Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Лъэгъунлагъу Iэнэ

Ижь–ижьыж лъандэрэ адыгэ зэблагъэхэр, зэныбжьэгъухэр, зэлыджанэхэр зэкъуэту, зэрыIыгъыу, зэкIэлъыкIуэу, зэрымыгъэгъуащэу, пщIэ зыхуащIыу къызэдекIуэкIащ. Аращ къызыхэкIыжри “лъэгъунлъагъу хьэщIапIэ” жаIэрэ зэрыгъэхьэщIэу зэрыгъэлъапIэу зэрыщытар. Мис апхуэдэ гъэхьэщIэкIэм деж лъэгъунлъагъу Iэнэ яухуэрт, яузэдырти, куэду зэхуэгуапэу, зэрыгъэгушхуэу зэбгъэдэсхэт. АтIэ, а зэхэтыкIэр щIэблэмрэ щIалэгъуалэмрэ я дежкIэ зэхэтык1э дахэм и щапхъэфI хъурт.

Сыту фIы узэрыIыгъыу, узэрымыгъэгъуащэу, узэрылъытэу, узэхуэгушхуэу ущыIэныр! Ди щIэблэмрэ ди щIалэгъуалэмрэ Тхьэм иригъэфIакIуэ!

#Djrz_Iэнэ
👍32
«Нарт Орзэмэдж укI-хасэм къызэрэращыжьыгъэр» - https://vk.com/wall-91320497_5541

#Djrz_IуэрыIуатэ
👍2
«Адыгэ хабзэр ауэ зэрахьэтэкъым»

Илъэс I5 хуэдиз ипэт. Ди къуажэ зыгуэр дунейм ехыжати, нэщхъеягъуэр зей унагъуэм дей цIыхухэр къекIуалIэт. Дэри зы гуп дыхъуу бжэIупэм дей дызфIэтт, жэназы нэмэзым дежьэу. Абы хэту пщIантIэм зыгу къыдыхьэри, ди къуажэм щыщу, ауэ къуажэм дэмысыжу зы лIыжь гуэрэ гум къикIащ.

ЛIыжьыр гум къикIыу унэмкIэ кIуэ пэтрэ, бжэIупэм Iутхэм щыщу нэхъ щIэлаIуэуэ зытIум лIыжьым дейкIэ яунэтIащ и Iэр яубыду Iуэхъус ирахыну. ЛIыжьым ар щилъагъум, нэкIэнащхьэ къахуищIри игъэувыIащ.

Нэщхъеягъуэ къакIуэр нэхъыжьми Iуэхъус епхыурэ къебгъэблагъэ зэрымыхъунур щIалэщIэхэм яригъэцIыхуа хъуат апхуэдэ щIыкIэкIэ.

Мыр сигу къокIыж иджы, гуIакIуэ къэкIуахэр IэплIэгурашэкIэ къыщырагъэблагъэкIэ.

Адыгэ хабзэр нытIэ ауэ зэрахьэтэкъым.

#Djrz_Гъуазэрытхэ
5👍2
Сыт адыгэбзэ щIаджыр?

АдыгэбзэфIохъу апщий!

Зы тIэкIукIэ узэщIэIэбэжмэ, адыгэбзэ кIуурс къыхыхьэн щыIэмэ, фыкъытхуэтхэ жытIэгъат. Адыгэбзэ зэзыгъэщӏэну гукъыдэж зыщIахэм деупщIащ: «Сыт адыгэбзэ щIэвджынур?» - жытIэри. КъызэрытпэгъуэкIыжам дигу игъэузащ, икIи дигъэгушхуащ. Феджэ, жылэ махуэ хъун!

#СытАдыгэбзэЩIаджэр
9👍1