КIэдахъуэ гупым и щылъхухэр:
1. Номин щылъхухэр - Primates - приматы
2. Тупэй щылъхухэр - Scandentia - тупайи
3. Дзэгъуашхэхэр - Rodentia - грызуны
4. ТхьэкIумэкIыхь щылъхухэр - Lagomorpha - зайцеобразные
5. Цыжьбанэ щылъхухэр - Eulipotyphla - насекомоядные
6. Дзыгъуэнэф щылъхухэр - Chiroptera - рукокрылые
#Djrz_Псэущхьэ

👍8❤3🔥3
Щхьагъэ: уэ
КIахэ: ошъу
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэхэри щхьагъэ къэIукIэри зы псалъэщ, мащIэу зэщхьэщыкIыу.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ

❤3👍3
Forwarded from Madina Saralp
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Дорогие друзья и жители г.Нальчика, с удовольствием приглашаем Вас посетить предстоящую выставку Мадины Саральп «…В РЕКЕ ВРЕМЕНИ…продолжение», открытие которой состоится 28 сентября в 16.00 в Арт-центре.( 📍ул.Лермонтова 2а, с 11.00 до 19.00чч)
❤12👍2🔥2
Forwarded from Министерство культуры Республики Адыгея
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Светлана Азметовна рассказала проведении празднования Дня национального адыгского (черкесского) костюма.
Главное мероприятие пройдет в Северокавказском филиале Государственного музея искусства народов Востока. Здесь начнётся концертная программа, показ коллекции молодых дизайнеров, выставка изделий мастеров художественных промыслов и национального костюма, викторина. Начало в 17:30, приветствуются участники в национальных костюмах.
Также обсудили первый фестиваль «ДжэгуакIо». Мероприятие проводится Министерством культуры РА и Центром народной культуры РА 29 сентября на базе СДК а. Уляп.
Фестиваль пройдёт в формате традиционного «Адыгэ нысэщэ джэгу», где будут представлены старинные обряды и традиции, а также некогда забытый персонаж адыгских свадеб «Ачъэгъашъо». Каждый желающий сможет принять участие в народных танцах.
#новости_минкульт_РА #РеспубликаАдыгея
Please open Telegram to view this post
VIEW IN TELEGRAM
❤9
Нобэ фащэгъэфIэжщ
Уафэр щымыджэмыпцIэу щIылъэр зэрызэпцI лъандэрэ, гъащIэм щыщщ щыгъыныр, зыхуэпэныр Iэщэ-фащэр, фэилъхьэгъуэхэр. А лъэхъэнэ жыжьэ-пасэрейр нобэрейм къэсыху, ди адыгэм щитIэгъэну щыгъыныпхъэр къызэхих-къызэхищIыкIщ псэущхьэхэм я фэ, яц хуэдэхэр, къэкIыгъэхэр (шыпсыранэр, щIэпыр, джыныгур, н.къ). Ауэрэ, ныбжьыр жьым хэту здэкIуэм, щыгъыныгъуэхэр, фащэхэр я щIыкIэкIэ, теплъэкIэ, къызэхащIыкIкIэ, къыхэщIыкIыкIэкIэ зиужьурэ хохъуэ.
«Зыхуэбгъэфащэр уи фащэу» жиIащ адыгэм, икIи адыгэ фащэр, дауикI, хабзэм къыдэхъуащ. НтIэ, ди цIыхубз фIэрафIэхэм я Iэпэ-IэсагъэкIэ, IэпщIэлъапщIагъкIэ, набзэгубзаплъагъкIэ шу блэкIым бзыпхъэ трахрэ, данэмрэ дыщэмрэ зэхащэу, зэхаджэу, я дыщэидэр щхъэращхъэу, ди фащэр факIуэрэ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми екIуу, ещхьу дыкъахуапэ. ХэткIи щапхъэр фIымрэ дахэмрэщ. Аращ къызыхэкIар адыгэм нэсэпасэу зэригъэпэща фащэ дахэр щапхъэ хъууэ хамэри, хэхэсри къыдэплъу, къыддэплъейуэ щIыщатIэгъар, фащэ щIахуэхъуар. А псор зи фIыщIэ ди адыгэ цIыхубзхэ, хабзэу щыIэр тхуэзыгъафIэ, фIыуэ щыIэм я къуэкIыпIэ, фызэщыхуэпыкIауэ, фызыхуэныкъуэ щымыIэу, фызэхъуапсэ къывэхъулIэу сыт щыгъуи ди жьантIэм Тхьэм фыдигъэс!

