Щхьагъэ: псыджэд, бабыщ
КIахэ: псычэт
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. МакъкIэ мащIэу зэтекIыу аращ. "Бабыщ"-ри къэбэрдейм къыхыхьауэ зы псалъэщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djarez
#Джэрэз
#Djrz_ЗыБзэ

🔥6❤1
Хъыджэбз хьэщIэ Iэнэ
…Хъуэрыбзэм и зыхэлъыкIэр гурыIуэгъуэ хъун щхьэкIэ зы щапхъи къэтхьынщ…
⏩ Сурэтхэм еплъ
#Djrz_Iэнэ

❤7👍1
ФIыхуэсыж/ къуэхъусыж Iэнэ
Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэ иIэу пIалъэ кIыхькIэ къэта цIыхур (п.п. щэн-щэхуным пэрыт кIуэрыщIэхэр, къущхьэхъупIэм мазэ зытхухкIэ зи лэжьыгъэр къыщезыхьэлIа Iэхъуэхэр, зекIуэлI-зауэлI шууфIхэр, н. къ. ) хабзэкIэ къызэрырагъэблэгъэж, къыхуаIэт Iэнэщ. КъэкIуэжхэм, къекIуэлIэжхэм я бжыгъэ, здэщыIа, щIыщыIа, ящIарэ ялэжьарэ елъытакIэ къегъэблагъэжыкIэри зэщхьэщыкIырт: унагъуэу, хьэблэу, къуажэу, жылагъуэу. ФIыхуэсыж Iэнэм имызакъуэу къэкIуэжахэр ягъэлъэпIэн, ягъэгушхуэн папщIэ мащIэтэкъым джэгу, уеблэмэ джэгушхуэ щыращIэкIри. ФIыхуэсыж Iэнэ, фIыхуэсыж джэгу жыхуаIэжри арщ.
КIэлъыжыIэпхъэщ мы хабзэр зыхуэгъэзауэ щытар нэхъыбэу зэрыцIыхухъур.

👍4
Сыт адыгэбзэ щIаджыр?
АдыгэбзэфIохъу апщий!
Зы тIэкIукIэ узэщIэIэбэжмэ, адыгэбзэ кIуурс къыхыхьэн щыIэмэ, фыкъытхуэтхэ жытIэгъат. Адыгэбзэ зэзыгъэщӏэну гукъыдэж зыщIахэм деупщIащ: «Сыт адыгэбзэ щIэвджынур?» - жытIэри. КъызэрытпэгъуэкIыжам дигу игъэузащ, икIи дигъэгушхуащ. Феджэ, жылэ махуэ хъун! ⏩
#СытАдыгэбзэЩIаджэр

👍5