Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
«НЫСЭ ХЪУНУМРЭ НЫСЭ МЫХЪУНУМРЭ» - https://vk.com/wall-91320497_5217

#Djrz_Гъуазэрытхэ
2👍2
Къетыкъуэ тӏуащӏэ зауэр лIыгъэ тIуащIэт…

1779 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м нобэрей Лафыщхьэблэ (Псыхъурей) и Iэхэлъахэхэм деж Мазибл зауэр щиухауэ щытащ. Мэлыжьыхьуэ ирагъажьэу жэпуэгъуэ хъуху зэуа адыгэр щIэзэуар и щIыгущ, и напэщ, и лъэпкъщ. Зызыгъэпсэхуну тIыса къэбэрдей шуудзэм пщэдджыжьыпэу и шыбэр пахущ, урысым топкIэ къагъэувыхьри, гъэру зыкъэфт жари хуаIуэхуащ. АрщхьэкIэ затакъым! Топым къелар, мыжурэпэмрэ шылъабжьэмрэ ихьыжащ.

1779 гъэт, жэпуэгъуэм ипщӏт.
Нэхулъэр щызэкӏэщӏитхъым, ди къэкӏуэнри зэкӏэщӏэтхъа хъуат. Балъкъ псыхъуэ и ӏэплӏэм хьэдэ изт… Псыхъуэ гуащи щӏалэ щхьэмахуэхэр игъеижт…Шыщхьэмыгъазэхэр адыгэ и бынт, напэхужьт… уанэгу итIысхьэмэ, лIыгъэм хуэшэст, хэкуми хабзэми я гъуазэт, хабзэрэ зауэкIэ гъэпсат(псыхьат).
ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщ. Псэемыблэжу ди хэкур зыхъумахэм я хьэдырыхэ фIы ухъу, дэри, зэрыжылэу, Тхьэм тщимыгъэгъупщэ!
13👍2
«Ар нахьышIужьых!» («Хъуаджэ икъэбархэр») - https://vk.com/wall-91320497_5223

#Djrz_IуэрыIуатэ
4
2
ХьэщIэгъуакIуэ Iэнэ

1. ХьэщIэгъуакIуэныр ди хэкур хуитырэ и унафэ щищIыжым хабзэ зэрахьахэм щыщщ. УнагъуэфIым къыщалъхуа щIалэ цIыкIур (быф, быфыкъуэ) нэгъуэщI зы унагъуэфIым (быф адэ, быф анэ) щапIыну, щагъэсэну иратырт. Быфыкъуэр илъэс I4 – I6-хэм щынэсым хьэгъуэлIыгъуэшхуэкIэ и адэ-анэм и лъапсэм яшэжырт. Мазэ дэкIа, мазитI дэкIа щыжыпIэм, щIалэщIэм и шуукIэрэ IэкIуэлъакIуагъэрэ хэзыгъэхъуэн, зыщигъэсэнрэ зыщипсыхьыжын «шуужьщ, шууфIщ» зыхужаIэм хуэдэ лIы цIэрыIуэ къилъыхъуэрт - арат хабзэр. «Къэзгъуэта хъунщ» щыжиIэм, тегушхуэрти, апхуэдэ шу цIэрыIуэм хуепсыхырт, къыщIэкIуамкIи зыкъригъащIэрт… А щIалэр абдежым хьэщIэгъуакIуэ мэхъу, и дзыхь ирихьэлIащи. Ар уизщ.

Адрейуэ, зы лIы гуэрым унэидзыхьэ къищIыну, зекIуэ ежьэну, лIыгъэ зэрихьэну, шыбэ къихуну, илъ ищIэжыну игу илъмэ, «мор зекIуэлIщ, щIэшакIуэжьщ*, псалъэ къыкъуэнэнщ (лIы укIа пкъуэлъ нэгъунэ)» жыхуаIэ гуэрым гугъэкIэ хуепсыхырт. Ари хьэщIэгъуакIуэщ… Мыри уитIщ, зиунагъуэрэ.

Мис апхуэдэ кIуэкIэщIэкIэхэм хьэщIэгъуакIуэ Iэнэри щыщщ.

* ЩIэшакIуэ - щIэшакIуэжь псалъэгъэнахуэр къыкIэлъыкIуэнущ…

#Djrz_Iэнэ
4👍1
Щхьагъэ: пщэдджыжь
КIахэ: пчэдыжь

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри – зыщ, адыгэбзэщ. МакъкIэ мащIэу зэтекIыу аращ. Уи хабзэр зымэ, уи бзэри зыщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
2
«ДУРЭХЭ Я БАЖЭ»

1967 гъэм и гъатхэм, уэсыр Iуичыу тIэкIуи къуэлэн хъуауэ, пщэдджыжьым дэкIа ди мэлыр къэгуват, пшапэр зэхэуа пэтрэ, къыдыхьэжатэкъым. Узуняйлэм бжьыхьэкIэм уэс къесынти, гъатхэ хухъу телъынт, мазиплI-тхукIэ темыкIыу. Iэщыр щIымахуэ псом мэкъурэ IусрэкIэ ягъашхэт, махуэм щIыбым мэкъу хутрадзэрэ, чэтым щIыхьэжа нэужь шхалъэм Iус худалъхьэу. Апхуэдэурэ щIымахуэр икIти мэл лъхуэгъуэм губгъэм щагъэхъуакIуэуэ къыщIадзэт.

Мэлыр иджырэ къэсыхукIэ къыдэмыхьэжмэ шынагъуэт – е мэлыхъуэм мэлыр игъэкIуэдат, е дыгъужь къыхыхьат, тIум язырат. Унагъуэр Iэрпхъуэр мэхъу, хъуар къуажэми ирагъащIэ, зиIэхэм я лекcусхэр зэщIагъанэри лъыхъуакIуэ докI…⬇️

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_5235

#Djrz_Гъуазэрытхэ
4👍2
«Хъуаджэ илъыхъуакI» («Хъуаджэ икъэбархэр»)

Мэфэ реным лъыхъоу Хъуаджэ ищагу дэтэу гъунэгъулIым елъэгъути, къэкIуагъ.

— Непэрэзымафэм олъыхъо, сыд пшIокIодыгъэр? — къеупчIыгъ гъунэгъур.

- Мэстэ закъоу сиIэр сIэпызи сшIокIодыгъ. Мэфэ реным сэлъыхъо шъхьаем, згъотыжьрэп,— ыIуагъ Хъуаджэ.

— Мы чIыпIэм щыпIэпызыгъа?

— Унэ кIоцIыр ары.

— Адэ, Хъоджэ мыгъу, унэ кIоцIым щыпIэпызыгъэр щагум ущылъыхъокIэ бгъотыжьына? — ыгъэшIэгъуагъ гъунэгъум.

- Щагу нэфынэм щысымыгъотыжьрэр. унэ мэзахэм сыдэущтэу къыщызгъотыжьын? — гъунэгъум дэхьащхыгъ Хъуаджэ.

#Djrz_IуэрыIуатэ
4👍1