Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Къетыкъуэ тӏуащӏэ зауэр лIыгъэ тIуащIэт…

1779 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м нобэрей Лафыщхьэблэ (Псыхъурей) и Iэхэлъахэхэм деж Мазибл зауэр щиухауэ щытащ. Мэлыжьыхьуэ ирагъажьэу жэпуэгъуэ хъуху зэуа адыгэр щIэзэуар и щIыгущ, и напэщ, и лъэпкъщ. Зызыгъэпсэхуну тIыса къэбэрдей шуудзэм пщэдджыжьыпэу и шыбэр пахущ, урысым топкIэ къагъэувыхьри, гъэру зыкъэфт жари хуаIуэхуащ. АрщхьэкIэ затакъым! Топым къелар, мыжурэпэмрэ шылъабжьэмрэ ихьыжащ.

1779 гъэт, жэпуэгъуэм ипщӏт.
Нэхулъэр щызэкӏэщӏитхъым, ди къэкӏуэнри зэкӏэщӏэтхъа хъуат. Балъкъ псыхъуэ и ӏэплӏэм хьэдэ изт… Псыхъуэ гуащи щӏалэ щхьэмахуэхэр игъеижт…Шыщхьэмыгъазэхэр адыгэ и бынт, напэхужьт… уанэгу итIысхьэмэ, лIыгъэм хуэшэст, хэкуми хабзэми я гъуазэт, хабзэрэ зауэкIэ гъэпсат(псыхьат).
ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщ. Псэемыблэжу ди хэкур зыхъумахэм я хьэдырыхэ фIы ухъу, дэри, зэрыжылэу, Тхьэм тщимыгъэгъупщэ!
15👍7
Щхьагъэ: чэнджэщ
КIахэ: упчIэжь

Щыпкъэр: щхьагъэ къэпсэлъыкIэр хамэбзэщ, кIахэр - адыгэбзэщ. Къэбэрдей адыгэр кIахэ къэIукIэм техьэмэ фIы хъунт жыдоIэ. «УпчIэжь»-м и щхьагъэ жыIэкIэр «упщIэж»-щ.

УзэрыщIэмэ узэдощI, узэдэщIмэ зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍115
Forwarded from lуэрыlуатэ
Фlэхъус апщий!
Нытlэ, сытми, lуэрыlуатэхэр зэхузохьэс, сыхолэжьыхь, соджыри, сэ закъуэм апхуэдизу куэд зэхэзджыхьащи сымыгуашэмэ си щхьэр тlууэ зэгуэчыну сфlощlри сымыгуашэу хъукъым. Аращи едгъэжьэнщ хуэм-хуэмурэ!
9👍2
ЛъэхъуамбыщIэ хэкIхэр - Euungulata - копытные:

1. ХъуамбитIхэр/ ЛъэбытIэхэр - Cetartiodactyla - китопарнокопытные
2. Лъэгудзэхэр - Perissodactyla - непарнокопытные

#Djrz_Псэущхьэ
👍63🔥1
Щхьагъэ: гуу
КIахэ: быгъу

Щыпкъэр: щхьагъэ къэпсэлъыкIэр адыгэбзэщ, кIахэр - хамэбзэщ. КIахэ адыгэр щхьагъэ къэIукIэм техьамэ фIы хъунт жыдоIэ. «Гуу»-р кIахэ жыIэкIэуи щхьагъэм къыщхьэщыкIыну хъункъым. Дауэ феплърэ?

УзэрыщIэмэ узэдощIэ, узэдэщIэмэ узэдохъу!

#Джэрэз
#Djarez
#Djrz_ЗыБзэ
6👍4🔥1
Хэхъуэ

Ди IуэхущIэгъу Дыджэ Мухьэмэд и унагъуэкIэ хэхъуэ иIэщ. Дыджэхэ къыфхуэхъуа пщащэ цIыкIум и узыфэхэр укIуэди мыкIуэдыжынуэ къэухъу. ЦIэуэ хуэвусар хуэфIын ухъу, жылэкIи щапхъи ирехъу. Ди Мазэ цIыкIу и щIэныгъэр мазэм нэсынуэ, Iэщабэ-Iущабэуэ къэхъунуэ дохъуэхъу.

«Djarez»

#Хэхъуэ
19👍1
В горах Адыгеи проходит этнокультурный лагерь

В Майкопском районе Адыгеи, в живописном месте - у водопадов Руфабго, проходит этнокультурный лагерь «Адыгэ - Хабзэ».

Организатором 5-дневного лагеря является Проектный офис по формированию комплексного подхода к сохранению и изучению адыгского языка, функционирующий на базе АРИГИ им. Т.М. Керашева.

Этнолагерь собрал 50 юношей из Адыгеи, КБР, КЧР, Причерноморской Шапсугии. В насыщенной программе - встречи с представителями научной и творческой интеллигенции, общественных организаций, ведущих ансамблей республики, а также круглые столы, дискуссии, мастер-классы, экскурсии, спортивные походы, вечера танцев - джэгу.

На фото - общение молодежи с политиками, общественниками, актерами Национального театра РА, всадниками-представителями общества «Шыу Хасэ» Адыгеи.

Этнокультурный лагерь проводится в целях привлечения внимания молодежи к историческому прошлому и культурному наследию через формирование знаний об истории своего народа, его языковой культуры, традициях и обрядах, нормах и правилах поведения.
15👍4👏2