Djarez Club
884 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
«Нарт пшъашъэмкIэ Тэтэршъао къехъулIагъэр»

Пчыхьэ зыхъукIэ ябылымхэмэ цIыфхэр апэгъокIхэти, Iошъхьэ хъураем тесхэу къэбархэр къаIуатэщтыгъэх. ПакIокъо Тэтэршъауи ащ фэдэ купым ахэсыныр икIэсагъ.

Джащ фэдэу зэгорэм зэхэсыхэзэ, тыгъэ къохьапIэмкIэ къикIи шыу горэ Iуашъхьэм къыдэчъэягъ. Купым хэс Тэтэршъао къызешIэжьым, ичатэ шыум къырихи, Тэтэршъао ыпшъэ къышIуидзэгъахэу шыум чатэр зэкIихьажьыгъэ. Купым Iошъхьэ хъураем зыритэкъохыгъ, ау Тэтэршъао зыкIи хъыягъэп. Шыур ечъэхыжьыгъ.

— Сыда адэ мы лIым чатэр къызыптырещаем къызыкIыомыуагъэр? — аIуи, купыр Тэтэршъао къеупчIыгъ.

— Ар къышъосIон, — Тэтэршъао ыIуагъ. — Зэгорэм мэзым сыхэгъощыхьагъэу сыкIоу сыхэтзэ, мэзым сызыщыхэкIыным, къушъхьэ чапэм унэ Iутэу слъэгъугъэ. Гъоплъэ шышIоIу щагум дэтыгъ. Ар хъурэябзэу шы лъабжъэкIэ иутыгъагъ. Сишы шышIоIум еспхи, хьакIэщым сихьагъ, ау зи имысы зэхъум унэшхом сихьагъ.

Нэрэ напэрэ зыфашIыгъэмэ анахь дахэу пшъашъэ горэ исти, къэтэджи
— Къеблагъ, ПакIокъо Тэтэршъау! — ыIуи пшъашъэр тэджи, сигъэтIысыгъ.

Гъэлъэхъу псаур жъуагъэу Iанэм телъэу къыхьи, сигъэшхагъ. Санэр изэу бжъэ мытIырышIу къысити, сыригъэшъуагъ.

Чэфым къыхэкIэу пшъашъэм сэмэркъэу дэсшIыгъ. Ащ сыхэкIи сыжэхахьэу сыублагъэ. СызылъэIабэм къатхъуи сызэкIиубыти, пчъэблыпкъыр хысигъэтхъэу унэм сыридзыгъ. Ар сшIошъхьакIоу сеуи пшъашъэр зэпысыупкIыгъ.

Сыкъежьэжьи сыкъэкIожьзэ, кIэлэ шыу зэтегъэпсыхьагъэ горэ сапэкIэ къикIи къысэкIолIагъ.

«ПаккIокъор, о пшIагъэр сымышIэу къызшIомыгъэшI. Уимылъэгъугъагъэ нахь мышIэми, сшыпхъу шIу уилъэгъущтыгъ. «ПакIокъо Тэтэршъао дунаимкIэ сымыгъотыми, ахърэтымкIэ тхьэм насыпэу сфишIын» — А плъэгъугъэ шышIоIур машэ зышIыгъэхэр, нарт шъаохэу псэлъыхъоу къыпекIокIыщтыгъэхэр ары. Ощ нэмыкI зыми фэягъэп. Арэу къыфыщытыгъэр о уукIыгъэ. Сшыпхъу шIу узэрилъэгъущтыгъэм сыкъеубыты нахь, о осшIэн фаер сэшIэ», — пшъашъэм ышы къысиIуагъ.

Джары къызыкIысэмыуагъэр. Ау сызилъэгъукIэ ышыпхъу ыгу къэкIыжьы къызэкIэнэ. Апэрэ хэукъоныгьэу джары сшIагъэр.

Пшъашъэр зиукIыгъэм щегъэжьагъэу олIэжьыфэкIэ ПакIокъо Тэтэршъао шъыгъощтыгъэу alo.

#Djrz_IуэрыIуатэ
👍21
ЩыгъуэщI тхылъ

«Djarez»-м ди ныбжьэгъуфI Адэмей Ахьмэд и адэр дунейм зэрехыжар куэду ди жагъуэ хъуащ. Ахьмэд, ди къуэш, дяпэ ищам и хьэдрыхэр фIы Тхьэм ищI. УвыIэпIэ дахэ игъуэтауэ Тхьэм къыщIигъэкI. ХуэфщIэн, хуэвлэжьын фщIэуэ, вгъуэту Тхьэм фыкIэлъигъэпсэу.

«Djarez» гупым къыбгъэдэкIыу
5😢2👍1
«ПэрыIэмбэ»

ФIыуэ щIащ «дэ игъащIэм пэрыIэмбэм дыдэлъащ» жери ар жиIэгъат зы адыгэ лIыжь гуэрэм. Ар зыхужиIэр езбы ирихьэкIа гъащIэрат, хьэурэ лъэпкъым псоми щхьэкIэт - ар сщIэкъым, ауэ нобэ согупсысыжыри, лъэпкъкIэ куэд лъандэрэ пэрыIэмбэм дызэрыдэлъыр ар пэжщ.

ПэрыIэмбэм зэ удэхуэмэ, пэрыIэмбэр зыIыгъым зэрыфIэфIщ, мафIэм упэрилъхьэнщ, упэрихыжынщ, аткIэ уихьынщ, мыткIэ уихьынщ, удэкъузащ, уи щхьэ ухуитыжкъым.

«ПэрыIэмбэм дэлъым» къыщынэмыщIауэ «пэрыIэмбэ» дыщыхъуи куэдщ. ПэрыIэмбэр зыIыгъым зыхуей, зыхуэфIхэм дыригъэзэщIакIуэуэ.

Тэгъулан Екъуб

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍32
ЗытраIуа Iэнэ

АдыгагъэкIэ къекIуэкI зэхущытыкIэм къыпкъырыкIыу хабзэ хъуж IуэхущIафэщ дауэдапщэ Iэнэхэр. Абыхэм ящыщ зыщ зытраIуа Iэнэри.

Iэнэ дауэдапщэм къыдэкIуэу, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я кум дэлъ хабзэмрэ псэукIэмрэ теухуауэ ди нэхъыжьыфIхэм къытхуаIуэтэжа зы ущие щыгъуазэ фытщIынщ.

«Нэхъыжь здэщыIэм нэхъыщIи щыIэщ», - жиIащ адыгэм. Жылагъуэр зэдэхъурэ-зэдэщIу, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я зэхущытыкIэр зытегъэпсыхьауэ, щIалэгъуалэр гъэсарэ хабзэкIэ убзыхужауэ щыIэн, псэун папщIэ нэхъыжьым куэдыр елъытащ, япщэ къыдэхуэри нэхъыбэжщ.

ЖыIэпхъэщ, нэхъыжьым пщIэшхуэ къилэжьрэ къилэжьари хуащIэжу, я псэукIэрэ, я кIуэкIэ-щIэкIэкIэ щIэблэм, щIалэгъуалэм дежкIэ щапхъэ хъуурэ къызэрекIуэкIар.

Ар щхьэкIэ “сынэхъыжьщ” жыпIэу унафэ пщIыуэ ущыс къудейкIэ ирикъуркъым, икIи зэфIэкIыркъым, атIэ ищхьэмкIэ зэрыжытIащи, нэхъыжьыгъэм пщIэ щигъуэтыр цIыхугъэкIэ, адыгагъэкIэ, лIыгъэкIэ, лэжьыгъэрэ щIэныгъэкIэ упэрытрэ узэпэщмэщ.

Тхыгъэм къыкIэлъыкIуэнущ…

#Djrz_Iэнэ
🔥4👍21
Щхьагъэ: унащхьэ
КIахэ: унашъхьэ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ.
Уадыгэмэ, уи бзэри зыкъэ тIэ?!

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍31
«ПакIокъо Тэтэршъао ятIонэрэ хэукъоныгъэу ышIыгъэр»

Едж ⏩️

#Djrz_IуэрыIуатэ
4👍2🔥1
ЗытраIуа Iэнэ

Иджы IэнэмкIэ дгъэзэжынщ. ЗытраIуа Iэнэ жыхуаIэр нэхъыжьхэм я фIэрэфIагъэм къыхэкI гуапащIэ Iэнэщ. «ФIым фIы къешэ» жаIэрти, щIэблэр, щIалэгъуалэр лэжьыгъэм, Iуэху щIэкIэм псалъэ дахэкIэ хашэурэ ягъасэрт, Iэнэ теIуакIи ягъэгугъэрт. Апхуэдэхэурэ щIалэгъуалэм я IэщIагъэ, я щIэныгъэкIэ гухэхъуэу зыпэрыхьа IэнатIэр нэсу ягъэзэщIэф хъуа иужь Iэнэ теIуар хуагъэувыжырти, ягъэлъапIэрт, ягъэгушхуэрт.

Джэгу зэхэшэкIэ зытраIуа Iэнэр зыхуагъэувыжар хъыджэбзмэ, “Iэнэ телъхьэ” жаIэрти, фIыхьэхутыну дыщэ-дыжьынхэкI хьэпшып, фащэ-щэкI хуэдэхэр къыхурахьэлIэрт. ЩIалэ хъумэ: Iэщэ, щIакIуэ, шы хуэдэхэр иратырт.

#Djrz_Iэнэ
👍41
Ди нэхъыжъ гуэрэм ар жеIэ: «ди гъунэгъу хъыджэбзыр си щIакIуэ щIагъым щIэту джэгум сшэти, къэсшэжтэмэ. Уэрей, абы щыгъуэ диIа а ди зэхэтыкIэ дахэр щымыIауэ щытамэ нобэ адыгэри, мы адыгагъэ тIэкIури кьэмынэжат.»

Тэгъулан Екъуб

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍41👏1
Щхьагъэ: кIафэ, пкIафэ
КIахэ: кIашъу

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зыщ.

Уадыгэмэ, уи бзэри зыкъэ тIэ?!
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍51