Djarez Club
888 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
311 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
👍2
«Бжьыхьэ»

ЦIыхур дэнэ щыIэми щалъхуа, щапIа щIыпIэхэр игу къыредзэ. Истамбыл мы и бжьыхьэ махуэм Iузунейлэ и бжыхьэм теухуауэ Къардэн Ремзи къызжиIэжауэ щыта зыгуэрэ сигу къигъэкIыжащ:

«Iузунейлэм и пэм шыр куэду щызэрахуэуэ щытащ. Шокъурэ щыкIуэуэ щытар адэ нэхъ ипэжхэрат, ар сэ щIагъуэ сщIэжыркъым, ауэ сэ къызэрысщIэжымкIэ, Бешкъэзакъхьэблэм, ХьэпэщIейм, ЛIыгъурхьэблэм, Мэчэнейм яшхэр зэхэту Псынащхьиблым щагъэхъут, шы хъушэр гъатхэр зэрикIыуэ дэкIынти, гъэмахуэ псом бжыхьэ хъуху губгъэм иту ягъэхъут. Бжьыхьэм шыхэр яутIыпщыжырти, гуп гупыурэ уэс къесыху губгъэм итурэ, уэс къызэресу псори, пщIэгъуалэр япэ иту, езбы я пщIантIэм езыр езыру кIуэжти дэувэжт.

БжьыхьэкIэм утIыпщауэ губгъэм щитым шыхэм дыгъужь къащыхыхьэй хъут. Шы гупыр (хакIуапщIэр) хакIуэрат зыхъумэри, дыгъужь къазэрыхуэзэуэ хъурейуэ зэхэувэхэти, хакIуэр дыгъужьым пэувурэ шыхэм къыхигъэхьэтэкъым.

ХакIуэм сопэм сыкъопэм жиIэурэ ишийуэрэ дыгъужьым и пэр иригъэубыдыну Iэмал иIэтэкъым, мыхъумэ IэщIэкIуэдэнут, арати дыгъужьми ар ицIыхути хакIуэм ипэм и дзэхэр зэрыхисэным иужь итт, дыгъужьым шыщIэхэрат тегушхуэгъуафIэ нэхъ ищIу ишх хабзэр»

Тэгъулан Екъуб

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍62
Щхьагъэ: дэкIуеипIэ
КIахэ: дэкIояпIэ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ.

Уадыгэмэ, уи бзэри зыкъэ тIэ?!
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍71🔥1
«Нарт ШэрэлIыкъу»

Нарт ШэрэлIыкъо хыIушъом Iутэу зиплъахьызэ зыгорэм къылъэгъугъ. Иинагъэрэ игъэпсыкIэрэ шIошIагъоджэ Iэш-лъэшджэ къыриIорэ ригъашIи, хым рищи ядыжьы ыщагъ. Ар пэмыкI къэралыгъуагъ. Лъэшэу агъэшIагъоу цIыфыбэ къекIугъ. ЦIыфхэр еплъыгъэх. Бэрэ къыщагъэIагъ. Шъуашэ къыфашIынэу аIуи шъхьайджэ, фэшIоу ашIын шэкI агъотыгъэп. ШэкIэу агъотыгъэр къыратыгъ:

— УкIожьымэ хэгъахъори шъуашэ ягъэшI, — аIуи.

А лъэхъанэм натырыфэри къыратыгъ.

— Дахьри шъуихэгъэгуджэ шъушъхьэпэн, — аIуи.

Ащ пэджэ Нарты натырыф илъыгъэп, зилIэужэри ашIэтыгъэп.

#Djrz_IуэрыIуатэ
5👍1
Щхьагъэ: щхьэгъубжащхьэ
КIахэ: шъхьангъупчашъхь

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ.

Уадыгэмэ, уи бзэри зыкъэ тIэ?!
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍62
«ЗылIым Iуэхуищ евмыт»

Iузунейлэ адыгэ къуажэхэм къуажэ Iуэхухэр зэригъакIуэуэ нэхъыщхьэуэ цIыхуищ дэсу щытащ: мухътаркIэ зэджэ къуажэ унафэщIыр, ефэндыр, зыри къуажэ хъумакIуэр. Къуажэ унафэщIыр пIалъэкIэрэ Iэ IэткIэ хашти къуажэмрэ къэралыгъуэмрэ зэпызыщIэ Iуэхухэр зэригъакIуэт. Къуажэ ефэндым нэмэз яригъэщIу, диным пылъ нэгъуэщI Iуэхухэр зэригъакIуэуэ щытт, къуажэ хъумакIуэми губгъэм ит мэкъу-мэшхэр ихъумэт, Iэщхэм зэхыримгъэутэу.

