Djarez Club
888 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
311 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Сыт адыгэбзэ щIаджыр?

АдыгэбзэфIохъу апщий!

Зы тIэкIукIэ узэщIэIэбэжмэ, адыгэбзэ кIуурс къыхыхьэн щыIэмэ, фыкъытхуэтхэ жытIэгъат. Адыгэбзэ зэзыгъэщӏэну гукъыдэж зыщIахэм деупщIащ: «Сыт адыгэбзэ щIэвджынур?» - жытIэри. КъызэрытпэгъуэкIыжам дигу игъэузащ, икIи дигъэгушхуащ. Феджэ, жылэ махуэ хъун!

#СытАдыгэбзэЩIаджэр
5👍2
«Дэгужьей и къуэ Джарым»

Зэныбжъэгъу зыбжанэ лIыхъужьыгъэ зэпаубыдауэ зэныкъуэкъухэт жи. Зэныкъуэкъухэти, зым ар жиIащ жи: "Уэрей уэ лIыхъужъыгъэ пхэлърэ пхэмылърэ сэ нахуэ къэсщIынмэ жери". Зы къуажэ гъунэгъу гуэрэ зы лIы ткIий, лIы бзаджэ дэст, жи, Дэгужьей и къуэ Джарым жари, Iэгъуэблагъуэм псори кьыфIэлIыкIыу зы адыгэ лIыжъ гуэрэт жи. Зы шы дэгъуэ иIэт жи "Дэгужьей и шыр жаIэуэ". "Уэрей уэ улIыхъужьыр пэжмэ" - жиIащ жи - "Дэгужьей и шыр къэпхурэ укъэкIуэжмэ". Апхуэду щыжиIэм къэтэджщ, къыщIэкIри, кIуащ жи а къуажэ гъунэгъум.

КIуэщ, Дэгужьей и унэм и гъунэгъу хъури, и щхьэгъубжьэм уэздыгъэ нэху кьыдидзт жи. БлэкI пэтрэ щхьэгъубжэ Iупхъуэри тэкIу дэмэдазэу щытти, дэплъэри, сабий быныр хъуейуэ зыхэст жи. Дэгужьейри гъуэлъыпIэм деж и лъакъуэр къедзыхауэ къепэзэзэхыу щыст жи. Яхэплъэщ яхэдэIухьри, цIыкIухэм я анэр а махуэм зэрылIар къыгурIуащ жи…

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ди ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5474

#Djrz_Гъуазэрытхэ
3👍1
Щхьагъэ: адакъэ
КIахэ: атакъэ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Зы макъкIэ мащIэу зэтекIыу аращ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
4👏2
Махуэ бжанэ ипэ Адзыгъэм (Абхъазым) къикIауэ "Djarez"-м щыхьэщIащ Айба Руслъанрэ, Кацуба зэшитIу Сэидрэ Сэндрорэ.

ЩIалэхэр абы ипэ махуэм Налщыч щекIуэкIа джэгум къыщыуджахэти, щалъэгъуам дытеуэршэрыхьри, абы къыхэкIыу Адыгэ-Абазэм ди бзэм, къафэбзэ-пшынэбзэм ещIапхъэхэм, абы пыщIа хъуапсэхэмрэ гукъеуэхэмрэ зэхуэтIуэтащ.

#Djarez_ХьэщIэщым
👍64👏3
Хъыджэбз хьэщIэ Iэнэ

...Хъыджэбзыр щагъэхьэщIэмрэ и гъэхьэщIэкIэмрэ наIуэ хъун папщIэ къэгъэлъэгъуапхъэщ, адыгэ унэлъапсэ къэсыхукIэ псэуалъэ щхьэхуэу хьэщIэщ, пщащэ/хъыджэбз унэ, щIалэ лэгъунэ хуэдэхэр пащIыхьу, хащIыхьу, гуащIыхьу, дащIыхьу, зэрыщытар. ХьэщIэщым нэхъ щагъэхьэщIэр цIыхухъущ, ауэ къыщыхъу щыIэрт хъыджэбз хьэщIэхэри щIашэрэ щагъэхьэщIэу, щагъэлъапIэу. Пщащэ, хъыджэбз унэ зыхуаухуэу щытар зи дэкIуэгъуэ хъыджэбзхэрщ. А хъыджэбзым и унэм хэт хуейми къыригъаблэгъэфырт, щигъэхьэщIэфырт, уеблэмэ къыпылъыну хуей щIалэхэри къыхуепсыхырт, апхуэдэм деж хэгъэрей пщащэм хабзэкIэ и шыпхъу, е и гъунэгъу хъыджэбз игъусэт. ЩIалэ лэгъунэри зи къэшэгъуэ нэса щIалэм хуаухуэрт, щыжейри щыпсэури арт. КъишэхукIи и гъунэгъу, и ныбжьэгъу, и кIуэгъу-жэгъу щIалэхэм, пщащэхэм я зэхуэсыпIэ, я уэршэрыпIэ-тегъэупIэ унэт…

(КъыкIэлъыкIуэнущ)

#Djrz_Iэнэ
👍42
👍2