Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
ЩIэпщакIуэ Iэнэм, Iэзэ/IэзакIуэ Iэнэм и псалъэгъэнахуэ

⁃ Гыныпс (antiseptic) – удз хъущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыцIынэу къыщIэпIытIыкIа, е къыщIэгъэвыкIа, лы цIынэр/уIэгъэр зырагъэузыпкъ удзыпс хъущхъуэгъуэ.
⁃ Гъэузыпкъын (disinfection) – 1) уIэгъэм, узыфэхэм хэлъ, хиуа фIейхэр, цIывцIутIхэр гъэкъэбзэн, лъэсын, гъэлынцIын, гъэвэпхъын;
2) хьэпшыпу, хьэкъущыкъуу н. къ., лъэса, къабзэ дыдэ хъун папщIэ псывэ игъэжыхьын, гъэплъын, гъэлынцIын, гъэвэпхъын, игъэвэпхъыкIын, гъэщтын, зыщIэгъэщтыхьэн.
⁃ ПхъэщIэпхэ - къупщхьэ къутар зэпагъэувэжрэ зэрагъэзэхуэжа иужь захуэу кIыжын папщIэ щIапхэ пхъэ пIащIэ джафэ - Splint
⁃ Шхэпс (gypsum) – джэдыкIэпсырэ гуэдз хьэжыгъэрэ зэхэгъэшыпсыхьауэ псылэ, къупщхьэ къутар щашхэкIэ зэрашхэ, къырашэкI уIэгъэпхыр (щэкIыр) зыхагъауэ, зыхагъэуцIынэ псылэ.
⁃ ПхъэIумбэ - дзэм хуэубыд пхъэ пIащIэ джафэ. ЦIыху къэмэххэм, къэмэхырейхэм, уIэгъэ куу, хьэлъэ зытелъхэм шэ щыхахыжкIэ (шабзэшэ, фочышэ), зэрытыпIэ ипкIа, къупщхьэ къута щызэрагъэувэжкIэ, Iэпых-лъэпыхым щыхуекIуэкIэ IэзакIуэхэм сымаджэм и жьэм Iуралъхьэу щыта Iэмэпсымэ. Нарт хъищэм къыщыкIуэ щапхъэ: “Лъэпщ щхьэ къутам гъуаплъэр дыщэIуниблкIэ тыридэн ипэ къайлъэIуащ и гъусэхэм зы уэрэд едзыгъуэ жиIэхукIэ лIыжьым и жьэм пхъэIумбэр Iурамылъхьэну.”
⁃ Дае/дыгызэ (nurse) – 1. нанур езым къимылъхуауэ зыпI, зыгъасэ цIыхубз. 2. Щауэр щэуапIэу зэкIуалIэ унагъуэм я унэ гуащэр. 3. Сымаджэм, лъэрымыхьым кIэлъыплъ, зезыхьэ хъыджэбз, е цIыхубз.
⁃ Джэгу хьатэ – щIэпщакIуэм щекIуэкI джэгукIэхэр къызэзыгъэпэщ, зыгъэнахуэ, кIэлъыплъыж.
⁃ Лыс (antiseptic) – шэху егъэфа хъыдан, уIэгъэ куум е емыкIуэн, кIыжын папщIэ иралъхьэу щытащ. ЛыцIынэр егъэузыпкъыджэри, хъужыгъуафIэ ещI.

#Djarez
#Джэрэз
#Djrz_Iэнэ
2👍1
«ЩIэныгъэ зэвгъэгъуэт, бзэр фымыгъэкIуэд» - https://vk.com/wall-91320497_5634

#Djrz_Гъуазэрытхэ
2👍2
«Нэсрэнэу къушъхьэм хэIулIагъэр Пэтэрэзы къызэрищэжьыгъэр»

ПакIо бэ шIагъэу нартмэ къафэгубжыгъэу щытыгъ.

Ар къызфэгубжыгъэр нарт лIы бэлахь горэу щытыгъ. ПакIо ащ текIон ылъэкIыщтыгъэп. Ащ игубжь нартмэ атикъутэжьынэу ыту къихьагъ. Нартымэ ялэжьыгъэхэр зэкIэ ашIуигъэкIодыгъэх, мэзмэ чъыгэу ахэтхэр зэужьэу чынэ лъакъом фэдэу ыушъхьашъугъэх. Нартхэр ащтэу зэришIырэм пае ПакIо фэгубжьыгъэхэу aloy зэхихыгъэ. Ипоурэм нахьыеу ПакIо нартмэ
къафэгубжьыгъ. Жьы оешхо къыригъапщи ямашIо ыгъэкIосагъ, мэшIуашъхьэ гори ашIуихьыгъ. Нартыхэр Нэсрэн еупчIыгъэх: «Джы сыд тшIэн фаер?»
Нэсрэн къыIуагъ: «Сэ машIор къэсхьыжьын!»

Ар Iошъхьэмаф зынэсым, ПакIо риIуагъ:

— MaшIop схьыжьын фае. ЦIыфымэ машIо яIэп, тхьамыкIагъо хэфагъэх.


Едж

#Djrz_IуэрыIуатэ
👍31
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Бдзэжьей пкъынэлынэ… фыпэплъэ😉
🔥101👍1👏1
Щхьагъэ: мэл
КIахэ: мэл

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри – зыщ, адыгэбзэщ. Зэрыхуэбгъэфащэ хъунумкIэ, пасэрей адыгэбзэм зэхуэдэу "мэл" фIэщыгъэр къикIыу хэтар "хъур" псалъэращ. ИужькIэ "мэл" хамэбзэм бжьыпэр иубыдащ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
2👍1