Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
3👍1
«КъэлапчъэмкIэ къыдахь!..» («Хъуаджэм икъэбархэр»)

Хъуаджэм ищагуи ихати чэу аIулъыгъэп, арыти гъогушхо рашIыкIыгъ.

Чылэм зыхахьэкIи елъэгъу, нэмыкIхэм ящагухэр къэшIыхьагъэх, къэлапчъэхэри ахэлъых, цIыфхэри къэлапчъэхэмкIэ адахьэх, къадэкIыжьых.

- Хъунэп, гъогу тырашIыкIыгъап, къэлапчъэ горэ тищагу хэтлъхьан нахь, - ыIуи, Хъуаджэм къэлэпчъэ дэгъу ыгъэуцугъ, щагур чэукIэ къызэрэмышIыхьагъэу. Къэлапчъэр ыгъэуцуи, сэхыр ригъэчъэжьыгъ, хьали дидзэжьыгъ.

А Iоф заулэр зэшIуихи, унэм ихьажьыгъэу исзэ, зы шыу горэ ядэжь къыдэпсыхагъ. Хъуаджэр къикIи, шыум пыплъыхьи-къыпыплъыхьажьи, мырэу риIуагъ:

- Еблагъ осIощт шъхьае, ухьэкIэ тэрэзмэ сшIэрэп.

- Сыда ар зытепIухьэрэр?

- Адэ утэрэзмэ, сыд пае къэлапчъэмкIэ щагум укъыдэмыхьагъ?

- Къэлапчъэм сылъигъэхъунэу чэу слъэгъугъэпти, сыкъызэрэкIорэм тетэу сыкъыдэхьагъ, - ыIуагъ хьакIэм.

- Чэу зэрэIумылъыр зылъэгъугъэ нэшхуитIумэ мы къэлэпчъэшхор алъэгъу хъущтгъагъэба! - Хъуаджэр мэцIацIэ. - Сэ къин мыгъуае пыслъагъоу мы къэлапчъэр зыкIэсшIыгъэр сыд пшIошIыра? ЦIыфхэр къырыдэхьанхэу, рыдэкIыжьынхэу ары. КъэлапчъэмкIэ къыдэмыхьагъэр сищагу тэрэзэу къыдэхьагъэкIэ слъытэщтэп.

#Djrz_IуэрыIуатэ
5👍1
«ХЪУНЩIАКIУЭ»

Илъэсищэ ипэ, Адыгэхэр Хэкум къыщикIагъащIэхэм, Тыркум, Iузунейлэ жылагъуэ.

Iузунейлэм икIыуэ хамэ жылагъуэм щыкIуам щыгъуэ, Хъуэстхьэблэ щыщ Хъусен и щхьэ къырикIуахэр къегъэхъыбарыж.

Япэ Iыхьэ

Ди малъхъэм и унэкъуэщ щыIэт Бэрнауз. Бэрнауз дыкIуэри, дыкъыщыдэкIыжым Къыр Мэлуд и къуэшымрэ и щыкъумрэ ахэри Азей кIуэнути, гъусэ къытхуэхъуащ. Джоксун дыкъынэсри, "Дырджен Алий фигъэхьэщIэнщ" жари, дыкIуэри, абы дыхуеблэгъащ. ЛIы бзаджэт Дырджен Алий. Дырджен Алий хъунщIакIуэуэ лIиплI зэришэт, Къургъаным и дыгъапIэ лъэныкъуэм чэт щахуригъэщIарэ абы щIэсхэу. Дэ дымыщIэххэу гъуэмылэ зыхьхэмкIэ хъыбар яригъэщIауэ къыщIэкIащ, "пщэдей абыкIэ нокIуэ зыгуэрхэри, фхъунщIэну фымыбэлэрыгъ", жери.

ДаригъэхъунщIэн и мурадт. Сэлихь тхьэмыщкIэрат си гъусэри. Сэлихь ди адэшхуэм и анэшт, жэндармэуэ абы щыIауэ къэкIуэжу дыхуэзат…

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ди ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5325

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍43
Щхьагъэ: гъатхэ
КIахэ: гъатхэ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Уи хабзэр зымэ, уи бзэри зыщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍82
ПIэлъапэ Iэнэ

ХьэщIэ Iэнэ теплъэгъуэхэм ящыщщ. ХьэщIэм и гъуэлъыжыгъуэр къэблагъэу пIэр хуадза иужь, фоупс, дэ фо тхъу зэхэлъ, матэ кхъуей, кхъуей плъыжь хуэдэхэр тету, хущIахьэ Iэнэщ, жэщым игу къыпылъадэ хъумэ хэIэбэну. Iэнэр гъуэлъыпIэм и гъунэгъу ягъэувырт. Аращ ПIэлъапэ IэнэкIи зэджэжыр.

Хабзэ дахэщ, зедвгъахьэ?

#Djrz_Iэнэ
6👍1
ГуфIапщIэ/ гуэпащIэ Iэнэ

ЦIыхур зэжьа, ерэ емыжьэхэу къырагъащIа къыжыраIа гуфIэгъуэм пэкIуэж гуэпащIэщ. КъызэрекIуэкIыр арти гуфIэгъуэр зыхуаIуэтамрэ хуэзыIуэтамрэ елъытакIэ гуфIапщIэу хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ гуэрхэр иратырт п. п. цIыхубзымэ/хъыджэбзцIыкIумэ дыщэ дыжьын хэкI, щэкI, е цIугъэнэ гуэрхэр, цIыхухъумэ/щIалэцIыкIумэ, абыхэм нэхъ яхуегъэзэкIа хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэм деж гуапэзехьэр балигъмэ гуфIапщIэ Iэнэ, хуагъэувырти, хъуахъуэхэрт. Аращ гуэпащIэ, ерэ гуфIапщIэ Iэнэ жыхуаIыжыр.

#Djrz_Iэнэ
4👍2
«ХЪУНЩIАКIУЭ» ЕтIуанэ Iыхьэ - https://vk.com/wall-91320497_5354

#Djrz_Гъуазэрытхэ
1👍1
ДыщжьантIэ Iэнэ

Ипэм щыгъуэ хабзэт зи хъыджэбз дэкIуа лъэпкъым, япхъур дыщасэу къашэжрэ зы мазэ хуэдэкIэ щагъыIэу. Апхуэдэм деж лъэпкъым/лIакъуэм щыщ дэтхэнэ зы унагъуэми чэзукIэ япхъур къырашэкIыурэ жьантIэм щагъэлъапIэрт, щагъафIэрт дыщжьантIэ Iэнэ къыхуаухуэрти. ДыщырыкI жаIэрти, хьэпшып лъапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуащIэрт, шыуэ, Iэщышхуэу, IэщцIыкIу бжыгъэ пыухыкIа гуэрхэри къыратырт.

(къыкIэлъыкIуэнущ)

#Djrz_Iэнэ
4👍2