Djarez Club
888 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
311 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
МэкъумэшыщIэр, Iэхъуэшыхъуэр гъэм йохъуэхъу

Нобэ гъатхэщ, гъалъхуэщ!
Сохъуахъуэ, сотхьэлъэIу:
Ди тхьэу, Тхьэшхуэ!
Дыгъэпсым, уэсэпсым,
Псы уэрым дыщомыгъащIэ.
Мэшрэ гъэшкIэ, хьэсэрэ гъасэкIэ къытхуэупсэ.

УэщI къэщIу псэхэр къызыхэхъукI.
Псэущхьэхэу:
ХьэкIэри кхъуэкIэри,
Къуалэри бзури,
Хьэпщри хупщри,
Псыхэсри псыхупщри,
Гъуди бадзи,
ЦIыври цIутIри,
ХьэпIацIэри хъумпIэцIэджри,
Къакъэри кIэцIри,
ЦIыху цIыкIури
Псырэ шхынкIэ иригъэкъу.

Ди хъушэхэу:
Iэщыр, Iэбгъэр,
IэщIэ – выщIэр, щIэжьейхэр,
ХакIуапщIэ жэрыбэр гъэбагъуэ.
БжьэкъэпщIыр гъэбати,
Фо хьэкIуэкIэ къыдэтэ.

Адырейуэ:
Ди щIыр гъэтIэпI,
Ди щIанэр гъэкIыр.
Гъагъэ, гъавэ,
Гъуэмылэ, мэкъумылэ,
Жылэ, шхылэ
куэду къэдгъэлэжь.

БатIхэ МатIэ и къуэ Хьэбас (Къылышбий хьэблэ 12.03.1928гъ. къыщалъхуащ) 1996 гъэм, гъатхэ мазэу хъуахъуэу зэхэсхри, нобэр къыздэсым гукIэ къесхьэкIащ. И хьэдэрыхэ дахэ ухъу!

Думэныщхэ Iэулэдин
👍83🔥2
5
Гъэгъащхьэтыхь

Пасэрей адыгэм игъэлъэпIа дауэдапщэхэм ящыщ зыщ гъэгъащхьэтыхьыр.

АтIэ, кIыхьым и кIэщIыр аращи… БэлигъыпIэ иувэ щIалэщIэхэм хъуромэ дауэдапщэр (гъатхэпэм и 21-22-хэм) зэрращIэкIым хуэдэ дыдэу, пасэрейм щыгъуэ бэлигъыпIэ иувэ, зи джэгу хыхьэгъуэ хъуа пщащэ цIыкIухэр хъыджэбзыгъэм хашэрт, хуагъасэрт, хуаущийрт, дауэдапщи иращIэкIыжырт. Гъатхэм, мэлыжьыхьым и тIощIхэм щегъэжьауэ накъыгъэм и тIощIхэм нэсыхункIэ щIыпIэ хэхам (псалъэм папщIэ, ди Адыгеижьым ШапсыгъымкIэ щегъэжьауэ Мэздэгу лъэныкъуэмкIэ Къурей губгъуэжьым нэсыху) и уафэщIыкIэм елъытакIэрэ жылэ, хьэблэ, къуажэ къэсыху нэхъ къыщезэгъ махуэм хабзэр ягъэзащIэт.

Дауэдапщэм и къекIуэкIыкIэр арати, зы къуажэ, зы хьэблэ щыщ зэныбжь пщащэ цIыкIухэр хъыджэбз нэхъыжьыIуи яхэту зэхуашэсырти, гуимэкIэ хъуромэм хэта щIалэщIэ шу гъусэ гупым мэз лъапэ зэщIэгъэгъам нагъэсырт. Гъатхэ псыхыхьэри гъэгъащхьэтыхь уэрэд-уджри абдеж къыщекIуэкIырт…

Щапхъэ мащIэ:

Гъатхэ псыхыхьэ къебжэкI.
«ТхьэщIагъэ гъатхэ,
Псыхыхьэ махуэ,
Си узри, си бзаджэри
Ныджэм къытиунэ».

