Щхьагъэ: куэбжэ цIыкIу, Iэбжэ
КIахэ: къэлъэпчъэжъый
Щыпкъэр: адыгэбзэр зэмыфэгъууэ мэпщIыпщI. Уэ лъэпкъ ухъунмэ, ар бзэ пхуэхъунщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ

👍6❤2
«Чэнджэщэгъу зэрыхахар»
Пасэм къуажэхэм чэнджэщэгъу зэрыз яIэуэ щытащ. Апхуэду зы къуажэ гуэрэм я чэнджэщэгъур жьы хъуати, къыриджэхэри ар къажриIащ: «сэ абы аткIэ жьы сыхъуащ, схузэфIэкIыжынукъым, зыгуэрэ хэфх» - жери.
Ар щыжиIэм и къуажэгъухэми «нытIэ, щIалэ губзыгъитI щыIэуэ жаIэри, дэтхэнэр чэнджэщэгъу тщIын?» - жаIащ.
«ТIури къафши дызэхуеплъынщ» - жиIэри, къаригъэшащ.
Къаригъашэщ игъэтIысри: «иджы фэитIум зыр чэнджэщэгъуу фыхахынущи, фызэпеуи фи губзыгъагъэр къэвгъэунахуэ» - жери ар къажриIащ лIыжьым.
«НытIэ, къызэупщI» - жиIащ зым. Адрейми: «Уэ къызэупщI» - жиIащ. ЛIыжьым: «нытIэ, зы гъуджэрэ зы джэдыкIэрэ къэфхь» - жиIэри къаригъэхьащ. ИтIани: «мы джэдыкIэр ипэмцIапIэмкIэ мы гъуджэм тегъэс» - жиIэри зым иритащ.
ЩIалэм ар и пэмцIапIэмкIэ гъунджэм тригъэсын папщIэ куэдрэ иужь ита щхьэкIэ хутемыгъэзагъэуэ езэшри джэдыкIэр адрей щIалэм иритащ «мэ, уэ тегъэзагъэ" - жери.
Мы щIалэми джэдыкIэр и пэмцIапIэкIэ гъунджэм тригъэувэу щиутIыпщыжым джалэри, щыджалэм: «мыр тезэгъэнукъым» - жиIэри занщIэуэ яритыжащ.
Къуажэм «иджы дэтхэнэра мыитIум чэнджэщэгъуу хэтхын хуейр?» - жари лIыжь Iущым щеупщIым моуэ къажриIащ: «зэ телъхьэгъуэм ар абы зэрытемызэгъэнур къэзыцIыхуа мы щIалэращ чэнджэщэгъу фщIынур, адрейм мыхъунур игъэхъуну куэдрэ иужь итащ».
НытIэ аращ, хъугъэмрэ мыхъугъэмрэ зэхэзымыхуф чэнджэщэгъу ящIыркъым.
Тэгъулан Екъуб
(КIэнэтI Селами зэрызэхихам хуэду къызэрижыIажамкIэ)
#Djrz_Гъуазэрытхэ

❤4
Forwarded from Нарт Хэку
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Адыгэ ныпым и махуэм екӏуэкӏа пшыхьым и видео зэпэщащ😍
Куэд дэмыкӏыу икӏэм нэсу ди Ютуб напэкӏуэцӏым къитлъхьэжынущ
Хэт ежьэр?☺️
Фыщыӏа? Дауэ къыфщыхъуа? Фигу ирихьа?

🔥10❤3👍2👏1
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Гуауэдэх Iэ Iэтым и хабзэр
«Хэхэсым 1970 гъэхэм щагъэтыжу хуежьа зы жэнэзы хабзэт мыр...
Хьэдэр щIалъхьа нэужь хэгъэрейхэм я щIыбыр я унэмкIэ ягъэзауэ еувэкIхэт, я кум я лъэпкъ гъунэгъу нэхъыжьхэр яхэту, адрей лъэныкъуэми къекIуэлIа хьэщIэхэр еувэкIырт (иджыри апхуэдэщ), ти... щыгъуэщI нэужь хьэщIэ нэхъыжьхэм зыр ипэкIэ къэкIуатэт, и Iэ сэмэгу и тхьэкIумэм нэс къиIэтырти, дунейм ехыжамрэ къэнахэмрэ щхьа жиIэн хабзэр жиIэрти и Iэр ирихьэхыжурэ елъэшауэурэ икIуэтырт...
Мис мы хабзэр Быжхэ Саим тхьэмадэм дунейм ехыжа Шыгъэлыгъуэхэ Сами щIалъхьэу щеувэкIам деж щигъэлъэгъуэжащ... ЖаIэжу зэхэтхырти, япэрейуэ щытлъэгъуащ...»
Уэтейхэ Iумар
#Djrz_Гуауэдэх

