Djarez Club
886 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
«Признаться честно, проблема незнания родного языка тревожит ум мой с более-менее сознательного возраста.

Будучи усердной и прилежной, я добивалась в школьные годы многих высот в учебе и олимпиадах, пытаясь тем самым заглушить боль и рану душевную глубоко внутри.

О! как часто я ловила на себе недоуменные взгляды родственников, знакомых, приятелей. А школьные учителя по родному языку просто избегали меня на уроках, охотно занимаясь лишь с теми детьми, кто знал адыгский язык очень хорошо.

И вряд ли, любезный читатель, ты можешь понять изнывающее сердце черкешенки, не знающей черкесского языка, ведь наверняка ты впитал столпы адыгэбзэ в своём нежном возрасте.

Мне надоело быть белой вороной в черкесской общности!

Я всей душой желаю изучать язык моих предков, ведь он уже во мне, в моем мышлении, в моём сердце, в моей крови, в моей ДНК. Нужно лишь помочь ему облечь форму и вырваться на свободу, в чём я надеюсь на Вашу помощь!

Перефразируя знаменитое высказывание великого сиракузского землемера Архимеда, завершу свой порыв сим образом: "Помогите мне изучать адыгэбзэ, и я переверну Землю!"»

#Джэрэз
#Djarez
#СытАдыгэбзэЩIаджыр
8👍1👏1
«Адыгэр адыгэ зыщIыр»

СыщыцIыкIум икъукIэ сыкъуейщIей къыщIэкIынт, къуажэм си ныбжьэгъу гуэрэ сезауэри тIэкIуи сыукIа къыщIэкIынти, унэм зы жэщ зы махуэкIэ сыщIагъэхьэжатэкъым…

Си адэм сыIэрыхьэмэ, хьэдэ мыгъуэу сызэриукIынури сщIэт нытIэ.. Иджы мыбы тыркухэм цIыкIухэр зэзауэмэ, инхэр зыхолъэдэж, уеблэмэ щызэрыукIи мэхъу.

Зэгуэрэм, цIыкIухэр уэрамым щыджэгуу, "Джэгу пэтрэ нэ къыраху" жыхуаIэм хуэдэу, си шынэхъыжьыр зы щIалэ цIыкIум и нэм имищIэкIэрэ мывэкIэ еуэри и нэр къырихуат. Си адэм щIалэ цIыкIур къалэм ишэри къыригъэIэзат, ауэ и нэми тIэкIу дыркъуэ къытенат... Мыдей сэ жысIэнур нэгъуэщIщ. Я къуэм и нэр къырахуа пэтрэ щIалэм и анэ-адэм, «лIо щIэхъуар», «лIо щIэщIар» жаIэуэ я жьэр зыщIахыу зы псалъэ жаIакъым...

НытIэ, мыпхуэдэ зэхэтыкIэ зэкIэлъызехьэкIэхэрат лъэпкъыр лъэпкъ, адыгэр адыгэ зыщIыр...

Зытхыжар Тэгъулан Екъубщ

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍5👏3🔥21
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Астемыр "Djarez"-м и Адыгэбзэ кIуурсым хуэщIа сурэтхэм йолэжь
👍116🔥1
Щхьагъэ: кхъуэ
КIахэ: къо
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍63👏1
«Нарт Дэгуджэ икъэхъукI»

Нарт Дэгур аIоу зы лIы пхъашэ горэ Нарты исыгъ. ИлIыгъэкIи изекIон IофыкIи цIэрыIоу, шы Iыгъыным пылъэу, илъэгъумэ ашIэрэри адишIэу, иблэнагъэкIэ атемыкIомэ, акIэ зимышIэу щытыгъ. Ау лIым зы гукъао, кIалэу иIэр къымыгъотышъоу, иIагъ. Гъогу тетыми, унэм исыми, шакIом щыIэми, гъолъыжьыгъэми а гупшысэр ышъхьэ илъызэпытыгъ: «Сыд пае Нэфылъ-гуащэ тхьам шъао къыримытырэ-шъыу!» — ыIоу.

