Лъапэмахуэ Iэнэ
Удынышхуэ, фэбжьышхуэ зытелъа сымаджэр хъужа иужькIэ хуаухуу, хуагъэуву щыта Iэнэщ. Мыпхуэдэ дауэдапщэм сымаджэм щIэпщакIуэ хуащIауэ щытамэ щIэпщакIуэм хэта псори ягъэфIэжыну къырагъэблагъэрт. Псом хуэмыдэжу Iэзэхэм, IэзакIуэхэм пщIэшхуэ хуащIырт Iэнэ ухуакIэ, хьэпшып, Iэщэ–фащэ, шыуанэ зэтелъ нэгъунэкIэ.
Iэзэпэ–IэзэкIэ хуэIухуэщIэм хуегъэзэкIауэ къыхэдгъэщымэ тфIэигъуэщ ди хэкужьым цIыхубз Iэзэ-IэзакIуэ цIэрыIуэхэри мымащIэу зэрисар. Ахэм я Iэзэгъуэр нэхъ зыхуэгъэзауэ щытари цIыхубзхэмрэ цIыкIухэмрэт. Зи сымаджэ хъужа унагъуэхэр цIыхубз IэзакIуэхэм сыткIи егуапэхэрт, п.п. дыщэ-дыжьынхэкI, фащэ, щэкI, нэгъуэщIхэмкIи.
Лъапэмахуэ Iэнэ дауэдапщэм ипэмкIэ къыщыжытIахэм къинэмыщIауэ, хьэблэ, къуажэ хъыджэбз щIалэхэр къырагъэблагъэрт, къырашалIэрти, джэгушхуэ ящIырт, хъуахъуэхэрт, зэрыгъэлъапIэхэрт. Лъапэмахуэ Iэнэр лъапэмахуэ къехьэжьэж хъуэхъукIэ яублэрт.
#Djrz_Iэнэ

❤2👍1
Пшынэхъуэхъу Iэнэ
Пшыналъэм (пшынэуэным, уэрэджыIэкIэм, къафэкIэм) щIэблэр хуэущииным, хуэгъэсэным гулъытэ хуащIурэ къэгъуэгурыкIуащ ди пасэрейхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, псом хуэмыдэжу пщы-уэркъ унагъуэхэр апхуэдэ Iуэхугъуэм нэхъ елIалIэу зэрыщытар. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, гущэкъу уэрэдым щегъэжьауэ пшыналъэ щхъэращхъэхэм щIапIыкIа щIалэгъуалэр тхьэкIумафIэрэ IэпэIэсэу, IэплъэпкъкIэ зэкIужрэ гупсысэ-псэлъэкIэкIэ зэтегъэпсыхьауэ, жьабзэу (лат. rhetorica) къэхъурт, къэтэджырт. Апхуэдэ щIагъуэм хуэмыгъэса, хуэмыIэкIуэлъакIуэ щIалэгъуалэр «хабзэмыщIэщ» жаIэрти, ягъэемыкIурт.
Дэтхэнэ зы хьэпшып лъапIэми хуэдэу пшынэхэми лъэпкъ кIыпхъэ (дэмыгъэ) тедзат, цIыхубз пшынэр и теплъэкIэ нэхъ ест, дыжьын-дыщэпскIи гъэщIэрэщIат.
Иджы пшынэтеплъэхэм мащIэу фыщыдгъэгъуэзэнщ:
⁃ шыкIэпшынэ, пшынэкъэб, Iэпэпшынэ, пшынэдыкъуакъуэ;
⁃ жьэпшынэхэу: кIэфий, бжьэмий, фэндпшынэ, къамыл, гъуо;
⁃ тIарпIхэр: фэтIарпI, пхъэтIарп. н.къ.

👍5🔥3❤1
Forwarded from 🌐 𝐍𝐚𝐡𝐮𝐬𝐡 𝐓𝐢𝐦𝐮𝐫 𝐋𝐈𝐕𝐄 (𝐍𝐚𝐡𝐮𝐬𝐡 𝐓𝐢𝐦𝐮𝐫)
𝐏𝐒𝐀𝐏𝐀 🤲🏻
«Псапэ щlэи псым хэдзэ»- жиlащ пасэрей Адыгэм. Абы хуэдэу, зы ткlуэпсыр мащlэщ, ткlуэпсхэр щызэхэлъэдэжым деж псы уэр мэхъу.
Маржэ хъужынхэ, дызэхэвгъахьи дыздэвгъэlэпыкъу.
————————————————
🔥Адыгэ махуэгъэпс🔥
📌Уасэр-150
📌Щапlэхэр- @adigawune @nasvyazi.service
Уасэу зыхуэтхьсыр Щамым щlыхъейм хиубыдахэм псапэу йахуедгъэхьыжынущ.
Дэтхэнэ зыми псапэу Тхьэм къывитыж🔥

👍8❤1
Пшынэхъуэхъу Iэнэ
АдэкIэ пшынэхъуэхъу IэнэмкIэ дгъэзэжынщ… Пшынауэхэр куэдми (дэтхэнэ зы IэщIагъэми хуэдэу) Iэзэ дыдэу къахэкIыр мащIэщ. АтIэ мис а нэхъ Iэзэ къахэкIахэм, нэхъ зыхуэфащэхэм гулъытэ лей хуащIырт, щыгуфIыкIхэрт, нэхъри трагъэгушхуэн щхьэкIэ пшынэхъуэхъу Iэнэ хуаухуэрт. Нэхъыжьхэр къырагъэблагъэрт, пшынауэри къызыхашэжырти, къыришыр уэрэдылъэмэ дежьухэрт, къэфалъэмэ къыдэфэхэрт, ехъуэхъухэрт, ягъэлъапIэт. КъызэрекIуэкIыр арти, пшынэхъуэхъум къырихьэлIахэм пшынэ уасэ зэхалъхьэрт, мыдэкIэ унагъуэми пшынащIэ (индж. luthier) Iэзэ къалъыхъуэрти, зыхуей пшынэр ирагъэщIырт.

👍7🔥2❤1
Щхьагъэ: чыцI
КIахэ: чэцI
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри – зыщ, адыгэбзэщ. Макъзешэхэм тIэкIу зызэрахъуэжыри наIуэщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ

👍7❤2