Forwarded from Нэтын
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Дыщэ зыхудохьэс, лицензэ дыхуейщ.
Кинотеатырым къэдгъэлъэгъуэну дигу илъщ.
Елажьахэми хуэфащэр яIэрыхьэну сыхуейт.
Реквизитыр:
5536 9138 2627 5121 Магаев Рустам

❤17👍2🔥1
Forwarded from Astemr
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Азгъэм(Абхазия) джэгу щекӏуэкӏам и зы пычыгъуэ.
Лъэпкъкӏэ фыбагъуэу, фефӏакӏуэу, фи хэку фи нып щызефхьэрэ фибзэкӏэ, фи къафэкӏэ, фи пшынэкӏэ вгъафӏэу Тхьэм фигъэпсэу!
Азгъэ-Адыгэ-Абазэ уей-уей

🔥15❤3👍2
ФIэхъусу!
Дауэ хъунт, дауэ щIэнт, бзэм, хабзэм теухуауэ къатх упщIэхэр кIэщIу видеуэкIэ зэпкъырытхыурэ тщIатэмэ, жытIэри дегупсысащ ДжэрэзакIуэхэр. «Гъэм къэкI удзыр зы вым ихъуркъыми, къэхъуну псор зы лIым ищIэркъым жи» адыгэм. Дэри аращ, тщIэ тIэкIур жытIэурэ тщIынщ. ДымыщIэмэ, ари дбзыщIынкъым. Рубрикэм #кIэщIу жытIэри цIэ хуэдусащ.
НокIуэ тIэ, адыгэ!
https://youtube.com/shorts/8QLvW-Zf_58?feature=share

YouTube
#Джэрэз#Djarez#КIэщIу
🔥15👍8❤5
ФIэхъусу!
УпщIэ: уи цIэм уи адэцIэр пыту къэппсэлъыныр емыкIу?
КIэщIу: нтIэ. Нобэ еджапIэхэм, IуэхущIапIэхэм къыщекIуэкI «Хэритон Хьэмидэвич» хуэдэ зыхуэгъэзэкIэхэр ди хабзэм щыщкъым. Укъэзылъхуа уи адэм и цIэм уи цIэр ипэ къыщIихуэн щыIэкъым. НэхъыжьагъкIэ япэу къиIуапхъэр унэцIэрщ, итIанэ адэцIэрщ, ещанэу уи цIэрщ. Псалъэм папщIэ: БищIо Аслъэн ипхъу Iэсият.
ФIыкIэ!
https://youtube.com/shorts/Ps-ygmSwJL8?feature=share
#КIэщIу

#Джэрэз#Djarez#Адыгэбзэ#Кӏэщӏу
🔥10❤4👍3
Нобэ къэгъэзэж и махуэщ (репэтриантхэм я махуэ). Зи Хэку къэзыгъэзэжахэм гу Тхьэм щывигъэхуэж.
Видеуэр нобэ Мейкъуапэ щекӏуэкӏа махуэшхуэ джэгум щыщщ.

❤15
Forwarded from Типичная Адыгея
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Победители сегодняшнего джэгу
❤19👏1
Щхьагъэ: мазэ
КIахэ: мазэ
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ - адыгэбзэщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ

❤6
Forwarded from ДЖЭГУ
Джэгужь апщий!
Зилъыр къэплъу зилъэр жанхэ,
дыДЖЭГУнущ!
• дэпщэщ: 15.08, 17:00
• дэнэ: Къэбэрдей, Налщыч, «Нарт» хьэщӏэщым.
#джэгу #адыгэ #адыгэджэгу #Къэбэрдей #Налщыч #къафэ #адыгэкъафэ #дыджэгунущ

🔥6👍1👏1
Хьэфтырыпщ къуэпсым и щылъхухэр:
1. ПIуэныфэхэр/ ХъапIэхэр - чешуйчатые - Squamata
2. Благъуэ/ Архъуэжь щылъхухэр - крокодилы - Crocodilia
3. ХьэдэбжьымэIу/ Шылъэгу щылъхухэр - черепахи - Testudines
#Djrz_Псэущхьэ

👍12❤2🔥1
Щхьагъэ: дыгъэ
КIахэ: тыгъэ
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ - адыгэбзэщ. Д/т макъхэр зэпэхъущ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ
КIахэ: тыгъэ
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ - адыгэбзэщ. Д/т макъхэр зэпэхъущ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ
❤3🔥3
"Лъапсэ" прэджектым хэлажьэхэм хуэгъэза
Цӏыхугъэр, адыгагъэр, адыгэбзэр щыӏэн, зиужьын и лъэныкъуэкIэ ӏуэхушхуэ фогъэзащӏэ. Адыгэ къуажэ-лъапсэ къэсыхукӏэ зы тхылъ зэтегъэпсыхьа къызытепщӏыкӏыжын, гупсысэ лъэщкӏэ зызыукъуэдиин лэжьыгъэфӏ къывохьэлӏэ. Ӏуэху фыпэрыхьэмэ, фи гуащӏэрэ фи щӏэныгъэрэ хурикъуу, щыӏэныгъэ дахэ фиӏэну дывохъуэхъу
"Djarez” гупым къыбгъэдэкӏыу

👍8❤4
Къуалэбзу къуэпсым и щылъхухэр:
1. Лъатэхэр/ Быбхэр - новонёбные - Neognathae
2. КIуэрыкIуэхэр - бескилевые - Palaeognathae
3. Ерсхэр - плавающие - Impennes

🔥8❤2
Forwarded from Djarez Club
Зы мащIэкIэ узэщIэIэбэжмэ, НИУ «ВШЭ»-м щыщ лингвист Ландер Юрий ди хьэщIат. Нэхъыбэу дыщIызэхуэзар адыгэбзэм и корпIусыращ (зыгуэркIэ бзэ корпIусыр зиIысыр фымыщIэмэ, «корпусная лингвистика» е «corpus linguistics» жыфIи фылъыхъуэ). Юрэрэ и гупымрэ ипэIуэкIэ кIахэ адыгэбзэм и корпIусыр ящIат, иджы дызэгъусэу къэбэрдей диэлектым ейм иужь дихьэмэ тфIэигъуэщ.
НобэкIэ нэхъ лъэщу дызыпылъыр адыгэбзэкIэ тха текстхэр куэду зэхуэхьэсынырщ. Абы щхьэкIэ зы илъэсым щIигъуауэ тхылъхэр скан дощI, текстхэр прэграмэкIэ къытыдохри, щыуагъэу хэтыр дыриплъэжурэ зыдогъэзэхуэж. Щыуагъэ къыщIыхэкIыр скан щIа файлым тет текстыр прэграмэм къыщытыриджыкIкIэ симвэл, тхыпкъ псори захуэу къыхуэлъагъукъым -«м»-р «н»-уэ къыщохъу, «э»-р, «а»-уэ, н. къ. ЗэIуэхущIэгъухэм, зэныбжьэгъухэм тхылъхэр зэхуэдугуэшурэ щIыдоджыкIыж.
ЩIэныр щIэншэщ, зыщIэр мащIэщ. Аращи, «Djarez»-м щIыхьэху доублэ. ФымыпIащIэурэ адыгэбзэкIэ тха тхылъ зэвгъэзэхуэжыну фыхущIыхьэнумэ, фыкъытхуэтхэ. ⬇️
УзэрыщIэмэ - узэдощIэ, узэдэщIэмэ – зы уохъу.

❤5
Forwarded from Djarez Club
«Djarez»-м шIыхьаф тэублэ
БэмышIэу НИУ «ВШЭ-м» щыщ лингвистэу Юрий Ландер тихьэкIагъ. ТызфызэIукIагъэр адыгабзэм икорпус ары (зыгорэкIэ бзэ корпусыр зыщыщыр шъумышIэмэ, «корпусная лингвистика» е «corpus linguistics» ишъутхи, шъулъыхъу). Юрэрэ икупрэ ыпэкIэ кIахэ адыгабзэм икорпус ашIыгъ, джы тызэгъусэу къэбэртэе диалектым ием ыуж тихьэмэ тшIоигъу.
НепэкIэ нахь лъэшэу тызпылъыр адыгабзэкIэ тхыгъэ текстхэр тыугъоинхэр ары. Ащ пае зы илъэс хъугъэу тхылъхэр скан тэшIых, текстхэр программэмкIэ къитэхых, хэукъоныгъэу хэтхэр тырыплъэжьызэ тэгъэтэрэзыжьых. Хэукъоныгъэхэр къызкIыхэкIхэрэр, скан шIыгъэ файлым тет текстыр программэм къызытыриджыжькIэ символхэр, тхыпкъхэр тэрэзэу къыфэлъэгъухэрэп – «м»-р «н»-у къыщэхъу, «э»-р, «а»-у ыкIи нэмыкIхэр. ЗэIофшIэгъухэм, зэныбджэгъухэм тхылъхэр зэфэдгощхэзэ кIэтэджыкIыжьых.
ШIэныр шIэнчъэ, зышIырэр макIэ. Арышъ, «Djarez»-мкIэ шIыхьаф тэублэ. АдыгабзэкIэ тхыгъэ тхылъхэр зэжъугъэзэфэжьын шъулъэкIыщтмэ, шъумыукIытэу шъукъатх.
Узэдэлажьэмэ - узэрэшIэ, узэрашIэмэ - зы охъу.

👍5❤3
🤔6❤2
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
lэпэзэо унагъомрэ Тlэшъу унагъомрэ тыгу къыддеlэу тафэгушlо. Нэсэхэу къафащагъэхэр, нысэ мафэ афэхъунхэу тафэлъаIо!
@gtrk_adygeia
@gtrk_adygeia
👍9❤3
Щхьагъэ: уафэ
КIахэ: уашъо
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэхэри щхьагъэ къэIукIэри адыгэбзэщ. Ф/шъ макъхэр щхьагъэ, кIахэ диэлектхэм зэпэхъуу апхуэдэщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ
КIахэ: уашъо
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэхэри щхьагъэ къэIукIэри адыгэбзэщ. Ф/шъ макъхэр щхьагъэ, кIахэ диэлектхэм зэпэхъуу апхуэдэщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ
❤9🔥2

🔥9👍1