Хъыджэбз хьэщIэ Iэнэ
…ИщхькIэ зи гугъу тщIа унищым (лэгъунищым) дэтхэнэ я зыхэзми гуакIуэрыхэхкIэ хъыджэбзыр щагъэхьэщIэрт, щагъашхэрт, уетыр щыращIэкIырт. Пщыхьэщхьэ къэсыху хъыджэбз хьэщIэ Iэнэ жаIэрти, Iэнэ хуаухуэрт, хьэблэми дэс пщащэ зы-тIущ къырагъэблагъэрт хьэщIэдэшхэу. ДауикI, абы ищIыIужкIэ хъыджэбз хьэщIэм джэгу хуамыщIыуи къанэртэкъым.
Апхуэдэм деж хьэблэм/къуажэм дэс щIалэгъуалэр зэхуэсырти, къафэхэрт, джэгухэрт, зэпылъхэрт, зэдэуэршэрхэт.
Зэпсэлъыхъухэу, гушыIэу, нэжэгужэу жэщыбг гъуэлъыжыгъуэ хъуху зэхэсхэрт, зыгуэркIи я уэршэр зэхэсыр гувэмэ, "IэфI-IуфI-шей Iэнэ" жаIэрти, шей, дэлэн, хьэлывэ, пхъэщхьэмыщхьэ тету къыхущIахьэрти, къекIуэлIахэр зэIурагъэурт.
Мыпхуэдэ щIалэгъуалэ зэхэсхэм, уэршэрхэм я гупсысэмрэ я бзэм и зэфIэкIымрэ здынэсымрэ зырагъэужьырт, гупсысэри къызэрыпIуэтэну усэрыпсалъэхэри ягъэпсырт, къызэщIэпкъуэжрэ жыпIэмэ, хъуэрыбзэкIэ зэхьэзэхуэхэрт, зэпеуэхэрт…
(КъыкIэлъыкIуэнущ)
#Djrz_Iэнэ

❤4
Щхьагъэ: къаз
КIахэ: къаз
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ

👍5❤3
Дыгъэгъазэщ
Созэрэщу ди дыщэ шу,
Нобэ Дыгъэгъазэщ,
ХъуэхъукIэ доублэ!
Гъэм и махуэр ди бжаблэу,
ЩIым и махуэр тхуэбагъуэу,
Ди хэку жылэжьхэр уардэ унэжьхэу,
Нэхъыжь диIэмэ пщӏэ хуэтщIу,
Ди щIалэхэр гъущӏыпсэу,
Уэрэд жызыIэр ди хъыджэбзу,
Хэкужь махуэрэ, унапIэ махуэрэ Тхьэм дищI.
ЗэрытщIэщи, дыгъэгъазэм и 21-22 жэщ-махуэм гъэ псом къриубыдэу махуэр щынэхъкIэщIщ, жэщыр щынэхъкIыхьщ. Аращ адыгэжьым абы гу лъитэу щIыжиIар: “Дыгъэм зегъэзэж”, е “дыгъэр ещIэжащ” жоуэ. Дыгъэр къеплъэкIыжауэ махуэр щыхэхъуэжкIэ ди пасэрейхэмм гухэхъуэ ящыхъурти, Нэхум ехъуэхъурт, еубзэрт.
ЕтIэнэгъэ пIалъэ фIыкIэ Тхьэм дынигъэс!
#Дыгъэгъазэ

❤8👍3
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Нобэ дыгъэм зигъазэурэ хъыринэкIэ щещIэж махуэм гъащIэр зэраухуэрэ лъэпкъым и Iэпэгъуу къыдекIуэкI шыкIэпшынэр мэбзэрабзэ.
Апхуэдэ дыдэуи ди адыгэ уэрэдыжь, пшыналъэ цIэрыIуэхэри шыкIэпшынэм и бзэ щабэм къыдэхъуащ, нобэм ихъумэжащ.
АтIэ, а шыкIэпшынэ бзэпс шэщIар мы дыгъэгъазэм зэрепсалъэм девгъэдаIуэт.

👍8❤2
Forwarded from ДЖЭГУ
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Нобэ дыгъэгъазэщ!
Нэхурэ хуабэрэ дыщымыщlэу, щlыгумрэ мазэмрэ здэуджыху, адыгэ лъэпкъыр ефlэкlуэну дохъуахъуэ!

🔥8👍3❤1