Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
«Саусырыкъо икъэхъукI» (Тхыдэжъ) - https://vk.com/wall-91320497_5524

#Djrz_IуэрыIуатэ
👍42
ФIыхуэсыж/ къуэхъусыж Iэнэ

Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэ иIэу пIалъэ кIыхькIэ къэта цIыхур (п.п. щэн-щэхуным пэрыт кIуэрыщIэхэр, къущхьэхъупIэм мазэ зытхухкIэ зи лэжьыгъэр къыщезыхьэлIа Iэхъуэхэр, зекIуэлI-зауэлI шууфIхэр, н. къ. ) хабзэкIэ къызэрырагъэблэгъэж, къыхуаIэт Iэнэщ. КъэкIуэжхэм, къекIуэлIэжхэм я бжыгъэ, здэщыIа, щIыщыIа, ящIарэ ялэжьарэ елъытакIэ къегъэблагъэжыкIэри зэщхьэщыкIырт: унагъуэу, хьэблэу, къуажэу, жылагъуэу. ФIыхуэсыж Iэнэм имызакъуэу къэкIуэжахэр ягъэлъэпIэн, ягъэгушхуэн папщIэ мащIэтэкъым джэгу, уеблэмэ джэгушхуэ щыращIэкIри. ФIыхуэсыж Iэнэ, фIыхуэсыж джэгу жыхуаIэжри арщ.

КIэлъыжыIэпхъэщ мы хабзэр зыхуэгъэзауэ щытар нэхъыбэу зэрыцIыхухъур.

#Djrz_Iэнэ
👍4
Сыт адыгэбзэ щIаджыр?

АдыгэбзэфIохъу апщий!

Зы тIэкIукIэ узэщIэIэбэжмэ, адыгэбзэ кIуурс къыхыхьэн щыIэмэ, фыкъытхуэтхэ жытIэгъат. Адыгэбзэ зэзыгъэщӏэну гукъыдэж зыщIахэм деупщIащ: «Сыт адыгэбзэ щIэвджынур?» - жытIэри. КъызэрытпэгъуэкIыжам дигу игъэузащ, икIи дигъэгушхуащ. Феджэ, жылэ махуэ хъун!

#СытАдыгэбзэЩIаджэр
👍5
Лъэгъунлагъу Iэнэ

Ижь–ижьыж лъандэрэ адыгэ зэблагъэхэр, зэныбжьэгъухэр, зэлыджанэхэр зэкъуэту, зэрыIыгъыу, зэкIэлъыкIуэу, зэрымыгъэгъуащэу, пщIэ зыхуащIыу къызэдекIуэкIащ. Аращ къызыхэкIыжри “лъэгъунлъагъу хьэщIапIэ” жаIэрэ зэрыгъэхьэщIэу зэрыгъэлъапIэу зэрыщытар. Мис апхуэдэ гъэхьэщIэкIэм деж лъэгъунлъагъу Iэнэ яухуэрт, яузэдырти, куэду зэхуэгуапэу, зэрыгъэгушхуэу зэбгъэдэсхэт. АтIэ, а зэхэтыкIэр щIэблэмрэ щIалэгъуалэмрэ я дежкIэ зэхэтык1э дахэм и щапхъэфI хъурт.

Сыту фIы узэрыIыгъыу, узэрымыгъэгъуащэу, узэрылъытэу, узэхуэгушхуэу ущыIэныр! Ди щIэблэмрэ ди щIалэгъуалэмрэ Тхьэм иригъэфIакIуэ!

#Djrz_Iэнэ
👍32