Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
«Хэтэжъыяпчъэр» («Хъуаджэм икъэбархэр»)

Гъэмэфэ мафэу Хъуаджэм янэ псыхъом гыкIакIо кIон фаети, чэтхэр хэтэжъыем дэхьанхэм щыщынэу Хъуаджэм къыфигъэпытагъ:

- Сэ гыкIакIо сэкIо, псибл уиIэмэ Iусхын, хэтэжъыяпчъэм уфэмысакъымэ. Оры засIорэр, зэхэоха? Хэтэжъыяпчъэм фэсакъ! - къытыригъэпытыхьэу пчъагъэрэ къыриIуагъ.

Хъуаджэм янэ псыхъом кIуагъэ гыкIэнэу. Хъуаджэр Iэгум къыдэнагъ. Хъуаджэр янэкIэ дэгъугъэ. ДэгыкIэ шIоигъу шъхьакIэ, унэшъо пытэ къыфашIыгъ. Арыти, егупшысагъ: «Сэзэщы щагум сыдэт, сыIофэп, сыдэлъэп, фэбэшху, тяни сыдэгыкIэн, сишIуагъэ екIын, мыхъуми сэри псым сыкъыхэхьан. Къэлэпчъэжъыеу къызыфэгумэкIырэри зыдэсхьын».

Къэлэпчъэжъыер къыхихи, ыкIыб рилъхьи, Хъуаджэр псыхъом кIуагъэ.

- Тян, псыми сыхэхьан, ори сыбдэгыкIэн сIуи, сэри сыкъэкIуагъ, - риIуагъ.

- Тхьэм тигъэунэхъуи, хэтэжъыяпчъэр сыдэу хъущт?

- УмыгумэкI, тян, хэтэжъыяпчъэу узытегуIыхьырэр мары къыздэсхьыгъ, зи ар зыдэхъун щыIэп, тапашъхьэ илъ, - ыIуагъ Хъуаджэм.

#Djrz_IуэрыIуатэ
2👍1🔥1
1
«ЗЭШХЭЗАКЪУЭ»

Адыгэм и унэ къыщIыхьэ зыгуэрэм "умэжалIэрэ, ушхэн?" жиIэуэ еупщI хабзэкъым. МыупщIэуэ занщIэу Iэнэ къыхурихьэжьэну абы иужь ихьэ мыхъумэ.

Си анэшыпхъу Iэсие нэкъуэлэн хъужауэ икъукIэ цIыхубз дахэт, икIи уэршэракIуэрэ гушыIэрейуэ, нэжэгужэуэрэ нэфIэгуфIэу апхуэдэу щытт. ШыгъупIастэкIэ абы аткIэ щымыIэжыуэ ехьэжьат, ущIыхьа нэужь зыгуэрэ уимыгъэшхауэ, Iэнэ къыпхузэтыримыгъэувэуэ игъащIэкIэ укъыщIигъэкIыжынтэкъым.

Пшхыр фIэмащIэти, Iэнэм укъыпэрыкIыжыну ухуежьамэ, "ар сыту щIэх, кхъыIэ, иджыри тIэкIу едзакъэ, Екъуб" - жиIэт.

Ди анэшыпхъум "уэри укъэтIыскъэ" - жесIэмэ, гушыIэурэ ар жиIэт: "ЦIыхубзыр тIэу-щэ шхэгъуэщи, цIыхухъур зэшхэзакъуэщ, жи, уэ уцIыхухъущ, шхэ, сэри сыкъэтIысынщ " - жери.

Анэ пэлъытэуэ диIа мы ди анэшыпхъу дыщэр и теплъэкIи, и щIыкIэкIи, и дэтхэнэ зыкIи адыгэ цIыхубзым и зы щапхъэт. "Адыгэ цIыхубз " жаIэмэ ар си нэгу къыщIохьэ сыт щыгъуи.

Пасэуэ дунейм ехыжьащ. ДыкъэзгъэщIа ди Тхьэм и нэфI къыщыхуэну, итIанэ жэнэтыр увыпIэ-тIысыпIэ хуэхъуну абыкIэ согугъэ.

Тэгъулан Екъуб

#Djrz_Гъуазэрытхэ
3👍1🔥1
3👍1
«КъэлапчъэмкIэ къыдахь!..» («Хъуаджэм икъэбархэр»)

Хъуаджэм ищагуи ихати чэу аIулъыгъэп, арыти гъогушхо рашIыкIыгъ.

Чылэм зыхахьэкIи елъэгъу, нэмыкIхэм ящагухэр къэшIыхьагъэх, къэлапчъэхэри ахэлъых, цIыфхэри къэлапчъэхэмкIэ адахьэх, къадэкIыжьых.

- Хъунэп, гъогу тырашIыкIыгъап, къэлапчъэ горэ тищагу хэтлъхьан нахь, - ыIуи, Хъуаджэм къэлэпчъэ дэгъу ыгъэуцугъ, щагур чэукIэ къызэрэмышIыхьагъэу. Къэлапчъэр ыгъэуцуи, сэхыр ригъэчъэжьыгъ, хьали дидзэжьыгъ.