Гъэгъащхьэ къебжэкI.
«Уей, Уей,
Уэ гъэгъащхьэ умэ,
ГъащIэр зыгъэдахэ,
МыщIэплъыр зи нэвагъуэ,
Дэнагъуэр зи къэухь,
Мэ дахэу къыпхуэщхьэлъэ,
Бгыщхьэ уэсу нэхунэ,
Махуэм къытхуэупсэ,
Жэщым зыгъэпсэху,
Нэхум къыддэтэдж».

ЕтIанэгъэ пIалъэ фIыкIэ дызэхузэ!
5👍3👏1
«Щхьэмыгъэуз»

1968 гъэм си шынэхъыжъ дыдэм къыщыхуэтшэм къатшэ нысэм, Егъэн Расим и пхъум я унагъуэр Iэнкэра къалэм дэсти, нысашэр абы щытщIын хуей хъуат.

ЩIымахуэт, нобэ хуэду шылэ мазэм диту, иджы хуэдэтэкъым нытIэ абы щыгъуэ щIымахуэхэр - нэхъ ткIийт икIи зыщIыпIэ уикIыу зыщIыпIэ укIуэныр нэхъ къыин хъурт, ауэ нысашэ щыуиIэкIэ умыкIуэнри Iэмалыншэт. Сытми, си шынэхьыжьымрэ сэрэ - зэшхэм нэхъыщIитIыр си адэшхуэ дыкъыбгъэдагъанэри унагъуэр зэрыщыту нысашэм Iэнкэра кIуащ.

Ди нэр къижрэ ди нэр къикIыу ди закъуэпцIий унэм дкъыщIэнат ауэ «щхьэмыгъэуз» къытхуагъэнат, си анэм джэдитI тхуиукIщ бжьыныхукIэ иушийри пхъуантэм дилъхьат. Джэд гъэвар щхьэмыгъэуз тхуэхъуат, ауэ ди гури ди псэри нысащэмкIэ щыIэт.

А льэхъанэм адыгэхэм къалэхэми джэгу щIащIу къырагъэжъати салон джэгу жаIэт ахэм щхьэкIэ, а ди нысашэри «салон джэгу ящIащ» жаIэурэ зыкъомрэ ягъэхъыбарыжащ, зэш нэхьыщIитIми щхьэмыгъэузыр дигу къинэжащ.

#Djrz_Гъуазэрытхэ
3
Щхьагъэ: пщIантIэ, Iуэгу
КIахэ: щагу, Iэгу

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэхэри щхьагъэ къэIукIэхэри - адыгэбзэщ. Псори пщIэмэ, зепхьэмэ фIыщ, дэгъуэщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍71
«Елмырзэрэ Хьэсэнрэ»

Елмырзэрэ Хьэсэнрэ куэду я дуней тетыгъуэу Хэкум щыпсэу зэкъуэшитIт бжьэдыгъу адыгэхэм ящыщу.
ЕтIыуанэ Дунейпсо Зауэм Сэвет Сэюзым и дзэм хэтхэу Кэфказым къизэрыгуа нэмыцэ биидзэм пэщIэт пэтрэ гъэру яубыдри, минищэ бжыгъэу гъэру яIыгъ адрей сэвет дзэлIхэм яхэту Европэм щыIэ гъэрыпIэхэм гуп гупу яшэри ягъэтIысат…

📲 Тхыгъэр «Djarez»-м и ВКонтакте-м къыщыпыдощэ - https://vk.com/wall-91320497_5963

#Djrz_Гъуазэрытхэ
3👍1
Щхьагъэ: куэбжэ
КIахэ: къэлапчъ

Щыпкъэр: псалъэхэм я япэрей пычыгъуэхэр зэхуэмыдэу къэхъуами бжэ/пчъэ жыхуиIэ Iыхьэр зэхуэдэу хэтщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
3👍2🔥2👏1
👍2
«Нарт Лъэпшърэ Хъудымыжърэ»

Нарт Хъудымыжъ, Рязанскэм ыпшъэджэ, Нарт Iалэдж зыдэщысыгъэм, нартымэ ягъукIэу щысыгъ. Лъэпшъ Едэпсыкъоешкомэ адэжьы
«ГъучIыпцIый Iуашъхь» зыфаIорэм щысыгъ. ТIори гъукIэ Iазэхэу, а зы уатэмджэ зэдэгъукIэхэу щытыгъ.
Зы уатэ щэхъу яIагъэп. Уатэр къызэфадз-зэфадзыжьызэ гъукIэтыгъэх.

