Djarez Club
888 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
311 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
КIэлъыгъэхуабэ Iэнэ

Пасэрей адыгэхэм я хабзэт унагъуэкIэ, хьэблэкIэ, къуажэкIэ ирехъу, цIыхур гъуэгу жыжьэ техьэмэ, гупу Iуэхушхуэ гуэр къапэщылъу ежьэмэ, ерэ зауэ IэнатIэ пэрыхьэну дэкIхэмэ ехъуэхъурэ, гъуэгу махуэкIэ ирагъажьэу. Ирагъэжьа нэужьи, унэ гуащэм и унафэкIэ, унагъуэм тыхьу лъыпэ ирагъэкIырти, кIэлъыгъэхуабэ Iэнэ зэтегъэувакIэ ежьам хуэхъуахъуэхэрт. Апхуэдэ дыдэу хьэблэ унэ гуащэхэр зэхуэсырти Iэнэ ухуакIэ хъуахъуэхэрт. Арат къуажэ унэ гуащэхэми зэхуэсыурэ къырагъэкIуэкIыр.

КIэлъыжыIэпхъэщ, мыпхуэдэ дауэдапщэхэр къызэзыгъэпэщыу, езыгъэкIуэкIыу щытар зэрыцIыхубзыр.

#Djrz_Iэнэ
👍32
1👍1
«Нэщыпхъуэ»

Ди къуажэ, ХьэпэщIей, Iэнорэ Iэдорэ жаIэуэ зы нанэрэ зы дадэрэ дэсащ зэлI-зэфызу. Язакъуэт быни сыти ямыIэуэ, ауэ къуажэ цIыкIур я бынщ жыпIэми, ярейт. Ар даурэ зэрыхъур жыфIэнкIи хъунщ, Iэнор нанэрати, къуажэ фызхэм хэт лъхуэгъуэ къытелъадэми, "щIэхыуэ фыкIуи Iэно къевджэ" жаIэт. Зы цIыкIу ягъажэти, Iэно къырагъашэт. ЖытIэнуращи, къуажэ нысэм щхьэщытыр арат абы щыгъуэ. Жьы дыдэ хъухуи а Iуэхур къуажэм ящхьэщихащ Iэно. Ари щIызгъужынщ, сэ сыкъыщалъхуми аращ ди анэм къыщхьэщытар.

Нану цIынэхэм хэтыр ущызэкIэщIэплъу кIэнтIрафэм хуэдэ зыгуэрэм (amniyon) кIуэцIышыхьауэ къэхъу хабзэщ. Iэно ар щыхыфIыригъадзэтэкъым жаIэ, фыхуэныкъуэнкIэ хьунщ, жери. ХыфIамыдзэуэ нанум къыдэкIуа мы кIэнтIрафэ тIэкIур яхьт, ягъагъут, хьыданкIэ ядытэжти, цIыкIум и пщэм пщIэхалъхьэт, жи. Адыгэхэм абы щхьэкIэ нэщыпхъуэ жаIэт. Нэщыпхъуэр зыпщIэхэлъ цIыкIур игъащIэкIэ ихъумэт жи. Ар зы бэлыхь пэщIэхуэмэ, щIэпхъэджащIэ е и бий сыт зыгуэр къыхуэзэмэ, къыхуэзам и нэр къыщхьэрипхъуэт, ищIэн имыщIэжу Iэрпхъуэру къанэти, икIуэтыжт, жи.

НобэкIэ, нэщыпхъуэу сыт зыпщIыхэтлъхьэн хуейр нытIэ..? ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэра? Лъэпкъыщхьэ лъэпкъ кIулътIурэ лъытэныгъэра? Лъэпкъыбзэра? Лъэпкъ тхыдэм нэсу щыгъуэзэнра? Iекэномикэ лъэщыгъэра? Пэлитикэ Iущыгъэра? Хьаурэ зэпсори зэдэщIыгъун хуей?