А Iоф заулэр зэшIуихи, унэм ихьажьыгъэу исзэ, зы шыу горэ ядэжь къыдэпсыхагъ. Хъуаджэр къикIи, шыум пыплъыхьи-къыпыплъыхьажьи, мырэу риIуагъ:

- Еблагъ осIощт шъхьае, ухьэкIэ тэрэзмэ сшIэрэп.

- Сыда ар зытепIухьэрэр?

- Адэ утэрэзмэ, сыд пае къэлапчъэмкIэ щагум укъыдэмыхьагъ?

- Къэлапчъэм сылъигъэхъунэу чэу слъэгъугъэпти, сыкъызэрэкIорэм тетэу сыкъыдэхьагъ, - ыIуагъ хьакIэм.

- Чэу зэрэIумылъыр зылъэгъугъэ нэшхуитIумэ мы къэлэпчъэшхор алъэгъу хъущтгъагъэба! - Хъуаджэр мэцIацIэ. - Сэ къин мыгъуае пыслъагъоу мы къэлапчъэр зыкIэсшIыгъэр сыд пшIошIыра? ЦIыфхэр къырыдэхьанхэу, рыдэкIыжьынхэу ары. КъэлапчъэмкIэ къыдэмыхьагъэр сищагу тэрэзэу къыдэхьагъэкIэ слъытэщтэп.

#Djrz_IуэрыIуатэ
5👍1
«ХЪУНЩIАКIУЭ»

Илъэсищэ ипэ, Адыгэхэр Хэкум къыщикIагъащIэхэм, Тыркум, Iузунейлэ жылагъуэ.

Iузунейлэм икIыуэ хамэ жылагъуэм щыкIуам щыгъуэ, Хъуэстхьэблэ щыщ Хъусен и щхьэ къырикIуахэр къегъэхъыбарыж.

Япэ Iыхьэ

Ди малъхъэм и унэкъуэщ щыIэт Бэрнауз. Бэрнауз дыкIуэри, дыкъыщыдэкIыжым Къыр Мэлуд и къуэшымрэ и щыкъумрэ ахэри Азей кIуэнути, гъусэ къытхуэхъуащ. Джоксун дыкъынэсри, "Дырджен Алий фигъэхьэщIэнщ" жари, дыкIуэри, абы дыхуеблэгъащ. ЛIы бзаджэт Дырджен Алий. Дырджен Алий хъунщIакIуэуэ лIиплI зэришэт, Къургъаным и дыгъапIэ лъэныкъуэм чэт щахуригъэщIарэ абы щIэсхэу. Дэ дымыщIэххэу гъуэмылэ зыхьхэмкIэ хъыбар яригъэщIауэ къыщIэкIащ, "пщэдей абыкIэ нокIуэ зыгуэрхэри, фхъунщIэну фымыбэлэрыгъ", жери.

ДаригъэхъунщIэн и мурадт. Сэлихь тхьэмыщкIэрат си гъусэри. Сэлихь ди адэшхуэм и анэшт, жэндармэуэ абы щыIауэ къэкIуэжу дыхуэзат…

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ди ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5325

#Djrz_Гъуазэрытхэ
👍43
Щхьагъэ: гъатхэ
КIахэ: гъатхэ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Уи хабзэр зымэ, уи бзэри зыщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍82
ПIэлъапэ Iэнэ

ХьэщIэ Iэнэ теплъэгъуэхэм ящыщщ. ХьэщIэм и гъуэлъыжыгъуэр къэблагъэу пIэр хуадза иужь, фоупс, дэ фо тхъу зэхэлъ, матэ кхъуей, кхъуей плъыжь хуэдэхэр тету, хущIахьэ Iэнэщ, жэщым игу къыпылъадэ хъумэ хэIэбэну. Iэнэр гъуэлъыпIэм и гъунэгъу ягъэувырт. Аращ ПIэлъапэ IэнэкIи зэджэжыр.

Хабзэ дахэщ, зедвгъахьэ?

#Djrz_Iэнэ
6👍1
ГуфIапщIэ/ гуэпащIэ Iэнэ

ЦIыхур зэжьа, ерэ емыжьэхэу къырагъащIа къыжыраIа гуфIэгъуэм пэкIуэж гуэпащIэщ. КъызэрекIуэкIыр арти гуфIэгъуэр зыхуаIуэтамрэ хуэзыIуэтамрэ елъытакIэ гуфIапщIэу хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ гуэрхэр иратырт п. п. цIыхубзымэ/хъыджэбзцIыкIумэ дыщэ дыжьын хэкI, щэкI, е цIугъэнэ гуэрхэр, цIыхухъумэ/щIалэцIыкIумэ, абыхэм нэхъ яхуегъэзэкIа хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэм деж гуапэзехьэр балигъмэ гуфIапщIэ Iэнэ, хуагъэувырти, хъуахъуэхэрт. Аращ гуэпащIэ, ерэ гуфIапщIэ Iэнэ жыхуаIыжыр.

#Djrz_Iэнэ
4👍2