«ПэрыIэмбэ»
ФIыуэ щIащ «дэ игъащIэм пэрыIэмбэм дыдэлъащ» жери ар жиIэгъат зы адыгэ лIыжь гуэрэм. Ар зыхужиIэр езбы ирихьэкIа гъащIэрат, хьэурэ лъэпкъым псоми щхьэкIэт - ар сщIэкъым, ауэ нобэ согупсысыжыри, лъэпкъкIэ куэд лъандэрэ пэрыIэмбэм дызэрыдэлъыр ар пэжщ.
ПэрыIэмбэм зэ удэхуэмэ, пэрыIэмбэр зыIыгъым зэрыфIэфIщ, мафIэм упэрилъхьэнщ, упэрихыжынщ, аткIэ уихьынщ, мыткIэ уихьынщ, удэкъузащ, уи щхьэ ухуитыжкъым.
«ПэрыIэмбэм дэлъым» къыщынэмыщIауэ «пэрыIэмбэ» дыщыхъуи куэдщ. ПэрыIэмбэр зыIыгъым зыхуей, зыхуэфIхэм дыригъэзэщIакIуэуэ.
Тэгъулан Екъуб
#Djrz_Гъуазэрытхэ

👍3❤2
ЗытраIуа Iэнэ
АдыгагъэкIэ къекIуэкI зэхущытыкIэм къыпкъырыкIыу хабзэ хъуж IуэхущIафэщ дауэдапщэ Iэнэхэр. Абыхэм ящыщ зыщ зытраIуа Iэнэри.
Iэнэ дауэдапщэм къыдэкIуэу, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я кум дэлъ хабзэмрэ псэукIэмрэ теухуауэ ди нэхъыжьыфIхэм къытхуаIуэтэжа зы ущие щыгъуазэ фытщIынщ.
«Нэхъыжь здэщыIэм нэхъыщIи щыIэщ», - жиIащ адыгэм. Жылагъуэр зэдэхъурэ-зэдэщIу, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я зэхущытыкIэр зытегъэпсыхьауэ, щIалэгъуалэр гъэсарэ хабзэкIэ убзыхужауэ щыIэн, псэун папщIэ нэхъыжьым куэдыр елъытащ, япщэ къыдэхуэри нэхъыбэжщ.
ЖыIэпхъэщ, нэхъыжьым пщIэшхуэ къилэжьрэ къилэжьари хуащIэжу, я псэукIэрэ, я кIуэкIэ-щIэкIэкIэ щIэблэм, щIалэгъуалэм дежкIэ щапхъэ хъуурэ къызэрекIуэкIар.
Ар щхьэкIэ “сынэхъыжьщ” жыпIэу унафэ пщIыуэ ущыс къудейкIэ ирикъуркъым, икIи зэфIэкIыркъым, атIэ ищхьэмкIэ зэрыжытIащи, нэхъыжьыгъэм пщIэ щигъуэтыр цIыхугъэкIэ, адыгагъэкIэ, лIыгъэкIэ, лэжьыгъэрэ щIэныгъэкIэ упэрытрэ узэпэщмэщ.
Тхыгъэм къыкIэлъыкIуэнущ…
#Djrz_Iэнэ

🔥4👍2❤1
Щхьагъэ: унащхьэ
КIахэ: унашъхьэ
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ.
Уадыгэмэ, уи бзэри зыкъэ тIэ?!
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ

👍3❤1
❤4👍2🔥1
ЗытраIуа Iэнэ
Иджы IэнэмкIэ дгъэзэжынщ. ЗытраIуа Iэнэ жыхуаIэр нэхъыжьхэм я фIэрэфIагъэм къыхэкI гуапащIэ Iэнэщ. «ФIым фIы къешэ» жаIэрти, щIэблэр, щIалэгъуалэр лэжьыгъэм, Iуэху щIэкIэм псалъэ дахэкIэ хашэурэ ягъасэрт, Iэнэ теIуакIи ягъэгугъэрт. Апхуэдэхэурэ щIалэгъуалэм я IэщIагъэ, я щIэныгъэкIэ гухэхъуэу зыпэрыхьа IэнатIэр нэсу ягъэзэщIэф хъуа иужь Iэнэ теIуар хуагъэувыжырти, ягъэлъапIэрт, ягъэгушхуэрт.
Джэгу зэхэшэкIэ зытраIуа Iэнэр зыхуагъэувыжар хъыджэбзмэ, “Iэнэ телъхьэ” жаIэрти, фIыхьэхутыну дыщэ-дыжьынхэкI хьэпшып, фащэ-щэкI хуэдэхэр къыхурахьэлIэрт. ЩIалэ хъумэ: Iэщэ, щIакIуэ, шы хуэдэхэр иратырт.

👍4❤1
Ди нэхъыжъ гуэрэм ар жеIэ: «ди гъунэгъу хъыджэбзыр си щIакIуэ щIагъым щIэту джэгум сшэти, къэсшэжтэмэ. Уэрей, абы щыгъуэ диIа а ди зэхэтыкIэ дахэр щымыIауэ щытамэ нобэ адыгэри, мы адыгагъэ тIэкIури кьэмынэжат.»
Тэгъулан Екъуб
#Djrz_Гъуазэрытхэ
Тэгъулан Екъуб
#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍4❤1👏1
Щхьагъэ: кIафэ, пкIафэ
КIахэ: кIашъу
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ.
Уадыгэмэ, уи бзэри зыкъэ тIэ?!
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ
КIахэ: кIашъу
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ.
Уадыгэмэ, уи бзэри зыкъэ тIэ?!
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ
👍5❤1
Ноби адыгэбзэм и махуэщ
Адыгэм щимымахуэ къэхъуакъым. Адыгэбзэри - аращ. Фи фIэщ мыхъумэ ХъутIэхэ Iэлие адыгэбзэм хуэгъэхьауэ къиIуатэм феджэ. Тхыгъэр урысыбзэрэ инджылызыбзэкIэ гъэпсати, зэрыхъукIэ адыгэбзэм къидгъэзэгъащ.
Iэлие "Djarez" кIуурсхэм хэтщ, адыгэбзэ зэрегъэщIэж. Тхьэм къигъэхъулIэ, ди шыпхъу.
Адыгэбзэр - ар си лъапсэм сыхуэзышэж лъагъуэщ
НэщIрэ зеиншэу къэна адэжь щIыналъэм щыпсэха ди гъащIэмрэ пасэрей Iэужьымрэ бзэм зыщахъумащ. Ди тхыдэр, ди адэжьхэм я адэжхэр, ахэм я Iущагъыр, я фэ дэкIар, узу ящIэкIар, гушыIэ яхэлъар, я зэпIэзэрытагъыр, я хахуагъыр - псори бзэм хэухуэнащ. Пасэрейхэм депсэлъэжыфынкъым, ауэ ахэм я псалъэщ ди бзэм къызэпхыпсыр. А бзэр дауэ зыщыдгъэгъупщэрэт? Дэгъуу урысыбзэ, инджылызыбзэ, тыркубзэ, хьэрыпыбзэ дощIэ, ауэ адыгэбзэр тIэпоху. Ди бзэ дгъэкIуэду ди псэ хэтхыжыныр ди фIэщ?
Адыгэбзэр тщыгъупщэмэ дэрэ дяпэ итахэмрэ дызэпызыщIэ зы лъэмыж къызэтощахэ. Арамэ, ахэр тцIыхунри дэ зытцIыхужынри зэи тхузэфIэмыкIыжыну зыгуэрщ.
Черкесский язык - это мой мост к себе.
Та утраченная сущность, архаичное знание, оставшееся без хозяина на опустошенной земле предков, облекло себя в язык. Вся наша история, поколения наших отцов и праотцов, их опыт и мудрость, их страдания и боль, их юмор и смекалка, их благородство и воинственность заключили себя в язык. Мы не можем поговорить с нашими предками, но они оставили нам послания в нашем языке. Как мы можем забыть его? В совершенстве владеем русским, английским, турецким, арабским, но забываем родной. Разве мы можем взять ответственность за то, чтобы утратить наш язык, а с ним - душу нашего народа?
Забывая свой язык, мы сжигаем мосты между нами и нашими предками. И понять их и самих себя мы уже никогда не сможем.
The Circassian language is the bridge to myself.
That lost essence, the archaic knowledge left without a master in the devastated land of our ancestors, clothed itself in language. Our entire history, the generations of our fathers and forefathers, their experience and wisdom, their suffering and pain, their humor and ingenuity, their nobility and bravery have enclosed themselves in this language. We can't talk to our ancestors, but they left us messages in our language. How can we forget it? Speaking in varied tongues: Russian, English, Turkish or Arabic, yet forgetting our own. How can we take responsibility for losing our own language and with it the soul of our people?
By forgetting our language, we burn the bridges between us and our ancestors. Hence we will never be able to understand them and ourselves.

👍7❤3🔥1👏1