Зэгорэм, зекIо кIуагъэу, чэщыпэчъые лые чъыг горэм чIэлъэу щырихынэу хъугъэти, мо лIыр чъыешъо-мычъыяшъоу щылъызэ, ябыб макъи зэхихэу тхьаркъуIитIу а чъыгэу зычIэлъым къытетIысхьагъ. Ахэмэ амакъэ кIэдэIукIызэ, язырэ тхьаркъом мырэущтэу ыIуагъ:

— Нарт Дэгу ышIэрэп нахь, мы мыем пыт мыIэрысэ плъыжьыр ягуащэ, зэрэпсаоу ригъэшхымэ кIэлэ псау къыфэхъущт, — ыIуагъ…

Едж -> https://vk.com/wall-91320497_5660

#Djrz_IуэрыIуатэ
2👍2
Куэду гухэщI тщыхъуащ Тыркум щыщ ди ныбжьэгъу Курывэ Сэдат и анэр зэрыщымыIэжыр. И хьэдрыхэ махуэ Тхьэм ищI. Тхьэм фыкIэлъигъэпсэу, Сэдат. ХуэфщIэнрэ хуэвлэжьынрэ вгъуэту Тхьэм фыщигъыIэ.

«Djarez» гупым къыбгъэдэкIыу
2👍1
«Адыгэхэм я университетыр хьэщIэщращ»

Зытхыжар Тэгъулан Екъубщ

ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кIэуххэм, Хэку зауэшхуэ нэужьым, адыгэхэм псэупIэ яхуэхъуа Iузунейлэ щIыналъэ бзаджагъэкIэ бзаджэу, фIыгъэкIэ фIыуэ Мэрзей РэшидкIэ еджэуэ зы лIы Iущ-кIыщ гуэрэ исыгъащ. Мы къыжытIэну IуэрыIуатэр щекIуэкIа лъэхъэнэм, Iузунейлэр, иужькIэ Къайсэр къалэм хагъэхьэжами, Сивас къалэрат зыхэтыр.

А зэманым тепщэгъуэр зыIыгъ пащтыхьым Сивас къалэм теухуа зы унафэ къищIри, ар игъэзэщIэну къалэм и Iэтащхьэм и пщэ дилъхьащ. Унафэр гъэзэщIэныр Iузунейлэ къыщыщIадзэн щыхъум, Мэрзей Рэшид унафэр игъуэуэ имылъагъуу абы пэщIэуващ, зэримыдэ щIыкIэри, акъылым и гъунэгъуу икIыи гурыIуэгъуэуэ къалэм и Iэтащхьэм жриIащ. Куэд дэмыкIыуэ, пащтыхьым ищIа унафэр игъуэуэ зымылъагъу Мэрзей Рэшид и хъыбарыр тепщэм деж нагъэсащ. Рэшид а унафэр игъуэджэуэ щIилъэгъуа щIыкIэр пащтыхьым къыщыжраIэм…

Тхыгъэр и кIыхьагъкIэ ди «VK»-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5663

#Djrz_Гъуазэрытхэ
2🔥2👍1
Сыт адыгэбзэ щIаджыр?

АдыгэбзэфIохъу апщий!
Зы тIэкIукIэ узэщIэIэбэжмэ, адыгэбзэ кIуурс къыхыхьэн щыIэмэ, фыкъытхуэтхэ жытIэгъат. Адыгэбзэ зэзыгъэщIэну гукъыдэж зыщIахэм деупщIащ: «Сыт адыгэбзэ щIэвджынур?» - жытIэри. КъызэрытпэгъуэкIыжам дигу игъэузащ, икIи дигъэгушхуащ.

Феджэ, жылэ махуэ хъун!

#СытАдыгэбзэЩIаджыр
3👍3
«Iэдыиф-дахэрэ нарт Кортэхъурэ» - https://vk.com/wall-91320497_5695

#Djrz_IуэрыIуатэ
1👍1