Дыгъэр къепсщ, псым хэпсэри псэр къэхъуащ. (Адыгэ жыIэгъуэжьщ)
ХаБзэ, Дыгъэ, хъуагъэ, гъащIэ, псэ, бзэ, гупсысэ, псалъэ…
Мы гъэ дызэрыхьам "Djarez" гупым Iуэху зыщытщIыжри IэнатIэу дыпэрыхьащ ди щIэныгъэр зэрыпэлъэщкIэ псэущхьэ пкъынэлынэр дгъэнахуэурэ дыубзыхуну. Абы къызэщIиубыдэнущ псэущхьэхэм я лъапсэкIэ, къуэпскIэ, нэгъуэщIхэмкIи зэщхьэщыхауэ, зэтемыхуэу къызэрекIуэкIымрэ щылъху зэхуэмыдэхэм къахэкIыж псэущхьэ пкъынэлынэ фIэщыгъэхэмрэ.
АдэкIэ, уеплъмэ - зэхэщIыкIыгъуэ, уеджэмэ - гурыIуэгъуэ хъун папщIэ тхъарэ тхъыгъэм тетхэжауэ фи пащхьэ къитлъхьэнущ псэм и къежьапIэм щиублэу зэрызэщхьэщыкIыр (Taxonomic rank): зыр зым къытепщIыкIым къыпкъырыкIыурэ и теплъэкIи и зэхэлъыкIэкIи зихъуэжрэ гъэ мелуан бжыгъэкIэ зиублэщIыжурэ къызэрекIуэкIыр.
Иджы бзэм хуегъэзэкIауэ зы псалъэкIэ:
ЦIыхум и Iэр, и щхьэр, и Iэпкълъэпкъыр, и бзэр зэрыIыгъыу, зэдэхъу-зэдэщIу, кIуэ пэтми зиужьу, и Iуэху щIэкIэми хэхъуэрэ иригъэфIакIуэу къэгъуэгурыкIуащ. АтIэ, бзэм зиубгъурэ хэхъуэ зэпыту щекIуэкIкIэ псалъэщIи хуэныкъуэ мэхъу. Апхуэдэм деж бзэм хабзэ иIэщ хэмытыж, IэщIэгъупщыкIа псалъэхэр къищтэжу, и бзэхабзэр имыкъутэу псалъэщIэхэр къигъэхъуу, хуэныкъуапэ хъумэ, хамэбзэ псалъэхэри къыригъэкIуу. Дэри къызэрыдэхъулIэкIэ адыгэбзэм и хабзэм димыкIыу, дытету дызэрылэжьэным дыхэтащ.
Бзэм зимыужьмэ, и пIэм йобэмпIыхь, псалъэхэр мэулъий… Ди гуапэ зэрыхъунщи, дэ ди бзэр мэлажьэ икIи зеужь.
#Djrz_Псэущхьэ

❤7🔥5👍3
«Зырыз пхъэнкIэгъу шъушIы»
Нысэм джэхашъуи ыпхъэнкIырэп, уни зэIихырэп, зегъэдахэшъ екIы. Ныом зэкIэ Iофыр ешIэ. ЛIыжъым иныо риIуагъ: «Нысэр къэкIожьы хъумэ пхъанкIэу уцу, сэ, зыгъэпсэф, ныу, — сIонышъ, пхъэнкIыпхъэр пIысхыщт, — хъурэм теплъын».
ЗэраIуагъэу ашIыгъ. Нысэр къакIоу зелъэгъум, ныом пхъанкIэу ригъэжьагъ. ЛIыжъыр кIэлъырыхьи, упшъыгъ, зэ зыгъэпсэфыба, ныу», — ыIуи пхьэнкIыпхъэр къыIихыгъ. Нысэм, «шъузэмыбэнэу зырыз пхъэнкIэгъу шъушIы, — къариIуи къаблэкIыгъ.
#Djrz_IуэрыIуатэ

❤5👍2
Псэ - биота (жизнь) - Biome - Biota
ЛъапщIэ - домен - Domain - Regio
ЛъапщIэтеж - царство - Kingdom - regnum
Лъапсэ - тип - Phylum - Phylum
Къуэпс - класс- Class - Classis
ХэкI - отряд - Order - Ordo
Щылъху - семейство - Family - Familia
ЛIакъуэ - род - Genus - Genus
ЛIэужьыгъуэ - вид - Species - Species
#Djrz_Псэущхьэ
ЛъапщIэ - домен - Domain - Regio
ЛъапщIэтеж - царство - Kingdom - regnum
Лъапсэ - тип - Phylum - Phylum
Къуэпс - класс- Class - Classis
ХэкI - отряд - Order - Ordo
Щылъху - семейство - Family - Familia
ЛIакъуэ - род - Genus - Genus
ЛIэужьыгъуэ - вид - Species - Species
#Djrz_Псэущхьэ
🔥12👍6❤3👏1
ЛъапщIэхэр:
1. Кугъуэхэр - эукариоты - Eukaryota - Eukaryota
2. КупцIэхэр - прокариоты - Prokaryote - Procaryota
3. УзыпцIэхэр - вирусы - Virus - Virus

🔥8👍4❤2
«Ленс Губзыгъэ»
Иджыблагъэ ехьэжьауэ зы псалъэ кьыщокIуэкI Тыркум «ленс губзыгъэ» жари. Ар сыт жыфIэмэ, нэгъуджэ зыIузылъхьэн зижагъуэхэм мы зи гугъу тщIы ленсыр IэперацэкIэ я нэм щIырагъалъхьэмэ абыкIэ нэгъуджэ зыIулъхьэн гугъуехьым хэкIыжын я гугъэу. ЦIыхухэр абыкIэ нэрыгъ хъуащ, дохутырым щыкIуэхэм куэдрэ щIэупщIэу. Иджыблагъэ дызыхэт щIэныгъэ зэIущIэм дохутырхэр абыи дытепсэлъыхьащи, нэм щIыIуху (katarakt) къытыридзэу Iэперацэ щIын хуей мыхъуа нэужъ, кIуэ аракъэ, «ленс губзыгъэ» жыхуаIэм цIыхухэр а зыщыгугъум хуэду ягу имгъэзэгъэну, е жыжьэр, е гъунэгъур хъэрпшэру иригъэлъэгъуну, абы къыщынэмыщIа нэху къилыдыкI зэпыту щытынкIэ зэрыхъунур къыхагъэщащ. Аращи, фи нэгъуджэхэм фемыпэгэкI, абы зевгъэзэгъ.
Тэгъулан Екъуб
#Djrz_Гъуазэрытхэ

👍4❤2
Кугъуэ лъапщIэм и лъапщIэтежхэр:
1. ХьэIухэр - грибы - Fungus - Fungi/Mycota
2. КъэкIыгъэхэр - растения - Plant - Plantae/Vegetabilia
3. Псэущхьэхэр - животные - Animal - Animalia

👍6❤3
«Чэщым зыгорэ жъугъотыным шъущэгугъа?»
Чэщым тыгъуакIохэр унэ тхьамыкIэ горэм ихьэхи, лъыхъоу фежьагъэх. ЛIыр къэущи къариIуагъ: «Олахьэ, сэ мэфэ нэфэу мыщ зи изгъуатэрэп, шъо чэщым зыгорэ жъугъотынэу шъущэгугъа?»

❤9👍1😢1
Щхьагъэ: джэдэщ
КIахэ: чэтэщ
Щыпкъэр: макъкIэ мащIэ дыдэу зэщхьэщыкI нэхъ мыхъумэ, кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ

❤6👍6