Djarez Club
887 subscribers
2.59K photos
225 videos
20 files
312 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
Download Telegram
«НЫСЭ ХЪУНУМРЭ НЫСЭ МЫХЪУНУМРЭ» - https://vk.com/wall-91320497_5217

#Djrz_Гъуазэрытхэ
2👍2
Къетыкъуэ тӏуащӏэ зауэр лIыгъэ тIуащIэт…

1779 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м нобэрей Лафыщхьэблэ (Псыхъурей) и Iэхэлъахэхэм деж Мазибл зауэр щиухауэ щытащ. Мэлыжьыхьуэ ирагъажьэу жэпуэгъуэ хъуху зэуа адыгэр щIэзэуар и щIыгущ, и напэщ, и лъэпкъщ. Зызыгъэпсэхуну тIыса къэбэрдей шуудзэм пщэдджыжьыпэу и шыбэр пахущ, урысым топкIэ къагъэувыхьри, гъэру зыкъэфт жари хуаIуэхуащ. АрщхьэкIэ затакъым! Топым къелар, мыжурэпэмрэ шылъабжьэмрэ ихьыжащ.

1779 гъэт, жэпуэгъуэм ипщӏт.
Нэхулъэр щызэкӏэщӏитхъым, ди къэкӏуэнри зэкӏэщӏэтхъа хъуат. Балъкъ псыхъуэ и ӏэплӏэм хьэдэ изт… Псыхъуэ гуащи щӏалэ щхьэмахуэхэр игъеижт…Шыщхьэмыгъазэхэр адыгэ и бынт, напэхужьт… уанэгу итIысхьэмэ, лIыгъэм хуэшэст, хэкуми хабзэми я гъуазэт, хабзэрэ зауэкIэ гъэпсат(псыхьат).
ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщ. Псэемыблэжу ди хэкур зыхъумахэм я хьэдырыхэ фIы ухъу, дэри, зэрыжылэу, Тхьэм тщимыгъэгъупщэ!
13👍2
«Ар нахьышIужьых!» («Хъуаджэ икъэбархэр») - https://vk.com/wall-91320497_5223

#Djrz_IуэрыIуатэ
4
2
ХьэщIэгъуакIуэ Iэнэ

1. ХьэщIэгъуакIуэныр ди хэкур хуитырэ и унафэ щищIыжым хабзэ зэрахьахэм щыщщ. УнагъуэфIым къыщалъхуа щIалэ цIыкIур (быф, быфыкъуэ) нэгъуэщI зы унагъуэфIым (быф адэ, быф анэ) щапIыну, щагъэсэну иратырт. Быфыкъуэр илъэс I4 – I6-хэм щынэсым хьэгъуэлIыгъуэшхуэкIэ и адэ-анэм и лъапсэм яшэжырт. Мазэ дэкIа, мазитI дэкIа щыжыпIэм, щIалэщIэм и шуукIэрэ IэкIуэлъакIуагъэрэ хэзыгъэхъуэн, зыщигъэсэнрэ зыщипсыхьыжын «шуужьщ, шууфIщ» зыхужаIэм хуэдэ лIы цIэрыIуэ къилъыхъуэрт - арат хабзэр. «Къэзгъуэта хъунщ» щыжиIэм, тегушхуэрти, апхуэдэ шу цIэрыIуэм хуепсыхырт, къыщIэкIуамкIи зыкъригъащIэрт… А щIалэр абдежым хьэщIэгъуакIуэ мэхъу, и дзыхь ирихьэлIащи. Ар уизщ.

Адрейуэ, зы лIы гуэрым унэидзыхьэ къищIыну, зекIуэ ежьэну, лIыгъэ зэрихьэну, шыбэ къихуну, илъ ищIэжыну игу илъмэ, «мор зекIуэлIщ, щIэшакIуэжьщ*, псалъэ къыкъуэнэнщ (лIы укIа пкъуэлъ нэгъунэ)» жыхуаIэ гуэрым гугъэкIэ хуепсыхырт. Ари хьэщIэгъуакIуэщ… Мыри уитIщ, зиунагъуэрэ.

Мис апхуэдэ кIуэкIэщIэкIэхэм хьэщIэгъуакIуэ Iэнэри щыщщ.

* ЩIэшакIуэ - щIэшакIуэжь псалъэгъэнахуэр къыкIэлъыкIуэнущ…

#Djrz_Iэнэ
4👍1
Щхьагъэ: пщэдджыжь
КIахэ: пчэдыжь

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэри – зыщ, адыгэбзэщ. МакъкIэ мащIэу зэтекIыу аращ. Уи хабзэр зымэ, уи бзэри зыщ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
2