Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
👍2
«Орзэмэджьыкъо Щэбатыныкъо икъэхъукI»

Нат Саусырыкъо лIы рэхъуи, натхэм ящыупащау рэхъугъэ.

Нат Орзэмэджь ишъузэу псэухэзэ, Сэтэнай-гуащэр ятIуанэрэу лъэщыджьэу рэхъугъэ. Ау Сэтэнай-гуащэ лъэщыджьэу зыфэхъугъэр натхэм къафэшIагъэп. Cayсырыкъуи ар игуапэу рэхъугъэп янэу Сэтэнай-гуащэр зэрэлъфэрэр.

Зэгорэм натхэм зэхахыгъ Сэтэнай-гуащэм ыныбэ, илъ сабыим игъы макъэ. Сэтэнаер мылъфэ рапшIэу, а сабый гъы макъэм натхэр Саусырыкъо яхащэу гупщысапIэ хидзагъэх. Натхэр зэфэсхи, гупщысэхэу фежьагъэх, Сэтэнай ыныбэ илъ сабыир зыдахьыни кIодыпIэ фашIыщтым фэшI. Мэфабэрэ чэщыбэрэ зэхэсыгъэхэу Саусырыкъо къыIуагъ:

— Сэтэнай-гуащэм шъэфэу хъумэкIо-плъакIо фэтшIыни, олъфэфэ Iудгъэтын. Зэрэлъфахэу къилъфыгъэр къышIоттыгъуни, пхъуатэм дэтлъхьани, псым хэтыдзэн,— ыIуи.

Натхэр ащыджьэ зэгурэIох. Сэтэнай-гуащэм ымышIэу, хъумэкIо-плъакIо фашIи олъфэфэ Iуагъэтыгъ. Сэтэнай-гуащэр чэщым зэлъфэм сабыир къатыгъуи, натхэм адэжь къахьыгъ.

Натхэр зэфэсыгъэхэу, Саусырыкъуи ахэмэ ахэтэу, сабыим паплъэхэу зэхэсыгъэхэти, пхъуатэм далъхьи псым хадзагъ.

Псым пхъуатэр есыгозэ хым нэси зыхехьам, хыIушъом Iутыгъэ зы нат къолай горэм пхъуатэр ылъэгъуи къыхихыгъ. Зызэтырехым, сабый сIыкIу къыдэкIыгъ,—кIэлэсIыкIу. КIэлэсIыкIум Щэбатыныкъу сIэу фиусыгъ. Щэбатыныкъо хыIушъом щапIугъ, Тенэ зыщыхэлъэдэжьырэм дэжь.

#Djrz_IуэрыIуатэ
👍51
4
Щхьагъэ: бжыхь, чэу
КIахэ: чэу, шIыхьагъэ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэхэри щхьагъэ къэIукIэри - адыгэбзэщ. ТIури пщIэмэ, зепхьэмэ фIыщ, дэгъуэщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
🔥5👍3
8
10👏2
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Ӏуащхьэмахуэ щыгъуэдэщIу мэпсалъэ, мэхабзэ

Адыгэм и гуауэдэх махуэм срищхьэкIуэщ:
"Къэхъуахэм я лейуэ жылагъуэкIэ гуауэшхуэрэ
НыбжьырейкIи ящымыгъупщэ лажьэшхуэщ.
ХабзэжькIэрэ гуауэдэхыу Iэ сэмэгур щаIэт зы махуэщ,
Нобэрей гъащIэр пасэрей Iэужьщи
Псалъэрэ теплъэкIэ зы фэ итыпхъэщ.
ЩыгъуэдэщI пэкIур интернет щIыкIэу зекIуапхъэщи уэру зэгъусэу, зэдэхъуу, зэдэщIу, зэуэ, зыуэ Iэ сэмэгур зэдэфIэт.
Си шэджагъуэнэр зэхудипIалъэщ, сыфпоплъэ, сыфщогугъ".

