❤1👍1
ДыщжьантIэ Iэнэ
Ипэм щыгъуэ хабзэт зи хъыджэбз дэкIуа лъэпкъым, япхъур дыщасэу къашэжрэ зы мазэ хуэдэкIэ щагъыIэу. Апхуэдэм деж лъэпкъым/лIакъуэм щыщ дэтхэнэ зы унагъуэми чэзукIэ япхъур къырашэкIыурэ жьантIэм щагъэлъапIэрт, щагъафIэрт дыщжьантIэ Iэнэ къыхуаухуэрти. ДыщырыкI жаIэрти, хьэпшып лъапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуащIэрт, шыуэ, Iэщышхуэу, IэщцIыкIу бжыгъэ пыухыкIа гуэрхэри къыратырт.
(къыкIэлъыкIуэнущ)
#Djrz_Iэнэ

❤4👍2
Щхьагъэ: гъэмахуэ
КIахэ: гъэмаф
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. МакъкIэ мащIэу зэтекIыу аращ. Уи хабзэр зымэ, уи бзэри зыщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ

❤7👍2
ДыщжьантIэ Iэнэ
ЖыIэпхъэщ, апхуэдэу пхъум хузыхуахьэса мылъкур зэрыщыту – дыщырыкIыу зыдэкIуа зэрыс унагъуэм хуашэжу хуахужу зэрыщытар, ДыщырыкI мылъкур езы хъыджэбзым и гъащIэ псокIэ уней мылъку (private property) къызэрыхуэнэжыр, зыри къыхэIэбэнуи, еIусэнуи, ерэ унафэ трищIыхьынуи хуимыту. ЗыгуэркIэ къикIыж хъуми и дыщырыкI мылъкур къызэдищтэжыну къызэдишэжыну зэрыхуитар. Ар уизщ.

❤6👍1