Djarez Club
888 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
311 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Щхьагъэ: адакъэ
КIахэ: атакъэ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Зы макъкIэ мащIэу зэтекIыу аращ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
4👏2
Махуэ бжанэ ипэ Адзыгъэм (Абхъазым) къикIауэ "Djarez"-м щыхьэщIащ Айба Руслъанрэ, Кацуба зэшитIу Сэидрэ Сэндрорэ.

ЩIалэхэр абы ипэ махуэм Налщыч щекIуэкIа джэгум къыщыуджахэти, щалъэгъуам дытеуэршэрыхьри, абы къыхэкIыу Адыгэ-Абазэм ди бзэм, къафэбзэ-пшынэбзэм ещIапхъэхэм, абы пыщIа хъуапсэхэмрэ гукъеуэхэмрэ зэхуэтIуэтащ.

#Djarez_ХьэщIэщым
👍64👏3
Хъыджэбз хьэщIэ Iэнэ

...Хъыджэбзыр щагъэхьэщIэмрэ и гъэхьэщIэкIэмрэ наIуэ хъун папщIэ къэгъэлъэгъуапхъэщ, адыгэ унэлъапсэ къэсыхукIэ псэуалъэ щхьэхуэу хьэщIэщ, пщащэ/хъыджэбз унэ, щIалэ лэгъунэ хуэдэхэр пащIыхьу, хащIыхьу, гуащIыхьу, дащIыхьу, зэрыщытар. ХьэщIэщым нэхъ щагъэхьэщIэр цIыхухъущ, ауэ къыщыхъу щыIэрт хъыджэбз хьэщIэхэри щIашэрэ щагъэхьэщIэу, щагъэлъапIэу. Пщащэ, хъыджэбз унэ зыхуаухуэу щытар зи дэкIуэгъуэ хъыджэбзхэрщ. А хъыджэбзым и унэм хэт хуейми къыригъаблэгъэфырт, щигъэхьэщIэфырт, уеблэмэ къыпылъыну хуей щIалэхэри къыхуепсыхырт, апхуэдэм деж хэгъэрей пщащэм хабзэкIэ и шыпхъу, е и гъунэгъу хъыджэбз игъусэт. ЩIалэ лэгъунэри зи къэшэгъуэ нэса щIалэм хуаухуэрт, щыжейри щыпсэури арт. КъишэхукIи и гъунэгъу, и ныбжьэгъу, и кIуэгъу-жэгъу щIалэхэм, пщащэхэм я зэхуэсыпIэ, я уэршэрыпIэ-тегъэупIэ унэт…

(КъыкIэлъыкIуэнущ)

#Djrz_Iэнэ
👍42
👍2
Хъыджэбз хьэщIэ Iэнэ

…ИщхькIэ зи гугъу тщIа унищым (лэгъунищым) дэтхэнэ я зыхэзми гуакIуэрыхэхкIэ хъыджэбзыр щагъэхьэщIэрт, щагъашхэрт, уетыр щыращIэкIырт. Пщыхьэщхьэ къэсыху хъыджэбз хьэщIэ Iэнэ жаIэрти, Iэнэ хуаухуэрт, хьэблэми дэс пщащэ зы-тIущ къырагъэблагъэрт хьэщIэдэшхэу. ДауикI, абы ищIыIужкIэ хъыджэбз хьэщIэм джэгу хуамыщIыуи къанэртэкъым.

Апхуэдэм деж хьэблэм/къуажэм дэс щIалэгъуалэр зэхуэсырти, къафэхэрт, джэгухэрт, зэпылъхэрт, зэдэуэршэрхэт.

Зэпсэлъыхъухэу, гушыIэу, нэжэгужэу жэщыбг гъуэлъыжыгъуэ хъуху зэхэсхэрт, зыгуэркIи я уэршэр зэхэсыр гувэмэ, "IэфI-IуфI-шей Iэнэ" жаIэрти, шей, дэлэн, хьэлывэ, пхъэщхьэмыщхьэ тету къыхущIахьэрти, къекIуэлIахэр зэIурагъэурт.

Мыпхуэдэ щIалэгъуалэ зэхэсхэм, уэршэрхэм я гупсысэмрэ я бзэм и зэфIэкIымрэ здынэсымрэ зырагъэужьырт, гупсысэри къызэрыпIуэтэну усэрыпсалъэхэри ягъэпсырт, къызэщIэпкъуэжрэ жыпIэмэ, хъуэрыбзэкIэ зэхьэзэхуэхэрт, зэпеуэхэрт…

(КъыкIэлъыкIуэнущ)

#Djrz_Iэнэ
4