Djarez Club
888 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
311 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
😍

Сурэтхэр - Нэхущхэ Рустам
16🔥7👍5👏1
Щхьагъэ: вэсэмахуэ, дыгъуаснэхъыпэ
КIахэ: тыгъоснахьып

Щыпкъэр: щхьагъэ къэпсэлъыкIэри кIахэ къэпсэлъыкIэри – адыгэбзэщ. Мыр нэхъ дахэщ жытIэу дыхэдэфынкъым, ауэ диэлектхэм хэт къэпсэлъыкIэхэр тщIэмэ щхьэпэщ: уи бзэ зебгъэузэщIыным хуэлэжьэжыну зыгуэрщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
12👍2👏1
Forwarded from ДЖЭГУ
Джэгужь апщий!

Джылэхъстэней дыщыджэгунущ.

• Тэрч къалэ
• 10.01 18:00
• Ресторан «Берычэт»

Фыкъеблагъэ!
____________
#Джэгу #Тэрч #къафэ #Джылэхъстэней #дыджэгунущ
4🔥3👏2👍1
АдэпIащэхэр - Euarchonta - эуархонты:

1. Тупай хэкIхэр - Scandentia - тупайи
2. ДамэрыпкIэ хэкIхэр - Dermoptera - шерстокрылы
3. ЛIэужьхэр/приматхэр - Primates - приматы

#Djrz_Псэущхьэ
6👍3👏1
Джэгужь апщий!

«Хабзэр фIымэ бзыпхъэфIи трах» жаIэ. Ар къыщIигъэбыдэу апхуэдэщ дыгъуасэ Джылэхъстэней щекIуэкIа джэгур. Джылэхъстэнейхэм «адыгэ щIалэгъуалэм Налщыч щызэхэфшэ джэгур ди хъуэпсапIэщи, фыкъытхуеблагъэрэ дывгъэджэгуамэ арат» щыжаIэм, къалэдэс щIалэгъуалэр зэрыугъуейри Тэрч къалэ ехащ. Ди жылащхьэ къэс дыгъуэпшыхьрейм и мынэхъыкIэу джэгу зэхашэфын хуэдизу ужьыгъуэ Тхьэм дригъахуэ. Мы IуэхуфIым жыпкIэ, пщIантIэпскIэ, гупсысэкIэ хэпшына дэтхэнэри Тхьэм иузэщI.

ДыкъыщIэмыфэн, дыщIэмыджэгун щхьэусыгъуэ жылэкIэ Тхьэм къыдимыт.
23🔥3👍2👏1
Щхьагъэ: нобэ
КIахэ: непэ

Щыпкъэр: щхьагъэ къэпсэлъыкIэри кIахэ къэпсэлъыкIэри – адыгэбзэщ. Адыгэбзэр псалъафIэкъэ-тIэ?!

УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍9🔥43
ЛIэужьхэр/ приматхэр - Primates - приматы:

1. лIэужь пэцIынэхэр - Strepsirhini - мокроносые приматы
2. лIэужь пэгъущIахэр - Haplorhini - сухоносые приматы

#Djrz_Псэущхьэ
8👍3
Щхьагъэ: нэгъабэ
КIахэ: гъэрекIу

Щыпкъэр: щхьагъэ къэпсэлъыкIэри кIахэ къэпсэлъыкIэри – адыгэбзэщ. КIахэ «гъэрекIу»-р «гъэ кIуа» жыхуиIэщ. КIахэм «нэгъабэ»-р и жыIэ хигъыхьэмэ, щхьагъэм «гъэрекIу»-р къищтэмэ- дэгъуэкъэ -тIэ?!

УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍65🔥1👏1