Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
ЩIэпщакIуэ Iэнэ, Iэзэ/IэзакIуэ Iэнэ

…Сымаджэр хъужыхукIэ зы жэщ къэмынэу щIалэгъуалэ зэхуэсам щIэпщакIуэ Iэнэ хуагъэувырти, зэIурагъэухэрт, ягъашхэрт. Апхуэдэ Iэнэр сымаджэр зей унагъуэм къыщынэмыщIауэ зэрылъэпкъыу, хьэблэри, ныбжьэгъухэри абы хэтыжу, гъуэрыгъуэурэ къызэрагъэпэщырт. Абы хуэщхьэхуэжу щIэпщакIуэм къырихьэлIэ хъыджэбзхэми пщыхьэщхьэ къэсыхукIэ зэрызыхэу шхын щIэщыгъуэ къызэдахьхэрт.

Иджы дгъэзэжынщ IэзакIуэхэм ядеж. Узыфэмрэ, фэбжьымрэ гъэхъужыным фIыуэ хащIыкIыу, хуэIэкIуэлъакIуэу, хуэщIауэ адыгэ Iэзэхэр зэрыщытар къыхощыжыр ди нарт хъищэм, IуэрыIуатэжьым, тхыдэм. Ди хэкум щыIа, щыхьэщIа европей щIэныгъэлIхэми абы гу лъамытэу къэнакъым, икIи адыгэ IэзэкIэм, гъэхъужыкIэм теухуауэ тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэри къагъэнащ…

Тхыгъэм къыкIэлъыкIуэнущ

*псалъэгъэнахуэр иужь дыдэу къэкIуэнущ

#Djrz_Iэнэ
👍32🔥1👏1
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
ГъукIэхэ Зэмудин ди хьэщIащ
10👍6👏5
Щхьагъэ: гуэгуш
КIахэ: тхьачэт

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэмрэ щхьагъэ къэIукIэмрэ зыкъым. Щхьагъэр хамэбзэм къыхэкIауэ щытщ, кIахэр езы адыгэбзэм и кIуэцI къыщыхъужауэ къыщIэкIынщ. Мэздэгу къэбэрдейхэми я къэпсэлъыкIэ яIэжщ - "кIуркIур".

Уадыгэмэ, уи бзэри зыщ - кIахэ ирехъу, щхьагъэ ирехъу.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍72🔥2
«Щапхъэ зытехыпхъэ адыгэ хъуэжэ-ефэнды»

Си анэш Абыдэ Хьэжахьмэд и адэм (Абыдэ Чэмал) и ныбжьэгъухэр (Бэвыкъуэ Фикри, Кушбокъуэ Тэхьсин) уэршэрхэу яходэIухь. Мис абыхэм зым (Бэвыкъуэ Фикри) къиIуэтэж хъыбарыр:

«Ди къуажэ зы ефэнды дэст. Дэ, щIалэхэр, къуажэм зы унэ бгына дыщызэхэтIысхьэти, щэращ хъуху дызэхэст. Щэращ уахътыр къэсмэ, бэрбэнауэу дыхыхьэт къуажэм цIыхухэр къэдгъэушыну. Арати, сымаджэ дыхъури жэщищ-плIыкIэ къэткIухьыфатэкъым. Хъуэжэр жэмыхьэтым къахэупщIыхьащ:

- Дэнэ щыIэ мы щIалэхэр, щхьэ къамыкIухьрэ? - жиIэри.

Жэмыхьэтым жэуап къатащ:

- ЩIалэхэр щызэхэс унэр къемызэгъыу сымаджэ хъуахэу жаIэ.

Абдежым хъуэжэм: «Ди япэкIэ ди хьэщIэщым щызэхырес» жиIэри, илъэсищ-плIыкIэ, Тхьэу зинэхьмэт си къуэш, я хьэщIэщым нэщI мазэ къэс, я хьэщIэ миндэрхэм дытесу, я хьэщIэ шхыIэнхэр зэрыщIэлъу дыщIэсам».