Зы махуэ гуэрэ зы хъыбар щыIуащ жылагъуэм: Къунашхьэблэ и ефэндымрэ и унэфэщIымрэ я лъакъуэр къутащ, къуажэм и мэкъу-мэш хъумакIуэри яхэту, жари. Зэхэзыхахэм «Iэхъу, ар дау хъун?!» - жари ягъэщIэгъуащ - «щыми зэуэ я лъакъуэр къутэу» жари куэдым ар я фIэщ хъуакъым.
Къунашхьэблэ Хьэж ИсуфкIэ еджэу зы лIы зэкIэлъыкIуэ дэст, жылагъуэм щыцIэрыIуэу. Хьэж Исуф къуажэм и унафэщIт, икIи и ефэндыт, икIикI и хъумакIуэт. Зы махуэ гуэрэ мэкъу-мэшым кIэлъыплъыну губгъуэм кIуауэ къэкIуэжрэ пэт зытес шым къохуэхри и лъакъуэр екъутэ. Ерагъыуэ къотэджыж и шым зыкъытыредзэжри, и унэм къокIуэж.

Исуф и лъакъуэр шхауэ пIэм къыхэнат дахэдахэуэ Iуэхуи дэлъи хуэмыщIэжу. Къуажэ Iуэхухэр зэрыщыту къэнат унафэ зыщIын ямыгъуэту, нэмэз язгъэщIын ямыIэу, мэкъу-мэшыр зыхъумэн щымыIэжу.

Къуажэм цIыхуищыми я лъакъуэр къутащ жаIэуэ гушыIэуэ а хъыбарыр щIагъэIуар арат. Исуф и лъакъуэ къутар хъужыху къуажэр икъукIэ гугъу ехьащ, ауэ абы иужькIэй Iуэхуищ зылI ипщэ иралъхьакъым, Iуэху зэрыз цIыху зэрызым ирата фIэкIа.

Тэгъулан Екъуб

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍61
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
@astemrism «Djarez»-м и Адыгэбзэ кIуурсым хуэщIа сурэтхэм йолэжь

Пшыналъэр: КIытхэ Тимур
🔥111
«Нартхэмрэ спы цIыкIухэмрэ»

Нартымэ ялъэхъаны тэ тилъэныкъо иныжъхэри спы цIыкIухэри исыгъэх. Иныжъым ыпэ къикIырэ жьым спы цIыкIур зэрилъасэщтыгъ.

— Сы пшIэрэр? — иныжъым ыIощтыгъ.
Бэщ сштэны, сыоон сихьисап! — спы цIыкIум зиIокIэ, адырэм кIаIэщтыгъ.

Иныжъхэр лъэшэу къэрабгъэщтыгъэх.

#Djrz_IуэрыIуатэ
👍73🔥1
Щхьагъэ: жьэгу
КIахэ: джэныкъу

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри - адыгэбзэщ. ТIури пщIэмэ, зепхьэмэ фIыщ, дэгъуэщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
3👏1
«Иужьырей къафэ»

Иужьрей къафэр иуха нэужь утыкум ит щIалэхэм язым Кэзибан иIыгъ пшынэ плъыжьыр къыIырихри зы лъэныкъуэкIэ уващ. Кэзибан жэщ псом и закъуэпцIий джэгу яригъэщIа пэтрэ зи езэша хуэду щыттэкъым. Пшынэр игъэтIылъа нэужь зыхэт хъыджэбз гупым къыхэкIри тIэкIу ипэкIэ уващ. ИкъукIэ зыщыгугъыжу а фэр тетт. Ныщхьэбэ къэхъуа псом нэужь абы жиIэнум чэтым щIэт зэпсори хуэпабгъэт. Сыту пIэрэт Кэзибан иджы жиIэнур? Щым джэдыкIампIэ жыхуаIэм хуэдэуэ, цIыхур щIэубауэ зыщIэт чэтым макъ зыри щызэхэпхтэкъым.

ЛIот нытIэ жэщ джэгу щащI чэтым ныжэбэ къыщIэхъухьар?