❤5👍2
Forwarded from Нарт Хэку
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Адыгэ ныпым и махуэм тетха видео зэпэщащ икӏи Ютуб напэкӏуэцӏым итлъхьэжащ🥳
Феплъ, лайк тевгъэувэ, фыкъыкӏэщӏэтхэ☺️☺️
https://youtu.be/PbVuj-Xmo6M

❤7👍4🔥1
Щхьагъэ: лъэныкъуэбэкхъ
КIахэ: бгъагъэ
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри - адыгэбзэщ. Псори пщIэмэ, зепхьэмэ фIыщ, дэгъуэщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ
КIахэ: бгъагъэ
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри - адыгэбзэщ. Псори пщIэмэ, зепхьэмэ фIыщ, дэгъуэщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ
❤6
Forwarded from Нарт Хэку
Нэкъыгъэм и 20-м и пщыхьэщхьэм, далэр 17:00 деж щыщӏэдзауэ , "Псэ жыгым" и деж щекӏуэкӏынущ гъыбзэ уэрэдхэм я пшыхь. Абдежым "Нарт Хэку" хасэм и цӏыхухэм жъэрымэ щагъэунущ, ар щызэфӏэкӏ- шэху уэздыгъэхэр пагъэнэнщ, Лъапсэрых зауэжъым зи щхьэ-зи псэ хэзылъхьахэм я фэеплъыу.
Нэкъыгъэм и 21 -м щыгъуэм ехьэлӏа дауэдапщэр пщэдджыжьым далэр 11:00-м Псэ жыгым деж щекӏуэкӏынущ.
Дыноволъэ1у псоми - махуэ лъап1эм и пшыхьым къырихьэл1э псоми хуэфащэ теплъэрэ щытык1эк1эрэ дыфщогугъ, дыкъызыхэк1ар тщымыгъупщэу, дахуэфащэу!
#адыгэ
#урысадыгэзауэ
#русскокавказскаявойна
#1763_1864
#21мая
#circassiangenocide
#circassian
#нальчик

❤14
«Орзэмэджьыкъо Щэбатыныкъо икъэхъукI»
Нат Саусырыкъо лIы рэхъуи, натхэм ящыупащау рэхъугъэ.
Нат Орзэмэджь ишъузэу псэухэзэ, Сэтэнай-гуащэр ятIуанэрэу лъэщыджьэу рэхъугъэ. Ау Сэтэнай-гуащэ лъэщыджьэу зыфэхъугъэр натхэм къафэшIагъэп. Cayсырыкъуи ар игуапэу рэхъугъэп янэу Сэтэнай-гуащэр зэрэлъфэрэр.
Зэгорэм натхэм зэхахыгъ Сэтэнай-гуащэм ыныбэ, илъ сабыим игъы макъэ. Сэтэнаер мылъфэ рапшIэу, а сабый гъы макъэм натхэр Саусырыкъо яхащэу гупщысапIэ хидзагъэх. Натхэр зэфэсхи, гупщысэхэу фежьагъэх, Сэтэнай ыныбэ илъ сабыир зыдахьыни кIодыпIэ фашIыщтым фэшI. Мэфабэрэ чэщыбэрэ зэхэсыгъэхэу Саусырыкъо къыIуагъ:
— Сэтэнай-гуащэм шъэфэу хъумэкIо-плъакIо фэтшIыни, олъфэфэ Iудгъэтын. Зэрэлъфахэу къилъфыгъэр къышIоттыгъуни, пхъуатэм дэтлъхьани, псым хэтыдзэн,— ыIуи.
Натхэр ащыджьэ зэгурэIох. Сэтэнай-гуащэм ымышIэу, хъумэкIо-плъакIо фашIи олъфэфэ Iуагъэтыгъ. Сэтэнай-гуащэр чэщым зэлъфэм сабыир къатыгъуи, натхэм адэжь къахьыгъ.
Натхэр зэфэсыгъэхэу, Саусырыкъуи ахэмэ ахэтэу, сабыим паплъэхэу зэхэсыгъэхэти, пхъуатэм далъхьи псым хадзагъ.
Псым пхъуатэр есыгозэ хым нэси зыхехьам, хыIушъом Iутыгъэ зы нат къолай горэм пхъуатэр ылъэгъуи къыхихыгъ. Зызэтырехым, сабый сIыкIу къыдэкIыгъ,—кIэлэсIыкIу. КIэлэсIыкIум Щэбатыныкъу сIэу фиусыгъ. Щэбатыныкъо хыIушъом щапIугъ, Тенэ зыщыхэлъэдэжьырэм дэжь.
#Djrz_IуэрыIуатэ

👍5❤1
Щхьагъэ: бжыхь, чэу
КIахэ: чэу, шIыхьагъэ
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэхэри щхьагъэ къэIукIэри - адыгэбзэщ. ТIури пщIэмэ, зепхьэмэ фIыщ, дэгъуэщ.

🔥5👍3