Djarez Club
888 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
311 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Forwarded from djeguako
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Фыкъеблагъэ.
10👏5👍3
Щхьагъэ: пщэдеймыщкIэ
КIахэ: неущмыкI

Щыпкъэр: щхьагъэ къэпсэлъыкIэри, кIахэ къэпсэлъыкIэри – адыгэбзэщ. Мыр нэхъ дахэщ жытIэу дыхэдэфынкъым, ауэ диэлектхэм хэт къэпсэлъыкIэхэр тщIэмэ щхьэпэщ: уи бзэ зебгъэузэщIыным хуэлэжьэжыну зыгуэрщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍54
Дыгъэгъазэщ

Созэрэщу ди дыщэ шу,
Нобэ Дыгъэгъазэщ,
ХъуэхъукIэ доублэ!
Гъэм и махуэр ди бжаблэу,
ЩIым и махуэр тхуэбагъуэу,
Ди хэку жылэжьхэр уардэ унэжьхэу,
Нэхъыжь диIэмэ пщӏэ хуэтщIу,
Ди щIалэхэр гъущӏыпсэу,
Уэрэд жызыIэр ди хъыджэбзу,
Хэкужь махуэрэ, унапIэ махуэрэ Тхьэм дищI.

ЗэрытщIэщи, дыгъэгъазэм и 21-22 жэщ-махуэм гъэ псом къриубыдэу махуэр щынэхъкIэщIщ, жэщыр щынэхъкIыхьщ. Аращ адыгэжьым абы гу лъитэу щIыжиIар: “Дыгъэм зегъэзэж”, е “дыгъэр ещIэжащ” жоуэ. Дыгъэр къеплъэкIыжауэ махуэр щыхэхъуэжкIэ ди пасэрейхэми гухэхъуэ ящыхъурти, Нэхум ехъуэхъурт, еубзэрт.
ЕтIэнэгъэ пIалъэ фIыкIэ Тхьэм дынигъэс!

#Дыгъэгъазэ
13👏3👍2
Forwarded from ДЖЭГУ
Дыгъэгъазэщ!

Нэхурэ хуабэрэ дыщымыщlэу, щlыгумрэ мазэмрэ здэуджыху адыгэ лъэпкъыр ефlэкlуэну дохъуахъуэ!

•Налщыч
•22.12 18:00
•спа-отель «Синдика»
10🔥4👍2👏1
ЩыгъуэщI тхылъ

ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ, дэрэгъурэ гъусэфIу адыгэм диIа Арутюнов Сергей щыIэжкъым. Сергей и щIэныгъэкIи, и цIыхугъэкIи дигъэлъапIэу апхуэдэт. ЛъэпкъкIэ Iуэхутхьэбзэ куэд тхуищIащ, куэдуи дыхуэарэзыщ. ЗдэкIуам Тхьэм щигъэтынш. И ужьыр махуэ тхухъу.

«Djarez» гуп
😢133
Щхьагъэ: дыгъуасэ
КIахэ: тыгъуас

Щыпкъэр: «тыгъуас»-ри «дыгъуасэ»-ри зы псалъэщ – «т»-мрэ, «д»-мрэ захъуэж, щхьагъэм деж псалъэм и кIэм «э» пытщ – апхуэдизщ зэрагъэхьыр.

УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍113
Forwarded from ДЖЭГУ
Дыгъэгъазэ Джэгум и сурэтхэр зэпэщщ:

https://nahush.ru/disk/22-12-2023-adyge-dzhegu-c22dxc
________________________

Нэхущхэ Рустам, уи ӏэщӏагъэм Тхьэм хуигъэгъахъуэ. Фӏыгъуэрэ гуфӏэгъуэ куэдрэ уи нэгу Тхьэм щӏигъэкӏ!

Tg: https://t.me/videokbr
Inst: nahush.ru
🔥76👍3
😍

Сурэтхэр - Нэхущхэ Рустам
16🔥7👍5👏1
Щхьагъэ: вэсэмахуэ, дыгъуаснэхъыпэ
КIахэ: тыгъоснахьып

Щыпкъэр: щхьагъэ къэпсэлъыкIэри кIахэ къэпсэлъыкIэри – адыгэбзэщ. Мыр нэхъ дахэщ жытIэу дыхэдэфынкъым, ауэ диэлектхэм хэт къэпсэлъыкIэхэр тщIэмэ щхьэпэщ: уи бзэ зебгъэузэщIыным хуэлэжьэжыну зыгуэрщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощI, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
12👍2👏1