❤15🔥2
Щхьагъэ: жэп
КIахэ: чъэпы
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри адыгэбзэщ. Ж/чъ макъхэр щхьагъэ, кIахэ диэлектхэм зэпэхъуу апхуэдэщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ
КIахэ: чъэпы
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри адыгэбзэщ. Ж/чъ макъхэр щхьагъэ, кIахэ диэлектхэм зэпэхъуу апхуэдэщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ
❤6👍6
КIэдахъуэ гупым и щылъхухэр:
7. Зэрыпщхьэжхэр - Pholidota - панголины
8. ХьэжьIужьхэр - Carnivora - хищные
9. ХъуамбитIхэр/ ЛъэбытIэхэр - Cetartiodactyla - китопарнокопытные
10. Лъэгудзэхэр - Perissodactyla - непарнокопытные
11. Лъэгубгъуэхэр - Paenungulata - полукопытные
12. Дзыргъуфэхэр/ пIыргъыфэхэр - Cingulata - броненосцы
13. Пэушияхэр - Pilosa - неполнозубые

❤10👍3🔥1
Къетыкъуэ тӏуащӏэ зауэр лIыгъэ тIуащIэт…
1779 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м нобэрей Лафыщхьэблэ (Псыхъурей) и Iэхэлъахэхэм деж Мазибл зауэр щиухауэ щытащ. Мэлыжьыхьуэ ирагъажьэу жэпуэгъуэ хъуху зэуа адыгэр щIэзэуар и щIыгущ, и напэщ, и лъэпкъщ. Зызыгъэпсэхуну тIыса къэбэрдей шуудзэм пщэдджыжьыпэу и шыбэр пахущ, урысым топкIэ къагъэувыхьри, гъэру зыкъэфт жари хуаIуэхуащ. АрщхьэкIэ затакъым! Топым къелар, мыжурэпэмрэ шылъабжьэмрэ ихьыжащ.
1779 гъэт, жэпуэгъуэм ипщӏт.
Нэхулъэр щызэкӏэщӏитхъым, ди къэкӏуэнри зэкӏэщӏэтхъа хъуат. Балъкъ псыхъуэ и ӏэплӏэм хьэдэ изт… Псыхъуэ гуащи щӏалэ щхьэмахуэхэр игъеижт…Шыщхьэмыгъазэхэр адыгэ и бынт, напэхужьт… уанэгу итIысхьэмэ, лIыгъэм хуэшэст, хэкуми хабзэми я гъуазэт, хабзэрэ зауэкIэ гъэпсат(псыхьат).
ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщ. Псэемыблэжу ди хэкур зыхъумахэм я хьэдырыхэ фIы ухъу, дэри, зэрыжылэу, Тхьэм тщимыгъэгъупщэ!

❤15👍7
Щхьагъэ: чэнджэщ
КIахэ: упчIэжь
Щыпкъэр: щхьагъэ къэпсэлъыкIэр хамэбзэщ, кIахэр - адыгэбзэщ. Къэбэрдей адыгэр кIахэ къэIукIэм техьэмэ фIы хъунт жыдоIэ. «УпчIэжь»-м и щхьагъэ жыIэкIэр «упщIэж»-щ.
УзэрыщIэмэ узэдощI, узэдэщIмэ зы уохъу!

👍11❤5
Forwarded from lуэрыlуатэ
Фlэхъус апщий!
Нытlэ, сытми, lуэрыlуатэхэр зэхузохьэс, сыхолэжьыхь, соджыри, сэ закъуэм апхуэдизу куэд зэхэзджыхьащи сымыгуашэмэ си щхьэр тlууэ зэгуэчыну сфlощlри сымыгуашэу хъукъым. Аращи едгъэжьэнщ хуэм-хуэмурэ!

❤9👍2