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍32
АдакъэщIэ хущIэпIастэ Iэнэ

Адыгэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ гъавэ къырахьэлIэжрэ гуэнхэм иракIутэжа иужь хьэблэм дэс лIыжьхэм «фи хъуэхъурэ, фи псалъэрэ дыхуэныкъуэщ» жаIэрэ къырагъэблагъэу. Апхуэдэм деж гъавэ ди куэдщ, ди гуэн изщ фыхэплъи псапащIэу сыт хуэдиз гуэшыпхъэми и унафэр фщIы" - жаIэрти къеблэгъахэр хагъаплъэрт. Хэкурыс лIыжьыфIхэм ящIэнтэкъэ хьэблэдэс, къуажэгъу, хэкуэгъу ирехъу, хэт гъавэ имащIэми, хэт псэукIэкIэ дэхуэхами.

#Djrz_Iэнэ
4👍1
«Псэлъыхъоным ехьылIагъ»

Пшъашъэ горэм дэжь кIалэхэр ихьагъэх, иостыгъэ апчыр шIоеу алъэгъугъэти,

- Упшъэшъэ дэгъу, ау ппшъэ зэрэшIоир ары нахь, джа ппшъэ мышIоигъэмэ, тыкъыбдэгущаIэтыгъагъэ, - аIуи къыраIуагъ пшъашъэм. Ти, янэ дэжь ихьажьи,

- А нан, моу спшъэ къеплъ, «ппшъэ шIои» кIалэмэ къысаIуагъ зеIом,

- А си делэжъ, уиостыгъэ апчыр шIоити ары къызкIыуаIуагъэр, - къыриIуагъ.

КъэзыIотагъэр Тыгъужъ ФатIимэт Мыхьамодэ ыпхъу (1929), Пэнэжьыкъуай. Пленкэм тезытхагъэр Шъхьалэхъо Дарико, 29.06.2002 илъ. ТезытхыкIыгъэр Унэрэкъо Рай, 08.03.2011 илъ.

#Djrz_IуэрыIуатэ
👍42
Щхьагъэ: хьэ
КIахэ: хьэ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри зэщхьыркъабзэщ.
Уадыгэмэ, уи бзэри зыщ - кIахэ ирехъу, щхьагъэ ирехъу.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍73
«Адэхэмрэ я бынхэмрэ»

1982 гъэм медицинэ фэкIулътетыр къэзыуха нэужь си IэщIагъэм сыпэрыувэну Аксарай къалэм и зы къуажэшхуэ гуэрэм сыкIуауэ щытащ. Абы щыгъуэ Iузунейлэм дыкъыдэкIыу тIэкIу-тIэкIуу нэгъуэщI лъэпкъхэм дахыхьэуэ щIэддзат. Зэгуэрэм зы унэ зы Iуэху щхьэ гупу дыщызэхэсу зы лIы гуэрэ и бынитIри зэрыдэщIыгъу пэшым къыщIыхьэри занщIэуэ жьантIэмкIэ дэтIысхьат, и бынхэри зыбгъэдигъэтIысхьэри. Слъэгъуар зыхуэсхьын сымыщIэу абдежым нэхъри нэхъ къызгурIуат адыгэхэр дызыхэс лъэпкъым фIыуэ дакъызэрыщхьэщыкIыр.
Адыгэ хабзэмкIэ уи мылъкукIэ, уи бынрэ уи унагъуэкIэ узыщытхъужыныр емыкIущ. А лъэхъэнэ фIыдыдэуэ седжэу сыщыт пэтрэ абы щхьэкIэ си адэр егъащIэм къысщытхъуауэ е утыкум и бынхэм я зым зыгуэркIэ щытхъуу зыхэсхакъым. Абы и закъуэкъым, адыгэ адэхэр псорикI апхуэдэт, нытIэ.

Быныр аткIэ-мыткIэ деджэуэ, дылажьэуэ дыщыIэти, унэм дыкъэкIуэжу щыдгъэзэжкIэ, далэ къэс и нэпсым къызэпижыхьурэ дыкъригъэжьэжт…

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ди ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5451

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍32🔥1
АдакъэщIэ хущIэпIастэ Iэнэ

АтIэ ипэкIэ къэттхам ипкъ иткIэ къыпытщэмэ, "мопхуэдэ къуажэхэм мопхуэдэ унагъуэхэр дэсщи, ярикъун гъавэкIэ защIэвгъакъуэмэ, псапэ хъунт" жаIэурэ, лIыжьхэр хуаухуауэ щыт Iэнэм пэрытIысхьэхэрти, хъуахъуэу, зэхуэгуапэу зэдэшхэхэрт. Аращ адакъэщIэ хущIэпIастэ Iэнэ*, гъавэхэплъэ Iэнэ жыхуаIэжри.

