Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
АкIэупсыж Iэнэ

АкIэ жыхуаIэжыр ямыупсу щхьэкум къранэу щыта щхьэц Iэрамэ кIыхьщ. АкIэ гъэкIыныр лIыгъэм, хахуагъэм и нэщэнэу къалъытэрт адыгэхэм. АкIэ зезыхьэу щытахэр зэфIэкIышхуэ зиIэ, Iуэхушхуэ зэфIэзыгъэкI, зекIуэлI, зэуэлI лIыцIэрыIуэхэр арт. Нэхъри тебгъэчыныхьмэ: «Дзэшхуэм хэту бийм щебгъэрыкIуэкIэ – шуупэ хутэщ (франдж. avant-garde) , къыщикIуэтыжкIи – шуукIэ хутэщ (франдж. arriere-garde)» – жаIэрти ягъэлъапIэрт. Я закъуэу зауэм щыхэхутэкIи – дзэ гъэшынэ шу закъуэт, “бийм и гущIыIур я гъуэгут”.

А псоми къела лIыр и ныбжьыр хэкIуатэуэ и лъэкIри щыхэщIкIэ, зауэнымрэ зекIуэнымрэ хэмытыжу тIысыжын хуей хъурт. Абы щыгъуэми, псалъэкIэ замыIуатэу, «акIэупсыж дауэдапщэ сиIэщ» – жаIэрт, гъунэгъу, ныбжьэгъу, жэрэгъу хуэдэхэр къырагъэблагъэрти акIэупсыж Iэнэ яухуэрт.

Аращ акIэ зехьэнымрэ абы и упсыжыкIэмрэ хабзэу къыдекIуэкIар.

#Djrz_Iэнэ
🔥11👍2
Щхьагъэ: пщыхьэщхьэ
КIахэ: пчыхьашъхьэ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. МакъкIэ мащIэу зэтекIыу аращ. Уи хабзэр зымэ, уи бзэри зыщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
👍1
Шыгъажэ Iэнэ

Адыгэр шуужьрэ шууфIу, шы гъэхъуным, шы зехуэным хуэIэкIуэлъакIуэу къекIуэкIа лъэпкъыжьщ. Шыгъэжэн, шыгъэджэгун (шурыджэгу, шыгъэудж, шыгъафэ, шыбгъэрыуэ, шурылъэс), хуэдэ зэхьэзэхуэ теплъэгъуэхэр куэдрэ зэхашэрт. Апхуэдэм деж лIымрэ шымрэ я зэфIэкIыр щагъэнахуэрт, щызэпеуэхэрт, щызэныкъуэкъухэрт.

Шу-шурылъэс зэхьэзэхуэ-дауэдапщэм къахэжэныкIа, къатежа щIалэхэм шыгъажэ Iэнэ хуагъэувырти, фIыхьэхутыну (лэт. Pretium, франдж. pris) шы Iэпслъэпс, Iэщэ фащэ хуэдэхэмкIэ ягъэфIэжырт, хъыджэбз цIэрыIуэхэр къырагъэблагъэурэ джэгу щращIэкIыжи къэхъурт.

ЖыIэпхъэщ, шыгъажэр, шыгъажэ Iэнэр ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къадекIуэкIыу зэрыщытар нарт хъищэм куэдрэ къызэрыхэщыр.

#Djrz_Iэнэ
5
Щхьагъэ: жэщ
КIахэ: чэщ

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. МакъкIэ мащIэу зэтекIыу аращ. Уи хабзэр зымэ, уи бзэри зыщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
4👍3
Налщыч къалэ, "Iермитаж-Къэфкъаз" кIулътӏурэ центрым иджыблагъэ щагъэлъэгъуащ Мейкъуапэ щыщ дыщэкI цӏэрыIуэ Еутых Асие и дыщэ-дыжьын щхъэращхъэ телъыджэхэр.
👍64
Яхьэхуа Iэнэ – «хэмыту Iэнэ»

1. Мыпхуэдэ Iэнэхэр щхьэусыгъуэ куэдкIэ ягъэуву щытащ, абы щыщу Iэнэ лIэужьыгъуитIыр догъэнахуэ:

ЦIыхуитIым зы Iуэхугъуэ гуэр зэпаубыдырэ, зым жиIэр адрейм имыдэ щыхъукIэ баз зэпихьэрти, языхэзым «сэ жысIэр пцIымэ Iэнэ пхузогъэувыж, пэжу къыщIэкIымэ уэ богъув» – жиIэрти, Iуэхур икIэм нэс зэхагъэкIырт. Базыр зыфIахьэхуам яхьэхуа Iэнэр игъэувыжырт. Ар зыращ.

(къыкIэлъыкIуэнущ)

#Djrz_Iэнэ
👍21🔥1
«ШЫМ ШЭСМЭ ШУ ХЪУФУ, IЭЩЭ КЪИЩТЭМЭ IЭЩЭ ЗЭРИХЬЭФУ, ПСЭЛЪЭН ХЪУМЭ ПСАЛЪЭ ИГЪУЭТУ» - https://vk.com/wall-91320497_5292

#Djrz_Гъуазэрытхэ
4👍1