Уэрдым Кэзибан хъыджэбз псыгъуэ кIыхь къамылыфэт. Ибг псыгъуэм къекIуэкI дыжьын бгырыпхымрэ и лъапэм къэс дыщэпскIэ гъэщIэрэщIа и бохуцей кIыхьымрэ узэIэпишэт, апхуэдизкIэ дахэти. Щыгъын дынкIэ Iэзэти, и бохуцейхэри езбы идыжт, езбы хидыкIыжт…

Тхыгъэр «Djarez»-м и ВКонтакте-м къыщыпыдощэ - https://vk.com/djarez.club

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍32
«Натрыф» зыкIаIуагъэр

Нартхэр иныгъэх, кIочIэшхуагъэх, пелыуаныгъэх. ЗэонымкIи IофшIэнымкIи бэлахьэу щытыгъэх. ЗэраIорэмкIи ахэр ары тэ тызытекIыгъэр. Нартхэм яшIугъоу, лажьэмэ шхэжьхэу, хасэхэр ашIыхэмэ санэм ешъохэу, хъохъу шIагъохэр къаIохэу щытыгъэх. Арэущтэу яшIугъоу зэхъум, тхьэм елъэIугъэх нартхэр:

— Тэ тыбгъэкIодыщтыми тцIэ рыраIожьынэу, агу тыкъырыкIыжьынэу, шхыни тфэхъунэу лэжьыгъэ горэ къытфэгъэкI — аIуи.

Арыти, тхьэм нартхэр зэрэлъагэм фэдэу лъагэу, итеплъэкIи ахэр угу къыгъэкIыжьынхэу шъхьэхэр готхэу, шъхьэмэ цэхэр атетыжьэу къыгъэкIыгъ. Ащ нартмэ «нартфыгъу» раIуагъ, ежьмэ а лъэхъаным фыгъор ащIэу щытыгъэти.

Арары «натрыф» зытраIукIынэу хъугъэр!

#Djrz_IуэрыIуатэ
2👍2
Forwarded from Нарт Хэку
Ди гуапэу дауэдапщэм хэтынухэр фи пащхьэ идолъхьэ 💚

Бэчхэ Азэмэтрэ Беслъэнейхэ Ренатэрэ, Тхьэкӏумащӏэхэ Аслъэн, Хьэхъупащӏэхэ Амырхъан, Щокъуийхэ Мурат, Къуэдзхэ Залым, Хьэтыхъухэ Аскэр, Мэремыкъуэхэ Резуан, ӏэбейхэ Рустам, Теунэхэ Джэмал, Теркъулхэ Астемыр, Гъукӏэхэ Ислъам (Къэбэрдей гуп), Щӏанкӏэхэ Темырлан, Иуанхэ Бетӏал, Хьэхъупащӏэхэ Астемир.

Езыгъэкуэкӏыныр Нэхущхэ Тимурщ


@nahush07
@betal_ivanov
@aza_bek
@azabekirenata
@amirkhankhavpachev
@aslan_thakumachev_
@rezuan_maremukov
@abaev_rustam07
@zalim_kodz_
@islam_gukov
@kabardey_gup
@jamal_teunov
@muratshokuev_
@astemir.terkulov
@shankov_temirlan
@asker_khatukhov_official_
@astemr.ism
3👍3
Нобэ адыгэм ди ныпгъэфIэжщ!

УэщIыр щыIэху ди ныпымрэ лъэпкъымрэ зэщIыгъурэ зэдэщIу щыIэну дохъуахъуэ!
🔥184👍2👏1
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Адыгэ ныпыр мэпсалъэ, мэхасэри мэхабзэ!

СыщхъуантIэурэ, Адыгэ Хэкужьым сринэщэнэщ!
СыщхъуантIагъэмэ, гъащIэм, гъатхэм, щIалэгъуэм, бэгъуэным сыхуонэщэнэ.
Бжыгъэ гъэнэхуаурэ "ПЩЫКIУТIЫР" Iэпкълъэпкъ зэкIуж узыншэм и нэщэнэщ.
Си вагъуэ пщыкIутIырщи, АДЫГЭ ЛЪЭПКЪЫЩХЬЭР зэдэурэ зэкIужу щыIэным и нэщэнэщ.
Хабзэгъэнэхуаурэ си "ЩЫ"-рамэ, уэщIым и мафIэ жылэм, жьы жылэм, псы жылэм я нэщэнэщ.
Шабзэмэ - адыгэ лIыхъущхьэм и нэщэнэфIщи,
Си шабзэшищыр хуитыныгъэм, захуагъэм, щыпкъагъэм я нэщэнэщ.
Дыщэурэ си дыщафэзэрылэр дыгъэм, нэхугъэм, лъэщыгъэм я пкъыдэщI-фэдэщIи.
10