Хъуэжэ псоми апхуэдэ лIыгъэ къакъуэкIыу щытамэ, я цIэр таурыхъхэм нэгъуэщIу къыхэнэнтэкъэ?!

Зытхыжар: Къущхьэ Iердалщ

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍3
ЩIэпщакIуэ Iэнэ, Iэзэ/IэзакIуэ Iэнэ

…Адыгэ IэзакIуэ цIэрыIуэхэм сыт щыгъуи пшынауэ Iэзэ (уэрэдкIи фIыуэ) ягъусэу къыздырашэкIырт. IэзакIуэм и Iэр итхьэщIу сымаджэм еплъырэ узым ещIапхъэр игъэнэхуа нэужь хъуэхъукIэ иублэрт:

«Ди тхьэ, Тхьэшхуэ,
Анадолэ, Дыщэ къуэладжэ
ПсынщIэ теIуэ, фIы теIуатэ
Iэ ижьымкIэ дыгъэублэ, Iэ сэмэгумкIэ дыгъэух» – жиIэрти.

Зэрыхъуахъуэу, пшынауэм зыхуигъазэрти, сымаджэм и узыфэм, и фэбжьым елъытакIэ «уэрэд къеуэ» жиIэрти, уIэгъэмэ – «Лыс* илъхьэ» уэрэд, къупщхьэ къутамэ – «Къупщхьэ зауэ» уэрэд, шэ хэлъымэ – «Шэхэх уэрэд» къыригъауэрт. Хъуэхъур, пшыналъэр, уэрэдыфэ зэщIэлъыр щабэу щызэщIэувэкIэ щытхэр щым хъурт, сымаджэм и дежкIэ апхуэдизкIэ гупсэхути, псэм зыдищIт, Iурих хуэдэу хъурти, инэхэр зэтырипIэрт. ИтIанэт Iэзэр Iуэхум щыпэрыхьэр.

АтIэ апхуэдэ Iэзэ/IэзакIуэ гъэщIэгъуэнхэм Iэнэ хуагъэувынтэкъэ? IэзакIуэ Iэнэ жаIэрти, сымаджэр зеим лъэкI къамыгъанэу Iэзэри пшынауэри, мыдрейуэ и гъусэхэри ирагъафэрт, ягъашхэрт…

Тхыгъэм къыкIэлъыкIуэнущ

#Djrz_Iэнэ
👍42
Мы арджэныр/пIуаблэр зи IэдакъэщIэкIыр КъарэцIыкIухэ Тезадэщ (Iэрэмысэхэ япхъут), 1880 гъ. къалъхуащ. IэщIагъэм хуезыгъэсар и анэ Хужьэщ. Хужьэ Iэрэмысэхэ янысащ, Хужьокъуэхэ япхъут, 1867 гъ. къ. ПIуаблэр Тезадэ ипхъу Чынэт къыритыжри зэрихьащ. Чынэт Брохэ янысащ, КъарэцIыкIухэ япхъут, 1915 гъ. къ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, Чынэт ипхъу Нусэ арджэныр къыритыжауэ зэрехьэр. Нусэ Брохэ япхъущ, ХъэхъупащIэхэ исщ, 1941 гъ. къ., Нартан, Къесынхьэблэ дэсщ.

Нусэ, уи бын-унагъуэм я гуфIэгъуэ куэд плъагъуу узыншэу упсэуну «Джэрэз»-р дохъуахъуэр.
👍167
Щхьагъэ: жэм
КIахэ: чэмы

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри – зыщ, адыгэбзэщ. Диэлект теухуакIэ макъым тIэкIу зызэрахъуэжыри наIуэщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍5
ЩIэпщакIуэ Iэнэ, Iэзэ/IэзакIуэ Iэнэ

…Адыгэ IэзакIуэм, IэзэкIэм теухуа тхыгъэм пытщэкIэрэ “Djarez”-м и Iэнэ хабзэ тхыкIэм тIэкIу икIыу, щхьэпырыкIыу зы адыгэ щIэныгъэ фи пащхьэ къитлъхьэнщ…⬇️

https://vk.com/wall-91320497_5613

#Djrz_Iэнэ
👍51
«Нарт Хъымыщрэ Исп-гуащэрэ» - https://vk.com/wall-91320497_5616

#Djrz_IуэрыIуатэ
👍1
ЩIэпщакIуэ Iэнэ, Iэзэ/IэзакIуэ Iэнэ

…ЩІэупщІакІуэ-щІэпщакІуэхэми зэрызаІэтышхуа щыІэкъым. Иужьырей махуэм а Іэзэм ищІаращ нэхъ гъэщIэгъуэныжыр. Абы и пхъуантэ цІыкІум къыдихащ и Іэпхъуамбапщэм и гъумагъым хуэдизыну къамыл ку гъуанэ. Абы зыхуеинум хуэдиз къыпеупщI. Аргуэру и пхъуантэ цIыкІум цІыужу гъэкъэбзауэ шыкІэ ІэмыщIэ къыдех. Сымаджэм йохъуцацэри, зэгуэркІэ йоупщІ. Пэшым щІэтыр къыщIегъэкІри, сымаджэр егъэгъутхьэ. Абы и гъутхьэпсым шыкІэхэр зэ хегъэщIытыхьыжри, ахэр къамылым ирелъэф из хъуху. Мэл кІапэл мышу тІэкIy къырегъэхь, къамылым и пэм пеIури, шыкIэпшынауэм жыреIэ “Лыс илъхьэ” макъамэм къеуэну. Арати, мыгузавэурэ, макъамэм зыдигъэхъуурэ къамылыр уIэгъэм пхегъэкI, шыкІэхэм я кІапэр еубыдыри, къамылыр пхелъэфыпэ шыкІэхэр уIэгъэм къинэу…

Тхыгъэм къыкIэлъыкIуэнущ

*псалъэгъэнахуэр иужь дыдэу къэкIуэнущ

#Djrz_Iэнэ
👍21
«Нартанрэ и анэбзэмрэ» - https://vk.com/wall-91320497_5621

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍1
КIэщт Резуан щыIэжкъым. Куэду гухэщI тщыхъуащ. Игъуэнэмысщ, гуауэшхуэщ. ЩIалэми жылэ хьэдэщ.
Зызейхэм Тхьэм фщимыгъэгъупщэ.

«Djarez» гуп
😢91
ЩIэпщакIуэ Iэнэ, Iэзэ/IэзакIуэ Iэнэ

…Сымаджэм кІэлъыплъу, щІэпщакІуэм жэщкІэрэ хэту Іэзэр тхьэмахуэ зэхуаку хуэдэкІэ щыIэжащ. Сымаджэм къигъэзат. Ар махуэ къэс игъэгъутхьэмэ, псыутх цIыкIу ищIауэ абыкIэ гъутхьэпсыр шыкІэхэм зэпхырыжыху уІэгъэм кIуэцIрихуурэ махуихыр кIуащ. ИтIанэ щежьэжыну махуэм Іэзэм уIэгъэм зы шыкІэ налъэ къыхилъэфыжыри, сымаджэм сыт щыгъуи щхьэщыс даем жриIащ мыгузавэурэ, езым зэрищIам хуэдэу махуэ къэс зы шыкIэ къыхилъэфыну, гъутхьэпс щІэгъэжынри шыкІэхэр яухыху щамыгъэтыну. А щIыкIэм тету иужьырей шыкIэр къыщыхалъэфыжам къелынкIэ зыщымыгугъыжа уIэгъэр хъарзынэу хъужат.”

*псалъэгъэнахуэр иужь дыдэу къэкIуэнущ

#Djrz_Iэнэ
👍31