущхьэ
5👍4🔥1
Forwarded from CHAPSH
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
In spring/гъатхэм
10👍5🔥4👏4
Forwarded from My circassiantoddler (Dana Remik)
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Lesson 1.26
A lion can run fast
It can jump
But it can't fly :)
12👍5🤔1
ПкъырыкIуэ лъапсэм и къуэпсыжу щыт щхьэпкъыджэ пцэжь пкъынэлынэ зэпкъырылъыкIэ.

Псантхуэ лъапсэ - нервная система - systema nervosum

1. щхьэкуцI - мозговой пузырек - cerebrum
2. тхыкуцI - нервная трубка - nervus funis
3. нэжьей - глазки Гессе - ocelli

#Djrz_Псэущхьэ
15👍5