«Адыгэ хабзэр ауэ зэрахьэтэкъым»
Илъэс I5 хуэдиз ипэт. Ди къуажэ зыгуэр дунейм ехыжати, нэщхъеягъуэр зей унагъуэм дей цIыхухэр къекIуалIэт. Дэри зы гуп дыхъуу бжэIупэм дей дызфIэтт, жэназы нэмэзым дежьэу. Абы хэту пщIантIэм зыгу къыдыхьэри, ди къуажэм щыщу, ауэ къуажэм дэмысыжу зы лIыжь гуэрэ гум къикIащ.
ЛIыжьыр гум къикIыу унэмкIэ кIуэ пэтрэ, бжэIупэм Iутхэм щыщу нэхъ щIэлаIуэуэ зытIум лIыжьым дейкIэ яунэтIащ и Iэр яубыду Iуэхъус ирахыну. ЛIыжьым ар щилъагъум, нэкIэнащхьэ къахуищIри игъэувыIащ.
Нэщхъеягъуэ къакIуэр нэхъыжьми Iуэхъус епхыурэ къебгъэблагъэ зэрымыхъунур щIалэщIэхэм яригъэцIыхуа хъуат апхуэдэ щIыкIэкIэ.
Мыр сигу къокIыж иджы, гуIакIуэ къэкIуахэр IэплIэгурашэкIэ къыщырагъэблагъэкIэ.
Адыгэ хабзэр нытIэ ауэ зэрахьэтэкъым.
#Djrz_Гъуазэрытхэ

❤5👍2
Сыт адыгэбзэ щIаджыр?
АдыгэбзэфIохъу апщий!
Зы тIэкIукIэ узэщIэIэбэжмэ, адыгэбзэ кIуурс къыхыхьэн щыIэмэ, фыкъытхуэтхэ жытIэгъат. Адыгэбзэ зэзыгъэщӏэну гукъыдэж зыщIахэм деупщIащ: «Сыт адыгэбзэ щIэвджынур?» - жытIэри. КъызэрытпэгъуэкIыжам дигу игъэузащ, икIи дигъэгушхуащ. Феджэ, жылэ махуэ хъун! ⏩
#СытАдыгэбзэЩIаджэр

❤9👍1
ЩIэпщакIуэ Iэнэ, Iэзэ/IэзакIуэ Iэнэ
Адыгэ хабзэм, псэукIэм, гъащIэм нэхъри щыгъуазэ дыхъун папщIэ щIэпщакIуэм, Iэзэм/IэзакIуэм, щIэпщакIуэ Iэнэм, Iэзэ/IэзакIуэ Iэнэм мащIэу дытепсэлъыхьынщ. ЩIэпщакIуэ зыращIэкIыр сымаджэхэр арт, псом хуэмыдэжу уIэгъэ куу зытелъхэмрэ зи къупщхьэ къутахэмрэт.
УIэгъэр IэзакIуэхэм гыныпскIэ* (antiseptic) ягъэузэпкъырти*, (disinfection) япхэжырт. Мыдрейуэ къупщхьэрыIэзэхэм къупщхьэр зэфIэщIыкIамэ, къэчамэ, зэрыпкIамэ/зэрыуамэ зыпагъэувэжырт, зэрагъэувэжырт, пхъэщIэпхэ* щIапхэрти, шхэпскIэ/жыпскIэ* (gypsum) яшхэжырт. НэгъуэщIуи уIэгъэ куу, фэбжьышхуэ зытелъхэм, шэ щыхахыжкIэ (шабзэшэ, фочышэ), зэрытыпIэ ипкIа, къупщхьэ къута щызэрагъэувэжкIэ, Iэпых-лъэпыхым щыхуекIуэкIэ зэIэзэм и жьэм пхъэIумбэ* жьэдалъхьэрт узыр нэхъ хьыгъуафIэ щыхъун папщIэ…
Тхыгъэм къыкIэлъыкIуэнущ
*псалъэгъэнахуэр иужь дыдэу къэкIуэнущ
#Djrz_Iэнэ

👍6❤1
«Лъэпшъ ичэтэшIыгъэIе благъор зэрауIигъэр» - https://www.instagram.com/p/CnCmqpJt5IQ/?igshid=YmMyMTA2M2Y=
#Djrz_IуэрыIуатэ
#Djrz_IуэрыIуатэ
👍2
ЩIэпщакIуэ Iэнэ, Iэзэ/IэзакIуэ Iэнэ
…ЩIэпщакIуэ щызэхыхьэу щытар пщыхьэщхьэрщ. Сымаджэр ямыгъэжейуэ трагъэурт, жей куум хэту уIэгъэр, къупщхьэ къутар игъэхъейуэ е емыкIуэн папщIэ. Махуэрат сымаджэр хуиту щыжейр, абы щыгъуэми дае/дыгызэ*(nurse) хъыджэбзхэр кIэлъыплъ зэпытт.
Мыпхуэдэ дауэдапщэхэм хьэблэ, ныбжьэгъу, благъэ щIалэгъуалэхэр зэхуэсырти, гушыIэхэу, нэгузыужьу, уэрэд жаIэрэ къафэхэу зэхэтхэт. ДжэгукIэ зэмылIэужьыгъуэкIэ зэхьэзэхуэхэт, абыхэм ящыщщ: «Мастащэ», «Iэгуауэ», «Нэхьэху», «Шэт тIыс», «Джэдрэ адакъэрэ», «Псэлъыхъу», н.къ. Псори зыхуеим тету къызэгъэпэща хъун папщIэ бжьыпэр зыгуэрым иIыгъын хуейт, абы щхьэкIэ нэхъ гушыIэрейуэ, нэхъ жьэрыIэзэу зы щIалэ нэхъыжьыIуэ джэгу хьатэу* хахырт. Сымаджэм узыр къытехьэлъэ хъурэ, Iэуэлъауэ хуэмыхьыжымэ, джэгур зэпагъэурти, Iуэхур Iэзэм къыхуэнэрт…

👍4❤1