Djarez Club
888 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
311 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
Сыт адыгэбзэ щIаджыр?

АдыгэбзэфIохъу апщий!

Зы тIэкIукIэ узэщIэIэбэжмэ, адыгэбзэ кIуурс къыхыхьэн щыIэмэ, фыкъытхуэтхэ жытIэгъат. Адыгэбзэ зэзыгъэщӏэну гукъыдэж зыщIахэм деупщIащ: «Сыт адыгэбзэ щIэвджынур?» - жытIэри. КъызэрытпэгъуэкIыжам дигу игъэузащ, икIи дигъэгушхуащ. Феджэ, жылэ махуэ хъун!

#СытАдыгэбзэЩIаджэр
5👍1🔥1
Хъыджэбз хьэщIэ Iэнэ

Адыгэм цIыхубзыр псэ Iыхьэ лъапIэу, гъащIэм и щIэрэщIапIэу къилъытэу, игъэлъапIэу, сыт щыгъуи пщIэ хуищIу, игъафIэрэ едэхащIэу къекIуэкIащ. ЦIыхубзым и гъэхьэщIэкIэми ар къыхощ: къэкIуамэ хьэщIэщымкIэ ямышэу унэшхуэмкIэ щIашэрт, Iэнэм пэрытIысхьэн хъуамэ, жьантIэр лъагъэсырт. Псом хуэмыдэжу хъыджэбз хьэщIэ унагъуэм къэкIуамэ, ягъафIэу, ягъэгушхуэу, пщIэ лей хуащIу щагъыIэрт...

(КъыкIэлъыкIуэнущ)

#Djrz_Iэнэ
6👍1
Щхьагъэ: джэд
КIахэ: чэты

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри – зыщ, адыгэбзэщ. Диэлект теухуакIэ макъым тIэкIу зызэрахъуэжыри наIуэщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
7👍1
Сыт адыгэбзэ щIаджыр?

АдыгэбзэфIохъу апщий!

Зы тIэкIукIэ узэщIэIэбэжмэ, адыгэбзэ кIуурс къыхыхьэн щыIэмэ, фыкъытхуэтхэ жытIэгъат. Адыгэбзэ зэзыгъэщӏэну гукъыдэж зыщIахэм деупщIащ: «Сыт адыгэбзэ щIэвджынур?» - жытIэри. КъызэрытпэгъуэкIыжам дигу игъэузащ, икIи дигъэгушхуащ. Феджэ, жылэ махуэ хъун!

#СытАдыгэбзэЩIаджэр
5👍2
«Дэгужьей и къуэ Джарым»

Зэныбжъэгъу зыбжанэ лIыхъужьыгъэ зэпаубыдауэ зэныкъуэкъухэт жи. Зэныкъуэкъухэти, зым ар жиIащ жи: "Уэрей уэ лIыхъужъыгъэ пхэлърэ пхэмылърэ сэ нахуэ къэсщIынмэ жери". Зы къуажэ гъунэгъу гуэрэ зы лIы ткIий, лIы бзаджэ дэст, жи, Дэгужьей и къуэ Джарым жари, Iэгъуэблагъуэм псори кьыфIэлIыкIыу зы адыгэ лIыжъ гуэрэт жи. Зы шы дэгъуэ иIэт жи "Дэгужьей и шыр жаIэуэ". "Уэрей уэ улIыхъужьыр пэжмэ" - жиIащ жи - "Дэгужьей и шыр къэпхурэ укъэкIуэжмэ". Апхуэду щыжиIэм къэтэджщ, къыщIэкIри, кIуащ жи а къуажэ гъунэгъум.

КIуэщ, Дэгужьей и унэм и гъунэгъу хъури, и щхьэгъубжьэм уэздыгъэ нэху кьыдидзт жи. БлэкI пэтрэ щхьэгъубжэ Iупхъуэри тэкIу дэмэдазэу щытти, дэплъэри, сабий быныр хъуейуэ зыхэст жи. Дэгужьейри гъуэлъыпIэм деж и лъакъуэр къедзыхауэ къепэзэзэхыу щыст жи. Яхэплъэщ яхэдэIухьри, цIыкIухэм я анэр а махуэм зэрылIар къыгурIуащ жи…

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ди ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5474

#Djrz_Гъуазэрытхэ
3👍1
Щхьагъэ: адакъэ
КIахэ: атакъэ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Зы макъкIэ мащIэу зэтекIыу аращ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
4👏2