#Djrz_Гуауэдэх
😢62
Нобэ адыгэм и щыгъуэщӏ махуэщ. Ди япэ ища ди адэжь-анэжьхэм фи хьэдрыхэ нэху Тхьэм ищӏ. Адыгэм ди щхьэ кърикIуар лъэпкъкӏэ лажьэгъунэ тхуэхъунуэ Тхьэм жиӏэ.
16👍2🔥1
Щхьагъэ: бэкхъ, жэмэщ
КIахэ: чэмэщ, былымэщ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэхэри щхьагъэ къэIукIэхэри - адыгэбзэщ. ТIури пщIэмэ, зепхьэмэ фIыщ, дэгъуэщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
7👍2🔥1
Forwarded from 🌐 𝐍𝐚𝐡𝐮𝐬𝐡 𝐓𝐢𝐦𝐮𝐫 𝐋𝐈𝐕𝐄 (𝐍𝐚𝐡𝐮𝐬𝐡 𝐓𝐢𝐦𝐮𝐫)
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
То, что 21-го мая не работали рестораны, ведущие, музыканты и то, что люди не смотря ни на что вышли почтить память предков, погибших за свободу - говорит о том что, чувство собственного достоинства, самоуважение и народное самосознание ещё живёт в сознании нашего народа…

СПАСИБО 💚

Адыгэ лъэпкъыр псощ, тщыгъупщакъым !!!

Огромная благодарность за видео | @ruslankhamukov
🔥95👍3👏1
ЩакIуэхэ я лъэпкъым хуэгъэза щыгъуэщI тхылъ

Куэду гухэщI тщыхъуащ жылэлIрэ лIы пэрыту Хэкум иса ЩакIуэхэ Мусэлы зэрыщымыIэжыр. Мусэлы журнэлист цIэрыIуэу къащIэт, и гуащIи, и щIэныгъи адыгэ Iуэхур ипэкIэ гъэкIуэтэным лъэщу хилъхьэу апхуэдэт.

Мыр зи хэщIыныгъэр ЩакIуэхэ я закъуэкъым, зэрыадыгэ жылэу ди хэщIыныгъэщ.

И хьэдрыхэ нэху Тхьэм ищI. Ди япэ ищам я пащхьэ напэ хужькIэ ихьэжауэ Тхьэм къыщIигъэкI.
👍53😢1
👍2
ЛIэныгъэмрэ адыгэхэмрэ

ЛIамрэ лIэныгъэмрэ хуэгъэзауэ адыгэхэм хуэдизу хуэщIауэ литерэтурэ зиIэ лъэпкъ, Тхьэм ирещIи, дунейм теткъым:

1. «ЦIыху псомикI зы лIэныгъэ пIалъэ яIэщи абыи и лIэныгъэ пIалъэри ара къыщIэкIынщ»
2. «МахуэфIрэ лIэкIафIэрэ» - жаIэ, Iэрызехьэ-зехьэ мыхъууэ и насыпщ»
3. «Псори дыздекIуэлIэжынур аращ, сыт пщIэн…»
4. «Тхьэм шэчыгъуафIэ къыфщищI»
5. «Тхьэм абы нэхъ нэщIэбжьэ фыхуимыгъазэкIэ»
6. «Тхьэм абы нэхъ гуауэ къывимыткIэ»
7. «Тхьэм и хьэдрыхэ нэху ищI»
8. «Тхьэм гуэныхь иIэIамэ къыхуигъэгъу»
9. «Дэ дыхуэарэзыщ, Алыхьри езбы аразы къыхухъу»
10. «Тхьэм жэнэтыр унапIэ хуищI»
11. «Тхьэм жэнэтыр увыпIэ-тIысыпIэ хуищI»
12. «Тхьэм фыщимгъэгъупщэкIэ»
13. «Тхьэм рахьмэтым и нэхъ лъапIэр къырит»
14. «Зы лIэныгъэ пIалъэ зимыIэ щыIэкъым. ЛIэныгъэр псомикI дизэхуэдэщ.
15. Фэ Тхьэм гъащIэ къывит»
16. «Абы нэхъ гуауэ-лажьэ къывимыгъэхъулIэ»
17. «Тхьэм къэнахэри фIыкIэ фыкIэлъигъэпсэу»
18. «ЗдэкIуам Тхьэм увыпIэ дахэ щыригъэгъуэт»
19. «Тхьэм и хьэдрыхэ дахэ ищI»
20. «ЛIэныгъэ дахэм зырикI хэлъкъым, мыр фи унэ щылIащ, Тхьэм къэнахэр дахэу фызэдигъэпсэу»
21. «Тхьэм здекIуэлIэжам и нэфI къыщыхуэ»
22. «Тхьэм здэкIуам щигъэтынш»
23. «Ди Тхьэ лIапIэм псори дыздэкIуэжынур аращи, Тхьэм и гуэныхьыр къыхуигъэгъу»
24. «Зи пащхьэ ихьэжьа ди Тхьэм и нэфI къыщыхуэ».

Тэгъулан Екъуб

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍111
Щхьагъэ: хьэщIэщ
КIахэ: хьакIэщ

Щыпкъэр: макъкIэ мащIэ дыдэу зэщхьэщыкI нэхъ мыхъумэ, кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍5