Djarez Club
884 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
«Пакокъор нарт я Уачэ зэрэIукIагъэр» - https://vk.com/wall-91320497_5739

#Djrz_IуэрыIуатэ
👍43
Пшынэхъуэхъу Iэнэ

Пшыналъэм (пшынэуэным, уэрэджыIэкIэм, къафэкIэм) щIэблэр хуэущииным, хуэгъэсэным гулъытэ хуащIурэ къэгъуэгурыкIуащ ди пасэрейхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, псом хуэмыдэжу пщы-уэркъ унагъуэхэр апхуэдэ Iуэхугъуэм нэхъ елIалIэу зэрыщытар. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, гущэкъу уэрэдым щегъэжьауэ пшыналъэ щхъэращхъэхэм щIапIыкIа щIалэгъуалэр тхьэкIумафIэрэ IэпэIэсэу, IэплъэпкъкIэ зэкIужрэ гупсысэ-псэлъэкIэкIэ зэтегъэпсыхьауэ, жьабзэу (лат. rhetorica) къэхъурт, къэтэджырт. Апхуэдэ щIагъуэм хуэмыгъэса, хуэмыIэкIуэлъакIуэ щIалэгъуалэр «хабзэмыщIэщ» жаIэрти, ягъэемыкIурт.

Дэтхэнэ зы хьэпшып лъапIэми хуэдэу пшынэхэми лъэпкъ кIыпхъэ (дэмыгъэ) тедзат, цIыхубз пшынэр и теплъэкIэ нэхъ ест, дыжьын-дыщэпскIи гъэщIэрэщIат.

Иджы пшынэтеплъэхэм мащIэу фыщыдгъэгъуэзэнщ:

⁃ шыкIэпшынэ, пшынэкъэб, Iэпэпшынэ, пшынэдыкъуакъуэ;
⁃ жьэпшынэхэу: кIэфий, бжьэмий, фэндпшынэ, къамыл, гъуо;
⁃ тIарпIхэр: фэтIарпI, пхъэтIарп. н.къ.

#Djrz_Iэнэ
👍5🔥31
Forwarded from 🌐 𝐍𝐚𝐡𝐮𝐬𝐡 𝐓𝐢𝐦𝐮𝐫 𝐋𝐈𝐕𝐄 (𝐍𝐚𝐡𝐮𝐬𝐡 𝐓𝐢𝐦𝐮𝐫)
𝐏𝐒𝐀𝐏𝐀 🤲🏻

«Псапэ щlэи псым хэдзэ»- жиlащ пасэрей Адыгэм. Абы хуэдэу, зы ткlуэпсыр мащlэщ, ткlуэпсхэр щызэхэлъэдэжым деж псы уэр мэхъу.

Маржэ хъужынхэ, дызэхэвгъахьи дыздэвгъэlэпыкъу.
————————————————
🔥Адыгэ махуэгъэпс🔥

📌Уасэр-150
📌Щапlэхэр- @adigawune @nasvyazi.service

Уасэу зыхуэтхьсыр Щамым щlыхъейм хиубыдахэм псапэу йахуедгъэхьыжынущ.

Дэтхэнэ зыми псапэу Тхьэм къывитыж🔥
👍81
Пшынэхъуэхъу Iэнэ

АдэкIэ пшынэхъуэхъу IэнэмкIэ дгъэзэжынщ… Пшынауэхэр куэдми (дэтхэнэ зы IэщIагъэми хуэдэу) Iэзэ дыдэу къахэкIыр мащIэщ. АтIэ мис а нэхъ Iэзэ къахэкIахэм, нэхъ зыхуэфащэхэм гулъытэ лей хуащIырт, щыгуфIыкIхэрт, нэхъри трагъэгушхуэн щхьэкIэ пшынэхъуэхъу Iэнэ хуаухуэрт. Нэхъыжьхэр къырагъэблагъэрт, пшынауэри къызыхашэжырти, къыришыр уэрэдылъэмэ дежьухэрт, къэфалъэмэ къыдэфэхэрт, ехъуэхъухэрт, ягъэлъапIэт. КъызэрекIуэкIыр арти, пшынэхъуэхъум къырихьэлIахэм пшынэ уасэ зэхалъхьэрт, мыдэкIэ унагъуэми пшынащIэ (индж. luthier) Iэзэ къалъыхъуэрти, зыхуей пшынэр ирагъэщIырт.

#Djrz_Iэнэ
👍7🔥21
Щхьагъэ: чыцI
КIахэ: чэцI

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри – зыщ, адыгэбзэщ. Макъзешэхэм тIэкIу зызэрахъуэжыри наIуэщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍72
ФIыщIэ Iэнэ

ФыщIэ Iэнэхэр зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ мэхъу. Дэ дызытетхыхьынур IуэрыIуэтэжу, ерэ тхыгъэхэм къыхэтхыжауэ Iэнэ хабзэ теплъэгъуэщ. Нэхъыбэ зыщIэ ирихьэлIа щыIэмэ, фыкъатхэ, фыкъэпсалъэ. Ди гуапэщ.

ФIыщIэ Iэнэр и нэщэнэщ цIыхур гъэсэным, ущииным, емыкIу къемыгъэхьыным, хабзэ зехьэн, зегъэкIуэным. А щытыкIэр цIыхугъэмрэ адыгагъэмрэ щызыгъыIэ, зыпсыхь IуэхущIафэщ. Адыгэм цIыху гъэсэныр Iуэхушхуэ зыщащIыжырти, жьыри щIэри жэщ-махуэ ямыIэу гурэ псэкIэ абы хуэлажьэрт. Арагъэнщ ди ижьырейхэм «цIыху зыгъасэ цIыху уасэ щощIэ» щIыжаIагъари.

#Djrz_Iэнэ
2👍2
ГъэфIэж Iэнэ гъэувыкIэ хабзэм и щапхъэ:

«ЛIыжьымрэ щIалэ цIыкIумрэ»

Гъэмахуэ махуэ гуэрым щIалэ цIыкIур я пщIантIэ къыдэкIауэ зыгъэпскIакIуэ кIуэрэ пэт, тетIысхьэпIэм тес я гъунэгъу лIыжьыр къеджащ: “Мыдэ къакIуэт, ТIыкIуэ”, - жери. ЕмыдаIуэу и гъуэгу щыпищэм, аргуэру зэ къыкIэлъыджащ: “Къэбгъазэркъэ, зи унагъуэрэ”, - жери. АрщхьэкIэ щIалэ цIыкIум лъэбакъуэр щIигъэхуабжьэри здэкIуэнум кIуащ.

Арати тэлаифIи дэкIауэ, зигъэпскIауэ щIалэ цIыкIур къыщыкIуэжым, плъэмэ лIыжьыр иджыри щыст. ЗыпэщIэзгъэхуэнкъым жыхуиIэу адрей бжыхьыбгъумкIэ зырита щхьэкIэ, лIыжьыр къэтэджри: “УкъэувыIэркъэ, гъуамэ”, - жиIэу и башыр къыщыриутIыпщым, щIалэ цIыкIур и пIэ ижыхьащ. ЛIыжьым: “А башыр къащти къысхуэхьыжыт”, - щыжиIэм щIалэ цIыкIуми сыт ищIэжынт, башыр хуихьыжыри лIыжьым и пащхьэм иуващ. ЛIыжьыр къапхъуэщ, щIалэ цIыкIум и IитIыр зэтриубыдэщ, и жыпым кIапсэ гъэща цIыкIу кърихар и Iэм къыщидзэщ, псынщIэу зэридзэжри: “КIуэж иджы, узымыгъэсам и пIастэпсым хэгъутхьэж”, - жери иутIыпщыжащ.

Тхыгъэм къыкIэлъыкIуэнущ…

#Djrz_Iэнэ
👍31👏1
ФIыщIэ Iэнэ

…ЩIалэ цIыкIум и Iупэр кIэзызыу, и гъыни къэкIуауэ пщIантIэм щыдыхьэжым и анэм гу къылъитэри къеупщIащ: “А ПIытIэ, дэнэ ущыIа, сыти къыпщыщIа?” - жери. “ХьэтIутI сиубыдщ, си IитIыр ипхщ, узымыгъэсам деж кIуэж жери сыкъигъэкIуэжащ”- жиIащ щIалэ цIыкIум. “Асымыгъуэт, сыт пщIар?”, - жиIэу анэр къыщеупщIым щIалэ цIыкIум къэхъуамкIэ зиумысыжащ. Фызыр унэм щIыхьэжщ лэгъуп IэмпIэ зыфIэдзакIэ жэмыкуэ ищIщ, жэмыкуэр фалъэ куум ирилъхьэжщ, и щхьэфэр дахэу трилъэщIэжщ, шху фалъэ дыщIыгъуу Iэнэм тригъэувэщ, щэкI хужь трипхъуэжыри, къищтащ. “НакIуэ иджы ХьэтIутIхэ деж, хуит зедгъэщIыжынщ, дыкъидэмэ”, - жери и къуэм и Iэр зэрыпхауэ иужь къригъувэри ежьахэщ…

ПщIантIэм дыхьэу щыджэм, ХьэтIутIрэ нанэжьымрэ зэгъусэу къыщIэкIахэщ. Арати, анэр къэпсалъэу: “ХьэтIутI, емыкIу дыкъомыщI, мыр уи фIыщIэ Iэнэщ, фIыкIэ ушх, жьыщхьэ махуэ ухъу”, - жиIэу Iэнэр щигъэувым лIыжьыр къэIэбэщ, щIалэ цIыкIур зыбгъэдишэри, и Iэр къитIэтэжурэ бзэ дахэкIэ: “А тIасэ, жаIэм уемыдаIуэм, хабзэ зыхомылъхьэм, цIыху щытыкIэ зомыгъащIэм, узыхуитыр пфIэкIуэдынщи, уи гъащIэр щхьэхуимытрэ Iэпхлъэпхыу пхьынщ”, - къыжыриIэурэ и Iэ цIыкIур къитIэтэжщ, игъэтIысри здигъэшхащ.

#Djrz_Iэнэ
👍43🔥1