Хъудымыжъ гъучIэр егъэплъыфэ нэсы, уатэр Лъэпшъы къыфидзыти гъукIэтыгъэ. Лъэпшъ гъучIэр егъэплъыфэ нэс, Хъудымыжъы уатэр къыфидзыти гъукIэтыгъ.
Зы мафэ горэм Лъэпшъы имыхэбзагъэу уатэр къыгъэгужъуагъ.

— Мыщ фэдэ ышIэу Лъэпшъы ихэбзагъэп, зэ сыкIон, икъэбар къызэзгъэшIэн, — ыIуи Хъудымыжъ Лъэпшъы дэжь къэкIуагъ.

Хъудымыжъ Лъэпшъ дэжь дахьи епсыхыгъ. Лъэпшъы кIэупчIагъ зыдэщыIэмджэ.

— Иныжъмэ ешкэ-ешъо яIэти къеджэхи ащагъ, ащ щымыIэмэ тшIэрэп, — аIуи къыраIуагъ.

— Хэты ышIэрэ адэ ар?

КIалэ горэм: «Сэ сэшIэ», — ыIуагъ.

— Ащыгъум хэгъырэи къысфэхъу.

— Бэу сыпфэхъун, ами сыкIомэ сшIоигъуагъ, — ыIуи гъусэ къыфэхъугъ.

Нарт Хъудымыжърэ игъусэрэ Лъэпшъ зыдэщыIэ ешкэ-ешъом къэкIуагъэх, рагъэблэгъагъэх. Хъудымыжъы нахь цIэрыIо хэкум исыгъэп. Уджэр агьэуцуи, Хъудымыжъ къызэрахэхьагъэмджэ кууакIор агъэкууагъ, уцупIэ фашIыгъ. Уджыр рагъэжьэжьыгъ, Хъудымыжъы кууакIор къырагъэкууагъ:

— Нарт Хъудымыжъ, ууджынэу игъо алъэгъугъ! — ыIуи. Хъудымыжъы: — Сыуджыт, ау сыпсынкIаIу, зыгорэ стамэ темытымэ хъутэп, — ыIуагъ. Уджым ахэкIи, кIыщым цуий кIэтэу, пхъэIашэр аригъэгъэцэкIэжьын ыгу
хэлъэу зыгорэм къыIуищагъэу Iутыти, пхъэIэшэ цуиер кIыщым ригъэзыхьи, пчъэр ыгъэпытэжьи, ытамэ тыригъэуцуи уджым къахахьи цые маистэ цокъэ кIыпцIэмэ къызэрышъотым имыIахьлыягъэу нарт Хъудымыжъ къэшъуагъ — уджыгъэ.

Уджы зэхъум нарт Хъудымыжъ чIыгор ыбгъапэ нэсэу рифыгъ иныжъымэ агъэшIагъоу.

— Хъугъэ, уцужь, нарт Хъудымыжъ, тхьауегъэпсэу! — aIo къекIолIагъэмэ, — ыIуи кууакIор кууи, нарт Хъудымыжъ ыгъэуцужьыгъ.

Нарт Хъудымыжъ зэуджым риутыгъэр къыкIуахьыгъ.

А пчэгор джы къызынэсыгъэми нафэу Къунчыкъохьаблэ иI. Нахьыпэджэ хэгъуашъхьэтыгъ, джы къуаджэр тесы хъужьыгъэ.

А чIыпIэм — «Нарт Хъудымыжъы иуджыпI» — paIo.

#Djrz_IуэрыIуатэ
👍41
Щхьагъэ: куэбжэ цIыкIу, Iэбжэ
КIахэ: къэлъэпчъэжъый

Щыпкъэр: адыгэбзэр зэмыфэгъууэ мэпщIыпщI. Уэ лъэпкъ ухъунмэ, ар бзэ пхуэхъунщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍62
«Чэнджэщэгъу зэрыхахар»

Пасэм къуажэхэм чэнджэщэгъу зэрыз яIэуэ щытащ. Апхуэду зы къуажэ гуэрэм я чэнджэщэгъур жьы хъуати, къыриджэхэри ар къажриIащ: «сэ абы аткIэ жьы сыхъуащ, схузэфIэкIыжынукъым, зыгуэрэ хэфх» - жери.

Ар щыжиIэм и къуажэгъухэми «нытIэ, щIалэ губзыгъитI щыIэуэ жаIэри, дэтхэнэр чэнджэщэгъу тщIын?» - жаIащ.
«ТIури къафши дызэхуеплъынщ» - жиIэри, къаригъэшащ.

Къаригъашэщ игъэтIысри: «иджы фэитIум зыр чэнджэщэгъуу фыхахынущи, фызэпеуи фи губзыгъагъэр къэвгъэунахуэ» - жери ар къажриIащ лIыжьым.

«НытIэ, къызэупщI» - жиIащ зым. Адрейми: «Уэ къызэупщI» - жиIащ. ЛIыжьым: «нытIэ, зы гъуджэрэ зы джэдыкIэрэ къэфхь» - жиIэри къаригъэхьащ. ИтIани: «мы джэдыкIэр ипэмцIапIэмкIэ мы гъуджэм тегъэс» - жиIэри зым иритащ.

ЩIалэм ар и пэмцIапIэмкIэ гъунджэм тригъэсын папщIэ куэдрэ иужь ита щхьэкIэ хутемыгъэзагъэуэ езэшри джэдыкIэр адрей щIалэм иритащ «мэ, уэ тегъэзагъэ" - жери.

Мы щIалэми джэдыкIэр и пэмцIапIэкIэ гъунджэм тригъэувэу щиутIыпщыжым джалэри, щыджалэм: «мыр тезэгъэнукъым» - жиIэри занщIэуэ яритыжащ.

Къуажэм «иджы дэтхэнэра мыитIум чэнджэщэгъуу хэтхын хуейр?» - жари лIыжь Iущым щеупщIым моуэ къажриIащ: «зэ телъхьэгъуэм ар абы зэрытемызэгъэнур къэзыцIыхуа мы щIалэращ чэнджэщэгъу фщIынур, адрейм мыхъунур игъэхъуну куэдрэ иужь итащ».

НытIэ аращ, хъугъэмрэ мыхъугъэмрэ зэхэзымыхуф чэнджэщэгъу ящIыркъым.

Тэгъулан Екъуб
(КIэнэтI Селами зэрызэхихам хуэду къызэрижыIажамкIэ)

#Djrz_Гъуазэрытхэ
4
Forwarded from Нарт Хэку
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Адыгэ ныпым и махуэм екӏуэкӏа пшыхьым и видео зэпэщащ😍

Куэд дэмыкӏыу икӏэм нэсу ди Ютуб напэкӏуэцӏым къитлъхьэжынущ

Хэт ежьэр?☺️
Фыщыӏа? Дауэ къыфщыхъуа? Фигу ирихьа?
🔥103👍2👏1
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Гуауэдэх Iэ Iэтым и хабзэр

«Хэхэсым 1970 гъэхэм щагъэтыжу хуежьа зы жэнэзы хабзэт мыр...
Хьэдэр щIалъхьа нэужь хэгъэрейхэм я щIыбыр я унэмкIэ ягъэзауэ еувэкIхэт, я кум я лъэпкъ гъунэгъу нэхъыжьхэр яхэту, адрей лъэныкъуэми къекIуэлIа хьэщIэхэр еувэкIырт (иджыри апхуэдэщ), ти... щыгъуэщI нэужь хьэщIэ нэхъыжьхэм зыр ипэкIэ къэкIуатэт, и Iэ сэмэгу и тхьэкIумэм нэс къиIэтырти, дунейм ехыжамрэ къэнахэмрэ щхьа жиIэн хабзэр жиIэрти и Iэр ирихьэхыжурэ елъэшауэурэ икIуэтырт...

Мис мы хабзэр Быжхэ Саим тхьэмадэм дунейм ехыжа Шыгъэлыгъуэхэ Сами щIалъхьэу щеувэкIам деж щигъэлъэгъуэжащ... ЖаIэжу зэхэтхырти, япэрейуэ щытлъэгъуащ...»

Уэтейхэ Iумар

#Djrz_Гуауэдэх
5👍2