«ДУРЭХЭ Я БАЖЭ»
1967 гъэм и гъатхэм, уэсыр Iуичыу тIэкIуи къуэлэн хъуауэ, пщэдджыжьым дэкIа ди мэлыр къэгуват, пшапэр зэхэуа пэтрэ, къыдыхьэжатэкъым. Узуняйлэм бжьыхьэкIэм уэс къесынти, гъатхэ хухъу телъынт, мазиплI-тхукIэ темыкIыу. Iэщыр щIымахуэ псом мэкъурэ IусрэкIэ ягъашхэт, махуэм щIыбым мэкъу хутрадзэрэ, чэтым щIыхьэжа нэужь шхалъэм Iус худалъхьэу. Апхуэдэурэ щIымахуэр икIти мэл лъхуэгъуэм губгъэм щагъэхъуакIуэуэ къыщIадзэт.
Мэлыр иджырэ къэсыхукIэ къыдэмыхьэжмэ шынагъуэт – е мэлыхъуэм мэлыр игъэкIуэдат, е дыгъужь къыхыхьат, тIум язырат. Унагъуэр Iэрпхъуэр мэхъу, хъуар къуажэми ирагъащIэ, зиIэхэм я лекcусхэр зэщIагъанэри лъыхъуакIуэ докI…⬇️
Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5235
#Djrz_Гъуазэрытхэ

❤4👍2
«Хъуаджэ илъыхъуакI» («Хъуаджэ икъэбархэр»)
Мэфэ реным лъыхъоу Хъуаджэ ищагу дэтэу гъунэгъулIым елъэгъути, къэкIуагъ.
— Непэрэзымафэм олъыхъо, сыд пшIокIодыгъэр? — къеупчIыгъ гъунэгъур.
- Мэстэ закъоу сиIэр сIэпызи сшIокIодыгъ. Мэфэ реным сэлъыхъо шъхьаем, згъотыжьрэп,— ыIуагъ Хъуаджэ.
— Мы чIыпIэм щыпIэпызыгъа?
— Унэ кIоцIыр ары.
— Адэ, Хъоджэ мыгъу, унэ кIоцIым щыпIэпызыгъэр щагум ущылъыхъокIэ бгъотыжьына? — ыгъэшIэгъуагъ гъунэгъум.
- Щагу нэфынэм щысымыгъотыжьрэр. унэ мэзахэм сыдэущтэу къыщызгъотыжьын? — гъунэгъум дэхьащхыгъ Хъуаджэ.
#Djrz_IуэрыIуатэ

❤4👍1
«ГЪУЩIЫР ЩIАКIУЭ ХЪУН?..»
Дунейм фызыфI нэхъ мылъкушхуэ щыIэкъым, жи.
Хэкум ХъыджэбзыфIкIэ еджэу зы хъыджэбзрэ ЩIалэфIкIэ еджэу зы щIалэрэ исти, а щIалэфIыр хъыджэбзым пылът, жи.
Пылъти, ХъыджэбзыфIым ар жиIащ, жи:
– Иджы, сымыфIми – жылэм тхьэразэ къахухъу – фIыуэ сагъэIуащ, ауэ сэ уэ сыныбдэкIуэкIэ сэ си фIагъи уэ уи фIагъи абыкIэ зэхэгъэкIа мыхъун. Уэ мор жыхуэпIэм сэ сыдэкIуэнщ, сэ мор жыхуэсIэри уэ къашэ.
– Хъунщ, – жери.
Уэрам дорэш-плIэрэшхэм щыжейуэ, аткIэ-мыткIэ къыщикIухьу, делэIуделафэу зы щIалэжь хэгъуэгум исти:
– Мобы дэкIуэ уэ, – жиIащ, жи.
– Алыхь, сыдэкIуэнмэ, – жери абы дэкIуащ, жи, ХъыджэбзыфIыр. – Уэри мо хъыджэбзыр къашэ, – жери ари абы къригъэшащ, жи.
ХъыджэбзыфIыр а зыдэкIуа щIалэжьым моуэ къабзэлъабзэу хуэжьыщIащ, хуэтхьэщIащ, щыгъыныфIхэри хуидщ аби:
– КIуэи пщым и бжэIупэм Iуувэ, – жиIащ, жи…
Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5241

❤2👍1🔥1
ХьэщIэгъуакIуэ Iэнэ
2. Мы зы гъуэгукIэ щIэшакIуэм и шыфэлIыфIэмрэ и кIуэкIэ-щIэкIэмрэ убгъуауэ дытемытхыхьуэ нэхъ кIэщIу псалъэгъэнахуэ щапхъэм иту къэттхмэ тфIэигъуэщ:
ЩIэшакIуэр хэтым щыщ жыпIэмэ, ар уи псалъэ утришырэ и псалъэ утезышэфхэ, псалъэкIэ зыхуейр къыбжьэдэзышыфхэ, и псалъэр зыгъэувыфхэ, псалъэкIэ уигъэудыращхъуэрэ зыхуейр уэзыгъэщIэфхэ, псалъэкIэ Iуэху дэлърэ Iуэху дэнарэ дэзыгъэкIыфхэ, дэзыхыфхэ, щыхуейм губжь къыппкъыригъэшасэрэ зыхуейр бжьэдэзышыфхэ, щыхуейми бзэ IэфI зыкъищIрэ узэтезыгъэуIэфIэфхэ ящыщщ. Абы тхьэгъэпцIыгъэ мащIи зэрехьэ, хьэрхуэрэгъуи имыжагъуэ. БгъэлIыкIуэнумэ - зыхуэдэ щымыIэжщ. Гуп зэребгъэгъэкIуэнумэ - уэрсэрщ. Iуэху ебгъэгъэкIуэтэнумэ - Iэрсэрщ. УпщIэж епхьэлIэнумэ – упщIэжэгъущ.
#Djrz_Iэнэ

👍3❤2
Щхьагъэ: шэджагъуэ
КIахэ: щэджагъу
Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Уи хабзэр зымэ, уи бзэри зыщ.
УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!
#Djrz_ЗыБзэ

❤4
«Iуагъэ зэблихъужьрэп» («Хъуаджэ икъэбархэр»)
Къэбар къаIуатэу купышхо зэхэсэу, къэбаркIэ нэсхи, аныбжьхэр къязэрэгъэIуагъэх. Хъуаджи еупчIыгъэх:
Илъэс тхьапша уныбжьыр?
ТIокIитIу сыхъугъ, — ыIуагъ Хъуаджэ.
Илъэс заулэ тешIагъэу джыри ыныбжьыкIэ еупчIыгъэх.
Илъэс тIокIитIу сыныбжь, — ыIуагъ Хъуаджэ.
Ащ фэдэ мэхъуа?! — агъэшIэгъуагъ щысхэм. — Илъэс заулэкIэ узэкIэбэжьмэ, тIокIитIу уныбжьэу пloгъагъэ. Джыри а дэдэр olo.
Сэ сиIо заIо, — ыIуагъ Хъуаджэ, — сIуагъэр зэблэсхъужьэу сихабзэп.

❤2👍2