«ХЪУНЩIАКIУЭ»
Ещанэ Iыхьэ
Илъэс зытху нэужьым зы бжьыхьэ гуэрэ "гъавэ щащэ" жари зэхэсхати, Ярбуз сыкIуэну мурад сщIащ кIэртIофыр гъавэкIэ къэсхъуэжыну. Ярбуз сыкIуэну сежьэри, жэщым Дырджен Алийй и къуажэм сыщыIащ. Пщэдджыжьым абы сыкъыщыдэкIри, ищхьэкIэ зы къэхьэуэ цIыкIу тетт, и лъабжьэм шитI-витI хуэдэ зыгуэрхэр щIэхуэну зы хьэщIэщи къыбгъурыту. Сеуэщ сыкIуэри, сивхэр абы еспхащ, хьэпшыпхэри ищхьэм десхьеящ…
Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ди ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5389
#Djrz_Гъуазэрытхэ

❤2👍1
«Джыри скIуачIэ къыщыкIагъэп» («Хъуаджэм икъэбархэр»)
Куп зэхэсыр гущыIэкIэ зынэмысыжьрэ щыIэп. ЯкIэлэгъури агу къагъэкIыжьы. Хъуаджэм чэзыур къызынэсым, мырэущтэу къыIуагъ:
- Шъыпкъэ, сыныбжь хэкIотагъ, ау ар Iофэп, скIуачIэ зытетыгъэм тет, зи къыщыкIагъэп.
- Сыда ар зытепIухьэрэр? - къеупчIыгъэх щысхэр.
- ЗытесIухьэрэр шIосIопэн. Тиунэ натIэ щылъ мыжъошхор сызэкIалэми сфэIэтыщтыгъэп, джыри сфэIэтырэп.
#Djrz_IуэрыIуатэ

👍5❤3
Щхьагъэ: щIымахуэ
КIахэ: кIымаф
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. МакъкIэ мащIэу зэтекIыу аращ. Уи хабзэр зымэ, уи бзэри зыщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ

❤9👍1
ДыщжьантIэ Iэнэ
3. Къыхэгъэщыпхъэщ, адыгэм пхъум, е дэтхэнэ цIыхубзи ирехъу пщIэшхуэ хуищIу, игъэлъапIэу зэрыщытар. Абы и щапхъэфIщ дыщжьантIэ Iэнэ хабзэр. Пхъу дэкIуар дыщым сыт хуэдизрэ къэмыкIуэжами, пхъужьыр къэкIуэжащ жаIэрти, дырахьерт къырахьэхырт, хуамыщIэ щымыIэу, ягъэгушхуэрт ягъэлъапIэрт, икIи дыщ лIакъуэ унагъуэхэм чэзууэ къырашэкIыурэ, дыщжьантIэ Iэнэ хуаухуэрт. Ари уитIщ, зиунагъуэрэ!
#Djrz_Iэнэ

👍4❤3🔥1😢1
КIэлъыгъэхуабэ Iэнэ
Пасэрей адыгэхэм я хабзэт унагъуэкIэ, хьэблэкIэ, къуажэкIэ ирехъу, цIыхур гъуэгу жыжьэ техьэмэ, гупу Iуэхушхуэ гуэр къапэщылъу ежьэмэ, ерэ зауэ IэнатIэ пэрыхьэну дэкIхэмэ ехъуэхъурэ, гъуэгу махуэкIэ ирагъажьэу. Ирагъэжьа нэужьи, унэ гуащэм и унафэкIэ, унагъуэм тыхьу лъыпэ ирагъэкIырти, кIэлъыгъэхуабэ Iэнэ зэтегъэувакIэ ежьам хуэхъуахъуэхэрт. Апхуэдэ дыдэу хьэблэ унэ гуащэхэр зэхуэсырти Iэнэ ухуакIэ хъуахъуэхэрт. Арат къуажэ унэ гуащэхэми зэхуэсыурэ къырагъэкIуэкIыр.
КIэлъыжыIэпхъэщ, мыпхуэдэ дауэдапщэхэр къызэзыгъэпэщыу, езыгъэкIуэкIыу щытар зэрыцIыхубзыр.

👍3❤2
«Нэщыпхъуэ»
Ди къуажэ, ХьэпэщIей, Iэнорэ Iэдорэ жаIэуэ зы нанэрэ зы дадэрэ дэсащ зэлI-зэфызу. Язакъуэт быни сыти ямыIэуэ, ауэ къуажэ цIыкIур я бынщ жыпIэми, ярейт. Ар даурэ зэрыхъур жыфIэнкIи хъунщ, Iэнор нанэрати, къуажэ фызхэм хэт лъхуэгъуэ къытелъадэми, "щIэхыуэ фыкIуи Iэно къевджэ" жаIэт. Зы цIыкIу ягъажэти, Iэно къырагъашэт. ЖытIэнуращи, къуажэ нысэм щхьэщытыр арат абы щыгъуэ. Жьы дыдэ хъухуи а Iуэхур къуажэм ящхьэщихащ Iэно. Ари щIызгъужынщ, сэ сыкъыщалъхуми аращ ди анэм къыщхьэщытар.
Нану цIынэхэм хэтыр ущызэкIэщIэплъу кIэнтIрафэм хуэдэ зыгуэрэм (amniyon) кIуэцIышыхьауэ къэхъу хабзэщ. Iэно ар щыхыфIыригъадзэтэкъым жаIэ, фыхуэныкъуэнкIэ хьунщ, жери. ХыфIамыдзэуэ нанум къыдэкIуа мы кIэнтIрафэ тIэкIур яхьт, ягъагъут, хьыданкIэ ядытэжти, цIыкIум и пщэм пщIэхалъхьэт, жи. Адыгэхэм абы щхьэкIэ нэщыпхъуэ жаIэт. Нэщыпхъуэр зыпщIэхэлъ цIыкIур игъащIэкIэ ихъумэт жи. Ар зы бэлыхь пэщIэхуэмэ, щIэпхъэджащIэ е и бий сыт зыгуэр къыхуэзэмэ, къыхуэзам и нэр къыщхьэрипхъуэт, ищIэн имыщIэжу Iэрпхъуэру къанэти, икIуэтыжт, жи.
НобэкIэ, нэщыпхъуэу сыт зыпщIыхэтлъхьэн хуейр нытIэ..? ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэра? Лъэпкъыщхьэ лъэпкъ кIулътIурэ лъытэныгъэра? Лъэпкъыбзэра? Лъэпкъ тхыдэм нэсу щыгъуэзэнра? Iекэномикэ лъэщыгъэра? Пэлитикэ Iущыгъэра? Хьаурэ зэпсори зэдэщIыгъун хуей?

АдакъэщIэ хущIэпIастэ Iэнэ
Адыгэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ гъавэ къырахьэлIэжрэ гуэнхэм иракIутэжа иужь хьэблэм дэс лIыжьхэм «фи хъуэхъурэ, фи псалъэрэ дыхуэныкъуэщ» жаIэрэ къырагъэблагъэу. Апхуэдэм деж гъавэ ди куэдщ, ди гуэн изщ фыхэплъи псапащIэу сыт хуэдиз гуэшыпхъэми и унафэр фщIы" - жаIэрти къеблэгъахэр хагъаплъэрт. Хэкурыс лIыжьыфIхэм ящIэнтэкъэ хьэблэдэс, къуажэгъу, хэкуэгъу ирехъу, хэт гъавэ имащIэми, хэт псэукIэкIэ дэхуэхами.

❤4👍1