* адакъэщIэ хущIэпIастэ Iэнэ - хущIэпIастэ - гъавэщIэм къыхэщIыкIа пIастэ, ерэ шхыныгъуэ жыхуиIэщ. АдакъэщIэ - зи шхыгъуэ нэса джэд, е адакъэ жыхуиIэщ.

#Djrz_Iэнэ
👍52
Щхьагъэ: джэду
КIахэ: чэтыу

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри – зыщ, адыгэбзэщ. Диэлект теухуакIэ макъым тIэкIу зызэрахъуэжыри наIуэщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
6👍2
«Бысымгуащэм зызэриухыижьыгъэр»

Зы унагъо горэм хьакIэ къыдэхьагъэти, бысымгуащэм чэт къыфиукIи псынкIэу къыфигъажъи хьакIэщым къаригъэхьыгъ.

ХьакIэм ышхыгъэр бысымгуащэм шIомакIэу лагъэм зеплъэм, нэгъу псаур илъэу ылъэгъугъ.

- ЕмыкIу сыхъуи! – ыIуагъ бысымгуащэм. Адэдэм хэкIыпIэ амал еусагъ.

ИкIэрыкIэу етIани чэт къыубыти зэIихи, нэгъур къырихыгъ. Лыр ыупкIати нэгъу упIагъэм дилъхьи зэгуидэжьи ыгъэжъагъ.

Плъыжьыбзэу гъэжъэгъэ нэгъур изакъоу лагъэм рилъхьи, икIэрыкIэу хьакIэм шхынхэр фаригъэхьыгъ.

- Сэ зэрэсымыIоу мыр щытынкIи хъун, - ыIуи нэгъум кIоцIылъым еплъыгъ. Еплъымэ – лы упкIэтэгъэ IэшIу кIоцIылъ!

#Djrz_IуэрыIуатэ
4👍1
Forwarded from ДЖЭГУ
ФIэхъус апщий, зи ДЖЭГУгъуэхэ!

30.11.2022 - дыДЖЭГУащ. ДыДЖЭГУнущ!

Удж щIэшыжыр ДЖЭГУзэхэшэм йоджэр.

Хабзэр цIыхугъэщ,
цIыхугъэр адыгагъэщи - тфIэмащIэн тфIэкуэдын тхуэмыхъуу, мыхъуар дгъэмащIэурэ хъуар дгъэбэгъуэну дохъуахъуэр.

Уи бзэр, уи къафэр, уи пшынэр уи хэку щыбгъэДЖЭГУну сыт иуасэ?

Уэри щIыри къыддежьууэ, жьыри щIэри дыздэДЖЭГУу дыпсэун ирехъуж!

Фыпсэу, фыДЖЭГУ!

#дыДЖЭГУнущ

#щIалэгъуалэ #джэгу #адыгэджэгу #адыгэабазэджэгу #пшынэ #къафэ #ежьуу #уэрэд #къэмыл #шыкIэпшынэ #хьэтиякIуэ #джэгуакIуэ #щхьагъэ #кIахэ #абвзэ #азгъэ #адзгъэ #апсуа
5👍2
Щыгъуэщӏ тхылъ

"Лажьэр жьы хъуркъым", "Хьэдагъэжь щыӏэкъым, емыкIужьщ" жи адыгэм. Ди ныбжьэгъу Бемырзэ Зураб и анэр дунейм ехыжауэ къыщӏэкӏащ. И хьэдрыхэ махуэ Тхьэм ищӏ. Тхьэм фыкӏэлъигъэпсэу, Зураб. Хуэфщӏэнрэ хуэвлэжьынрэ вгъуэту Тхьэм фыщигъыӏэ.

"Djarez" гупым къыбгъэдэкӏыу
7👍1